Тхьэмахуэ кIуам Къэрэшей-Черкесым и Iэтащхьэ Темрезов Рэшид автобусыщIэ 19-м я IункIыбзэхэр Черкесск къалэм цIыху къыщезышэкI автотранспорт предприятэм и унафэщIым тыгъэ хуищIащ. Автобусхэм щыщу 15-р — «Ситимакс 9», 4-р – «Вектор NEXT 8.8» жыхуаIэхэм хуэдэщ. Ахэр ди къэралым щащIащ, шынагъуэншагъэ жыпхъэхэм тегъэпсыхьащ, тыншхэщ.
ГуфIэгъуэ дауэдапщэм хэтащ Чер- кесск къалэм и мэр Баскаев Алексей, «ЧГПАТП-1» къалэ муниципальнэ унитар предприятэм и унафэщI Скрипкэ Сергей, Черкесск къалэм цIыхухэр къыщезышэкI автотранспорт предприятэм и водителхэр.
«CITYMAX 9» автобусхэр хьэуар зыгъэкъабзэ, и щытыкIэр тэрэзу щызыгъэт иджырей пкъыгъуэхэмкIэ къызэгъэпэщащ. Нэхъыщхьэра- щи, мы автобусхэм я бжэхэр нэхъ бгъуэщ, езыхэр нэхъ лъахъшэщ, дэт- хэнэми ятегъэпсыхьащ – аппарель яхэтщ, коляскэхэр здэбгъэувын яIэщ.
Хэгъуэгум и Iэтащхьэм автобусхэм я кIуэцIхэр къиплъыхьащ, итIыс- хьащ, зэщIигъанэри, зэрызежэм зы- щигъэгъуэзащ.
Темрезов Рэшид фIыщIэ хуищIащ Урысейм и Президент Путин Вла- димир хэгъуэгухэм, цIыхухэм ятегъэпсыхьа автотранспортыр щIэкIэ зэ- хъуэкIын зэрыхуейм теухуауэ ищIа унафэм папщIэ.
КъинэмыщIауэ, фIыщIэ хуищIащ УФ-м и Правительствэм и тхьэмадэм и къуэдзэ Хуснулин Марат мы Iуэхугъуэм теухуауэ республикэм икъукIэ жыджэру зэрыпыкъуэкIам папщIэ.
«Нэхъыщхьэр — цIыхухэм я шына- гъуэншагъэмрэ я тыншыгъуэмрэщ» — щIигъужащ и псалъэхэм Къэрэшей- Черкесым и Iэтащхьэм. Къыхэгъэщыпхъэщи, иужьрей илъэситIым къриубыдэу Черкесск къалэм автобусыщIэ 26-рэ къыдэуващ.
ГЪУКIЭКЪУЛ Иринэ