СВО-м хэтхэмрэ абыхэм я унагъуэхэмрэ ирагъэгъуэт федеральнэ социальнэ дэІэпыкъуныгъэхэр:

28. Кредит, хьэкълыкъ каникулхэр (зи №377-нэ ФЗ, 2022 гъэм 07.10-м щегъэжьауэ)—щыІэщ;

29. НыбжьыщІэхэр ВУЗ-хэм щегъэджэн, бюджетым къыхэкІыу (зи №76-нэ ФЗ, 1998 гъэм 27.05-м щегъэжьауэ)—щыІэщ;

30. Контрактникхэм я лэжьапІэхэр къахуонэ, къагъэзэжмэ зэрыпэрыувэжынум хуэдэу (зи №197-нэ ФЗ, 2001 гъэм 30.12-м щегъэжьауэ)—щыІэщ;

31. ЗыпсыхьыпІэ, зыгъэпсэхупІэ лагерхэм сабийхэм пщІэншэу загъэпсэхун (зи №281-нэ ФЗ, 2023 гъэм, 24.06-м щегъэжьауэ)—щыІэщ;

32. Зауэ зэхуэмыдэхэм хэта ветеранхэм мазэ къэс ират сом 4 186-рэ («О ветеранах» ФЗ, 1995 гъэм, 12.01-м щегъэжьауэ)—щыІэщ;

33. Социальнэ хуэІухуэщІэхэр: рецепткІэ, пщІэншэу хъущхъуэ, санаторэ путевкэ, санаторэм кІуэн-къэкІуэжын гъуэгупщІэр хуат (зи №178-нэ ФЗ, 1999 гъэм 17.07-м щегъэжьауэ)—щыІэщ;

34. Мыхъей мылъкум ( зым) техуэ хьэкълыкъыр щхьэщыхын (НК-м и 407-нэ статья, 7-нэ пункт)—щыІэщ;

35. ЩІыгу хьэкълыкъыр хуагъэмащІэ—щыІэщ;

36. Уней транспортым техуэ хьэкълыкъыр щхьэщах («О ветеранах» ФЗ, 1995 гъэм 12.01-м щегъэжьауэ)—щыІэщ;

37.  ПсэупІэ къищэхуным е иухуэным папщІэ зэ тыгъуэ ахъшэ къыщІихынымкІэ хуитыныгъэ (зи №76-нэ ФЗ, 1998 гъэм 27.05-м щегъэжьауэ)—щыІэщ;

38. Бэджэнду къищта псэупІэм, абы и зехьэным, капитальнэ зэгъэзэхуэжыныгъэм техуа уасэм и ныкъуэм хуегъэгъэзэжын («О ветеранах» ФЗ-м и 5-нэ пункт, 1-нэ статья, 16 ФЗ, 1995 гъэм 12.01-м щегъэжьауэ—щыІэщ;

39.  Щыхуей пІалъэм, илъэс къэси, ахъшэ ирату отпуск гъэкІуэн. Отпуск щІыгъужыныгъэ—ахъшэ ирамыту, махуэ 35-м нэс, илъэсым зэ («О ветеранах» ФЗ, 11-нэ пункт, 1-нэ статья, 1995 гъэм 12.01-м щегъэжьауэ ФЗ—щыІэщ;

40. Пенсэм кІуэным ипэкІэ зэкІуалІэу щыта медицинэ ІуэхущІапІэхэм адэкІи хуэІухуэщІэхэр щызригъэгъуэтынымкІэ хуитыныгъэр къыхуонэ, къэрал къулыкъущІапІэхэм чэзууншэу медицинэ дэІэпыкъуныгъэ щызригъэгъуэтынкІэ хуитщ (зи №419-нэ ФЗ, 2022 гъэм 12.01-м щегъэжьауэ)—щыІэщ;

41. ПщІэншэу протезхэр, ортопедическэ хьэпшыпхэр («О ветеранах» ФЗ, 1995 гъэм 12.01-м щегъэжьауэ)—щыІэщ.КъыкІэлъыкІуэнущ

Добавить комментарий

Ваш адрес email не будет опубликован. Обязательные поля помечены *