«Письмо солдату» Уры сейпсо зауэхэкупсэ акцэм и къэухьхэм иту, Къэрэшей Черкесым и еджакIуэ 3000м щIигъум ягъэхьэзырри яутIыпщащ фIыщIэ тхыгъэ гуапэхэмрэ я IэкIэ ягъэхьэзыра сурэтхэмрэ. Абы теу хуа тхыгъэ и телеграм-каналым щитхащ хэгъуэгум и Iэтащхьэ Темрезов Рэшид. — Унагъуэхэм икI хъы бар гуапэхэр яхуэгъэзащ ди хэкуэгъухэм – зауэ операцэ хэхам и къэухьхэм иту, лIы гъэ яхэлъу Урысейм и хьэ лэмэтхэмрэ ди шынагъуэн шагъэмрэ зыхъумэ зауэлIхэм. Шэч хэмылъу, сабийхэм я IэрыкI тхыгъэхэм мыхьэ нэшхуэ яIэщ, абыхэм ди зауэлIхэм хуахь я гум, я псэм я хуабагъэр, хуаIуатэ я гугъапIэхэмрэ фIым хуэ гъэза я гупсысэхэмрэ. А лъагъуныгъэр, гушхуэныгъэр, дэщтэныгъэр зыхращIэ за уэм и гуащIапIэм Iут ди щIалэхэм! Си фIэщ мэхъу сабий тхыгъэхэм абыхэм я гукъыдэжыр къызэраIэты нур, ТекIуэныгъэр къахьу щIэхыу къызэрагъэзэжы нумкIэ гугъапIэхэр къызэ рыхуагъэушынур! — итхащ хэгъуэгум и Iэтащхьэм.
республиканская общественно-политическая газета на черкесском языке