Лэжьыгъэр зэпыукъым

 ЗэуапІэхэм Іут ди зауэлІхэм дэІэ­пыкъуныгъэ ягъэгъуэтыным теухуа­уэ щытащ КъЧР-м и Іэтащхьэ Темрезов Рэшидрэ Ипщэ федеральнэ хэгъуэгум я дзэхэм я командующэ, генерал-лейтенант Кочетков Владимиррэ зэдрагъэкІуэкІа зэІущІэр.

Лъэныкъуэхэр тепсэлъыхьащ УФ-м и Президентым и унафэхэр гъэзэщІэнымкІэ я зэдэлэжьэныгъэм, властымрэ военкоматымрэ ди республи­кэм деж зэрызэпыщІам. Кочетков Владимир къыхигъэщащ ди хэгъуэ­гум икІа зауэлІхэм лІыгъэрэ гуеигъэрэ къагъэлъагъуэу СВО-м зэрыхэ­тыр, куэдым зауэлІ нагъыщэхэр къызэрыхуагъэфэщар.

«Ди нэІэм щІэт 34-нэ  мотострел­ковэ бригадэм ди дэІэпыкъуныгъэ сыт щыгъуи едгъэгъуэтыныр ди къалэн пажэщ», — къыхигъэщащ Темрезов Рэшид.

КъинэмыщІауэ, зэІущІэм къриу­быдэу, тепсэлъыхьахэщ гъатхэ къу­лыкъу дэшыгъуэ кампанэр зэрекІуэкІым, зи къулыкъу дэкІыгъуэр нэса щІалэгъуалэм зэрадэлажьэм, щІалэгъуалэм хэкупсэ-лъэпкъыпсэ лэжьыгъэу драгъэкІуэкІым.

ШЫБЗЫХЪУЭ Ирэ

Добавить комментарий

Ваш адрес email не будет опубликован. Обязательные поля помечены *