Илъэс къэси, хабзэфІ зэрыхъуауэ, мазае (февраль) мазэм республикэм и курыт еджапІэхэр псори зыхэт мазэ лэжьыгъэ месячник ирагъэкІуэкІ. Абы и купщІэр — щІалэгъуалэр хэкупсэлъэпкъыпсэу гъэ сэн, къапэщыт дзэ къулыкъум щІалэхэр щыгъэгъуэзэн, щхьэж и зэфІэкІ гъэунэхун, къэралым и тхыдэм нэхъри гъунэгъу хуэщІынращ. Мы гъэм месячникыр екІуэ кІынущ «Есть такая профессия — Родину защищать» и фІэщыгъэцІэу. ЩІышылэм (январым) и 24м, Чер кесск къалэм дэт щэнхабзэмкІэ Унэм гу фІэгъуэ дауэдапщэм щІэту къыщызэІуахащ месячникыр. Абы хэтащ республикэм егъэджэныгъэмрэ щІэныгъэмрэкІэ бэзым и лІыкІуэхэр, Черкесск къалэм и ветеранхэм я Советым хэтхэр, щІалэгъуалэм хэкупсэлъэпкъыпсэ гъэсэныгъэ ягъэгъуэ тынымкІэ Купсэр, еджакІуэхэр, егъэджакІуэхэр, курыт еджапІэхэм я унафэщІхэр. Утыкум кърахьащ УФм, КъЧРм, ТекІуэныгъэм я ныпхэр. Гимнхэр абы пэджэ жащ, залышхуэм щІэсыр къызэщІиІэтэу. — ИгъащІэкІи Урысейр цІэрыІуэщ и цІыху щыпкъэхэмрэ хахуэхэмрэкІэ, зи Хэ кур зыхъумэну сыт щыгъуи хьэзырхэмкІэ. Фэ, щІэблэщІэм, фи къалэн пажэщ за уэлІ щІыхьыр, фэеплъыр фхъумэну, фи адэхэмрэ адэжьхэмрэ я щІыхьым пыфщэныр, — и къэпсэлъэныгъэм къыщыхигъэ щащ Черкесск къалэм и мэрием егъэ джэныгъэмкІэ и Управленэм и унафэщІ Къалмыкъ СусаннэКъэпсэлъахэм къыхагъэщащ блэкІа илъэсхэм ди къэралым и цІыхубэр щІыхь кІэ, хахуагъэкІэ, гу къабзагъэкІэ къызэры хэщыжыр, Хэку зауэшхуэм къыщахьа ТекІуэ ныгъэм и лъапІэныгъэр щІэблэщІэм зыщигъэгъупщэ зэрымыхъунур. Нобэ екІуэкІ СВОми ди зауэлІхэр зэрыхэтыр, абыхэм къагъэлъагъуэ щІыхьыр, хахуагъэр къыхагъэщащ.
Месячникыр траухуащ Ленинград бло кадэр зэрыпхыратхърэ, Белоруссиер хуит къызэращІыжрэ мы гъэм илъэс 80 зэрырикъуам. Абы ипкъ иткІэрэ, мазэ лэжьы гъэм къызэщІрагъэубыдэнущ ди къэра лым и махуэ хэхахэр, лІыгъэм, хахуагъэм, зауэм, текІуэныгъэхэм теухуахэр къыхэ гъэщыным, зэхьэзэхуэ зэхуэмыдэхэм, еджа кІуэхэм щІэныгъэкІи, ІэпкълъэпкъкІи запсыхьыным.Лэжьыгъэр мащІэкъым, ар Іыхьэ Іыхьэу ягуэшащ. Апхуэдэу, щІышылэм и 24 — мазаем и 1 пІалъэм къриубыдэу те матикэ зэхуэмыдэхэмкІэ декадэр екІуэ кІынущ, «Есть такая профессия — Роди ну защищать!» къыхуеджэныгъэм щІэту.Мазаем и 211 махуэхэм «Величие и слава России!» декадэр екІуэкІынущ, мазаем и 1221м — «Согреем друг друга сердца» лэжьыгъэм и чэзущ.Мазэм и кІэухыу лэжьыгъэр къапщытэ жынущ, нэхъыфІхэр къыхагъэщынущ ЩІыхь тхылъхэмкІэ, зыгъэпсэхупІэ лагерхэм пщІэн шэу зэрыкІуэфыну путевкэхэмкІэ.
ТУАРШЫ Ирэ