ПэщIэдзэ еджапIэм — гъащIэщIэ

 Куэд щIауэ районым, къуажэм щыпсэухэр зыпэплъа дауэдапщэр, Адыгэ — Хьэблэ къуажэм дэт пэщIэдзэ еджапIэм и бжэр щIэры­щIэу къызэIухыжыныр егъэджакIуэхэмрэ еджакIуэ цIыкIухэмрэ я гуфIэгъуэшхуэм щIэту къызэрагъэпэщащ.

ПIалъэ кIэщIым къриубыдэу абдеж щрагъэкIуэкIа зэгъэзэхуэжыныгъэ лэжьыгъэхэр яухри, здеджэ- ну щIыпIэкIэ мытыншхэр я «унэм» къекIуэлIэжащ.

ГуфIэгъуэ зэхыхьэм къеблэгъащ Къэрэшей-Черкес Республикэм и ЦIыхубэ ЗэIущIэм (Парламентым) и депутат, лъэпкъ полити­кэмрэ хэгъуэгущIыб зэпыщIэныгъэхэмрэкIэ комите­тым и тхьэмадэм и къуэдзэ, КъЧР-м и Адыгэ Хасэ лъэпкъ жылагъуэ зэщIэхъееныгъэм и тхьэмадэ Аслъэнхэ Алий, Парламентым и депутат Дзыуэ Заур, КъЧР-м егъэджэныгъэмрэ щIэныгъэмрэкIэ и министрым и къуэдзэ Шаманов Щэмил, РИПКРО-м и ректор Гурин Александр, УФ-м просвеще- нэмкIэ Министерствэм и эксперт педагогическэ со­ветым хэт Капалкинэ Светланэ, нэгъуэщIхэри.

ХьэщIэхэм фIэхъус псалъэкIэ захуигъэзащ Адыгэ-Хьэблэ район администра­цэм и Iэтащхьэ IэнатIэр пIалъэкIэ зыгъэзащIэ Астэжь Мыхъутар.

— Егъэджэныгъэм зе­гъэужьынымкIэ къэрал программэм лъэкIыныгъэ лъэщ къыдет ди еджапIэхэр зэ­маным декIуу зэтедгъэпсыхьэнымкIэ. НобэкIэ ди районым егъэджэныгъэ IуэхущIапIи 6 щызэдгъэзэхуэжагъэххэщ. Ар ехъулIэныгъэ къызэрымыкIуэщ.

Добавить комментарий

Ваш адрес email не будет опубликован. Обязательные поля помечены *