Къэрэшей-Черкесым щыщу СВО-м щыIэ ди щIалэхэм псапащIэ дэIэпыкъуныгъэр лъагъэIэсын лэжьыгъэр зэпыукъым.Къэрэшей-Черкес Республикэм и Iэтащхьэ Темрезов Рэшид и пщэрылъкIэ, Карачаевск къалэ округым къыбгъэдэкIа къыкIэлъыкIуэ псапащIэ дэIэпыкъуныгъэр СВО-м хэт ди хэкуэгъухэм хурагъэшащ.Къызэхуахьэсахэм, ди къулыкъущIэхэр нэхъ зыхуэныкъуэхэм ящыщщ зыщатIагъэ къулыкъу фэилъхьэгъуэхэр, щыгъын хуабэхэр, пхъэзэпых, бел, хьэнцэ, киркэ — уадэ, хущхъуэхэмрэ ерыскъыхэкIхэмрэ. Гуманитар хьэлъэм хэлъкъым къагъэсэбэпа щыгъын е хьэпшып. Псори щIэщ.Абыхэм ящIыгъуу, сабий IыгъыпIэхэм, еджапIэхэм щыщ ныбжьыщIэхэм къабгъэдэкIа тхыгъэ гуапэхэр, хъуэхъухэр хуатхащ ди хэкуэгъу къулыкъущIэхэм. ЗэрытщIэщи, СВО-р щыщIидза пIалъэм щегъэжьауэ, ди хэгъуэгум щыпсэухэр зэкъуэуващ а Iуэхум хэт ди къулыкъущIэхэм, Урысейм къыгухьэжа хэгъуэгущIэхэм зыщIагъэкъуэн мурадкIэ. ПсапащIэ Iуэхухэр ирагъэкIуэкI къулыкъущIэхэм я унагъуэхэм дэIэпыкъуэгъу яхуэхъун мурадкIэ къызэрагъэпэща Зыуэ щыт республикэ штабым и лэжьыгъэм ипкъ иту.
республиканская общественно-политическая газета на черкесском языке