Зы гъуэгуанэр зэдэзыгуэш
ЦIыхум хэкупсэ-лъэпкъыпсагъэр, лIыхъужьыгъэр къыхуэушыным куэд хуейкъым, ар унагъуэм лъапIагъэ нэхъыщхьэу щилъкIэ.Аслъэныкъуэхэ Мухьэдинрэ Риммэрэ я щIалиплIыр зыщIапIыкIар апхуэдэ щапхъэмрэ адыгэлIым къыдекIуэкIын хуей гъэсэныгъэ нэсымрэщ.
БалигъыпIэм иува щIалэхэми ягъэщыпкъащ адэ-анэм къыбгъэдалъхьа гъэсэныгъэмрэ хьэл-щэн екIумрэ. Дэтхэнэми хузэфIэкIащ я лэжьыгъэкIи, я Iуэху еплъыкIэкIи цIыхухэм пщIэ къыхуащIу, я жыIэм лъабжьэ иIэу ягъэпсыну.
Нобэ зи гугъу фхуэтщIынур зэкъуэшхэм я нэхъыжь Аслъэнрэ абы къыкIэлъыкIуэ Арсенрэщ. ЩIалэхэр Украинэм щекIуэкI зауэ операцэ хэхам лIыгъэрэ хахуагъэрэ къыщагъэлъагъуэу щыIэщ. Ахэр ирокIуэ я адэшхуэ Аслъэныкъуэ Сэфэдин Хэку зауэшхуэм къыщигъэлъэгъуа хэкупсагъэмрэ лIыхъужьыгъэ гъуэгумрэ. 1941-1945 гъэхэм адэшхуэр зыпэщIэта фэшизмэм и кIэрыхубжьэрыхухэм щIэблэр нобэ пэщIэувэжащ.
Зауэ операцэ хэхар зэрыщIидзэу, япэ дыдэ мобилизацэм хэхуахэм ящыщщ Арсен. И IэнатIэкIэ фронтыр зыхуэныкъуэ IэщIагъэлIу къалъытэри, къулыкъум ираджащ икIи зэуапIэ хьэлъэм и курыкупсэм Iууващ. Ди лъэпкъэгъум и лэжьыгъэкIи, и зауэ къулыкъу пщэрылъхэр нэгъэсауэ зэригъэзащIэмкIи адэшхуэм и щIэблэу зэрыщытыр игъэщыпкъэжащ. Зауэ губгъуэм абы къыщигъэлъэгъуа гуеигъэмрэ хахуагъэмрэ къыхэкIыу Суворов Александр и медалыр къыхуагъэфэщащ.
ШынэхъыщIэр зауэм щыIутым, Аслъэн Черкесск къалэм дэт, жьыкIэфэкIэхэм я Унэм и унафэщIым и къуэдзэу лажьэт. Ауэ, и къуэшыр СВО-м яша нэужь, Аслъэн зы махуи псэхупIэ игъуэтакъым. И нэIэм щIэту къэтэджа и къуэшыр здэщыIэм езыри кIуэн хуейуэ абы къилъытэт. ИкIи, куэд темыкIыу, конт- ракткIэ Аслъэни Украинэм макIуэ.
Ар хуейт и шынэхъыщIэр здэзауэ щIыпIэм ихуэну. АрщхьэкIэ Арсен здэщыIэр нэхъ зэуапIэ хьэлъэхэм дежт, зауэ къулыкъум хуэмыIэкIуэлъакIуэхэр абыкIэ ягъакIуэтэкъым.
Зэкъуэшхэр зэхуэмызэурэ мазэхэр блэкIащ. Нэгум къыщIэгъыхьэгъуейщ махуэ къэс зэхуэзэну пабгъэ щIалэхэм я гум щыхъар.
Арами, зэкъуэшхэм я гугъапIэр къайхъулIащ. Ахэр зауэм здыIутым я насып къихьри, мызэ-мытIэу зэхуэзащ, зэрылъэгъуащ, хъыбархэмкIэ зэдэгуэшащ. Псэууэ, узыншэу зэуапIэм ущызэхуэзэныр — сытым еплъыт хъун?!
Украинэ щIыналъэр лIыгъэ щIапIэ зыхуэхъуа дэтхэнэри Тхьэм я унагъуэхэм узыншэу кърихьэж, зэкъуэшхэри Тхьэм зэкIэримыхкIэ!
ХЬЭТАЙ Мадинэ