АСЛЪЭНХЭ Алий, КъЧРм и АдыгэХасэм и тхьэмадэ: «Къулыкъу щIэным —щIыхь пылъщ»

Адыгэхэм я тхыдэм къыхощыж ди лъэпкъым сыт щыгъуэ лъэхъэни лIыгъэ хэлъу, зыщыпсэу къэралым и щIыхьыр ихъумэу къызэрекIуэкIар. Ноби аращ зэрыщытыр. Сыт щхьэкIэ жыпIэмэ, адыгэм и лъым хэлъщ щыпкъагъэр, лIыхъужьыгъэр, дэIэпыкъуэгъу хуэныкъуэм зыщIигъэкъуэным зэи шэч къызэрытримыхьэр.

Абы и щапхъэщ СВОр зэрыщIидзэрэ ди адыгэ къуажэхэм дэкIа щIа­лэгъуалэм я псэ емыблэжу Хэкур хъу­мэным, гузэвэгъуэ ихуа цIыхухэм къащхьэщыжыным, нацизмэм, фашизмэм пэщIэтынымрэ гъэкIуэдынымрэ зэрыпэщIэувар. Дауи, зы адыгэ къуажэ республикэм къинауэ къыщIэкIынкъым зи щIалэгъуалэ СВОм кIуа ямыIэу. ХабзэфIым зэрытету, лъэпкъхэр зэкъуэувауэ, ди гъащIэм къыхыхьа фа­шизмэр гъэкIуэдыпэным псэемыблэ­жу я гъащIэр хуагъэтIылъ.

Шэчыншэу, а зауэ операцэм хэт дэтхэнэри дэркIэ лIыхъужьщ, абыхэм ди Хэкур яхъумэ, мамырыгъэм щIо­бэн, лIыгъэ мыкIуэщI къагъэлъагъуэ Узыншэу Тхьэм дэтхэнэри я уна­гъуэм къихьыж!

Ахэр зэбэн фашизмэм и гугъу пщIымэ, «Крокус Сити»м къыщыхъуа щIэпхъаджагъэр япщэ умыкIуэжыну хьэкIэкхъуэкIагъэщ. Апхуэдэр зыщIам узэрыпэщIэмытынур дауэ? Абыхэм ящыщщ Украинэм и нацистхэм нобэ драгъэкIуэкI бэнэныгъэри. Зы махуи щыдгъэт хъунукъым ап­хуэдэ хьэкIэкхъуэкIэхэм ебэныныр. Сыт щхьэкIэ жыпIэмэ, дяпэ къэкIуэну щIэблэр псэун хуейщ мамыр гъащIэм, нацист Iуэху бгъэдыхьэкIэ ямылъагъуу, зыхамыщIэу.

Къэсщтэнщи, дызэрысабий лъан­дэрэ дызыщIапIыкIар ди адэшхуэхэм Хэку зауэшхуэм къыщагъэлъэгъуа лIыхъужьыгъэхэращ, яхэлъа лIыгъэращ, зыщалъхуа щIыналъэм хуаIэ фIылъагъуныгъэращ. А хэкупсагъэр тхэлъу дэри дыкъэтэджащ. Хэкум къу­лыкъу хуэтщIэным пщIэ ин, щIыхь лъагэ зэрыпылъыр зыхэтщIэу ды­къэхъуащ. Абы и щапхъэ диIэти… Къулыкъу зымыщIам, сощIэж, фэ ираплъу щытакъым. Иджы, дэ къыт­щIэхъуэжахэми къагъэлъагъуэ Хэку фIылъагъуныгъэ къызэрымыкIуэ. Ар уасэншэщ.

Хэкум къулыкъу хуэщIэныр сыт щыгъуи щытащ икIи къонэж къызэрымыкIуэу пщIэ лъагэ иIэу, щIыхьрэ жэуаплыгъэрэ зыпылъу. Нобэ ди къулыкъущIэхэм къагъэлъагъуэ гуеигъэращ иджырей ди щIэблэщIэр зыщIэтпIыкIын, зыдэдгъэплъеин хуейр. Ар хэти ди къалэнщ.

Добавить комментарий

Ваш адрес email не будет опубликован. Обязательные поля помечены *