КЪУЭНЧ Умар, «Абаза» жылагъуэ зэгухьэныгъэм и тхьэмадэ: ДэIэпыкъуныгъэр зыхащIэ

— Жылагъуэ, псапащIэ, къэрал зэгухьэныгъэ зэ хуэмыдэхэр хущIэкъу зэ­пытщ зауэ операцэ хэхар къызэрежьэрэ лъэпощхьэ похэм пэщIэхуа псоми щIэ гъэкъуэн яхуэхъуным.

СВОм хэтхэмрэ я Iыхь лыхэмрэ зыпэщIэхуэ соци­альнэ, медицинэ, гумани тар, юридическэ, нэгъуэщI лъэпощхьэпохэр IугъэкIуэ тын папщIэ, къэралми, жылагъуэ зэгухьэныгъэ хэми я мылъкуи, къаруи куэду халъхьэ. СВОм хэт­хэм я гъащIэр махуэ къэси псэзэпылъхьэпIэ щит пIа лъэм, абыхэмкIэ мыхьэ нэшхуэ иIэщ я Iыхьлыхэм, ныбжьэгъухэм, лэжьэгъу хэм, къэралым я дэIэпы­къуныгъэр зыхащIэным.

Волонтёр щэ мин бжы гъэхэр зэкъуэувауэ Украи нэм щыIэ ди щIалэхэм щIэгъэкъуэн, блыгущIэт зы хуащI. Къэралми яхуигъэ кIуапхъэр игъакIуэ пэтми, зауэлIхэм я хэкуэгъухэм абыхэм хурагъэхь щыгъын хэр, зэрызагъэкъабзэ хьэ пшыпхэр, псалъэ гуапэ хэр. Иужьрейхэм хьэпшып ирагъэхьхэм нэхърэ я мы­хьэнэр ауи нэхъ мащIэкъым.

Апхуэдэу, «Абаза» жыла гъуэ зэгухьэныгъэм СВОр къызэрежьэрэ япэ махуэ хэм щыщIэдзауэ зауэлIхэм папщIэ гуманитар дэIэпы­къуныгъэр зэхуихьэсурэ яхурегъашэ.

Зэгухьэныгъэм и лIы­кIуэхэр мызэмытIэу До нецк щыIащ, лъэпкъыбэу зэхэт «Пятнашка» брига­дэм хэт зауэлIхэм яIущIащ.

ПщIэ зыхуэсщI си лъэп­къэгъухэ! Дэ, Урысейм щы псэухэр, Хэкур пылъхьэн­шэу зыхъумэн къуэ щып­къэхэр зэрагъэсам, Уры сейм и зауэлI ц Iэ лъапIэр пщIэ пылъу зэрызэрахьэм папщIэ, псом япэу адэанэ хэм фIыщIэ яхудощI. Къэ рал псом хуэдэуи дыпо­плъэ ди ЛIыхъужьхэм Те кIуэныгъэр я Iэрылъхьэу я хэку цIыкIум къыщагъэ­зэжынум!

Добавить комментарий

Ваш адрес email не будет опубликован. Обязательные поля помечены *