Илъэс куэд хъуауэ Украинэм щыдакъузэ ди цIыхухэр. Гугъу ирагъэхьым и мызакъуэу, яукIыр мащIэкъым. Ди къэралым и Президент Путин Владимир ди гъунэгъу унафэщIхэр зыбжанэрэ къыхуриджащ зэрахьэ залымыгъэр ягъэувыIэну, урысыбзэр зи анэдэлъхубзэхэм ар памыубыдыну. АрщхьэкIэ Украинэм и унафэщIхэм а псалъэхэм мыхьэнэ иратакъым. ИкIэм-икIэжым, щытыкIэр зауэ зэщIэхъееныгъэм щыхуэкIуэм, Урысейм и дзэм и командующэ нэхъыщхьэм унафэ ищIащ ди гъунэгъу къэралым операцэ хэха щригъэкIуэкIыну, Украинэм ди къэрал гъунапкъэхэм пэмыжыжьэу IэщэкIэ зэрызызэщIиузадэр хуимыдэу, лъэпкъ зэхэгъэжым и лей зытехьэхэм къащхьэщыжыну…
Зауэ операцэ хэхам щыщIидза махуэм къыщегъэжьауэ ди лъэпкъым къыхэкIа щIалэхэр жыджэру хэтщ Донбассым щытыкIэ гугъу щихуа цIыхухэм ядэIэпыкъуным, ди Хэкум и шынагъуэншагъэр, и щхьэхуитыныгъэмрэ зэкъуэтыныгъэмрэ хъумэным хуэунэтIа Iуэхум. Абыхэм лIыхъужьыгъэ, хахуагъэ, гъэсэныгъэ нэс къагъэлъагъуэу я къулыкъур ирахьэкI, фIыщIэ псалъэхэмрэ нагъыщэ лъапIэхэмрэ къалъэщ. Апхуэдэ щIалэ хахуэщ, хэкупсэщ нобэ лъэпкъыр дызыгъэгушхуэ, — Кхъуэнэхэ Муратрэ Зульфиярэ я щIалищым я нэхъыжь СулътIан. ЩIалэр къызыхэкIа лъэпкъымрэ зыщалъхуа Хэкумрэ фIыуэ илъагъуу къэтэджащ. Аращ икIи балигъыпIэм щиувэм зыми пимыщI и Хэкур хъумэным хуэунэтIа лэжьыгъэр къыщIыхихар. «ЛIэужьыр бжьиблкIэ мауэ» зэрыжаIэщи, щIалэм ар и лъым хэту къэтэ джащ. АтIэ, СулътIан и адэшхуэм и адэ Выкхъэ Iэюби, и анэшхуэм и дэлъху Шыбзыхъуэ Ехьяи цIыхугъэ нэсрэ лIыгъэрэ яхэлъу, хэкупсэу щытащ. Ахэр Хэку зауэшхуэр къыщыхъеям, нэмыцэ зэрыпхъуакIуэхэр ди къэралым къыщытебэнам, бийм пэщIэувахэм яхэтащ. Ехья зауэм щыIухьам и ныбжьыр илъэс 18т зэрыхъур…
Абы лъандэрэ илъэс 80 текIыжами, аргуэру ди къэралым и щхьэхуитыныгъэм «къепIэскIуну» мурад зыщIа, фашистхэм я кIэрыхубжьэрыхухэм Хэкум къыщхьэщыжу зи гъащIэр зыта нэхъыжьыфIхэм я щIэблэ СулътIан япэщIэуващ.
Кхъуэнэхэ СулътIан лъэпкъкIэ Малэ Зеленчук къуажэм щыщщ, зыщыпсэур Черкесск къалэращ. Мыбдеж е 5нэ гимназиер къыщиуха нэужь, автодорожнэ колледжым щеджащ. И ныбжьыр щынэсым, дзэ къулыкъум дашри, Мурманск областым хыхьэ, Совет Союзым и ЛIыхъужь Гаджиев Мыхьэмэт и цIэр зезыхьэ Гаджиево къалэм къулыкъу щрихьэкIащ. Ар хэтащ гвардейскэ дзэ пакIэм, ПВОм. И къалэнхэр екIуу, гупсэхуу зэригъэзащIэм, зауэлI пщэрылъхэм жыджэрагърэ жэуаплыгъэрэ пылъу зэрыбгъэдыхьэм, лIыгъэрэ гукъэкI щхьэпэрэ къызэрыкъуэкIым къыхэкIыу фIыщIэ псалъэхэр мызэмытIэу къыхуагъэфэщащ. Абы оператор нэхъыжь фIэщыгъэцIэр зэрихьэу дзэм къикIыжащ.
Къулыкъур щызэфIэкIым, сабий лъандэрэ зыщIэхъуэпса зауэ IэщIагъэм и гъащIэр ирипхыну зэрыхуейр нэхъри IупщI щыхъуащ. ИкIи, Сторожевой станицэм дэт, 34нэ бгы мотострелковэ бригадэм контракткIэ къулыкъур щрихьэкIыну зэгурыIуэныгъэ ядищIащ. Абдеж ахэр зауэ щытыкIэ зэхуэмыдэхэм хуагъэхьэзыращ, бэшэчу, сыт хуэдэ Iуэхуми жэуаплыгъэ хэлъу бгъэдэту, ныбжьэгъугъэмрэ хэкупсагъэмрэ япэ ирагъэщу ягъэсащ. Апхуэдэу, IэщIагъэ къыхихам ирилажьэу, СВОр къежьащ икIи, ди къэралым и дзэзешэ нэхъыщхьэм къигъэува зауэлI пщэрылъхэр ирахьэкIыну зауэ операцэ хэхам япэу Iухьа гупым яхэхуащ.
«ЛIым и лIыгъэр зауэм къыщацIыху» зэрыжаIэщи, Украинэм и щIыналъэм щекIуэкI зэпэщIэтыныгъэр къызэрежьэрэ абы хэт ди лъэпкъэгъум къылъыкъуэкIащ лIыгъэрэ бэшэчагъ инрэ. ИлъэситIым зэрынэхьэсауэ екIуэкI зауэ операцэ хэхам деж зэхэуэ зэхуэмыдэхэм хэхуами, псэзэпылъхьэпIэ ихуами, СулътIан дэни лIыхъужьыгъэ къыщигъэлъэгъуащ.
Апхуэдэу, Херсонрэ Николаевскэ областымрэ я зэпылъыпIэм щекIуэкIа зэхэуэ гуащIэм, областитIыр зэпызыщIэ жылагъуэ цIыкIум къыдамыгъыхьэну бийм пэщIэува ди сэлэтхэм СулътIан и гъусэ зауэлIхэри яхэхуащ. Украинэм и властым тетхэм къаутIыпща дзэм быдэу унафэ хуащIат дауэми а къуажэ цIыкIур зыIэрагъыхьэну. Абы папщIэ ахэр IэщэкIэ фIыуэ зэщIаузэдат, бжыгъэкIи куэд хъут. Ар зылъэгъуа ди зауэлIхэм, щхьэж и увыпIэ иубыдыжри, яIыгъ быдапIэр бийм ирамытыну загъэбыдащ. «КъикIуэт диIэнукъым, ди Хэкум папщIэ дыщытынущ!» жаIэри, лIыгъэ яхэлъу, щхьэмыгъазэу къахуэкIуэ дзэм япэщIэуващ. Ахэр зэкъым гужьеигъуэ, щытыкIэ хьэлъэ зэрихуар. АрщхьэкIэ, зратыжа псалъэм, я щIыбагъ къыдэт Хэку лъэщым игъэгушхуэхэри, ди щIалэхэр къикIуэтакъым, къабгъэрыкIуэхэм шынэ ямыщIэу япэщIэувэри, хэщIыныгъэшхуэ ирахащ икIи быдапIэр зыIэщIагъэкIакъым. Апхуэдэу къарукIэ езыхэм къебэкI бийр ирагъэкIуэтащ.
Зэхэуэ гуащIэр мащIэу сабыр щыхъум, гупым и комбатыр СулътIан къеджэри лъэныкъуэкIэ Iуишащ.
— СынодаIуэ, командир? — жиIащ СулътIан.
— Тхьэ уигъэпсэу, сэлэт! Уэ цIыху гъащIэу нобэ къебгъэлар пхужыIэнкъым. Мы зэракъым уэ лIыгъэшхуэрэ гуеигъэрэ къызэрыбгъэлъагъуэр. Дапщэрэ щытыкIэ гугъу дыкъипша. Ину фIыщIэ фхузощI уэри, апхуэдэ щIалэ щхьэмыгъазэ зыгъэса уи анэми, укъызыхэкIа лъэпкъми, — комбатым СулътIан зыбгъэдишэри, быдэу IэплIэ къыхуищIащ.
Абдеж къыщигъэлъэгъуа лIыгъэм къыпэкIуэу адыгэ щIалэм къыхуагъэфэщащ Суворовым и цIэкIэ ят медалыр.
КъинэмыщIауэ, Кхъуэнэхэ я щIалэр яхэтащ Днепр псышхуэм и ижьырабгъумкIэ зыщызыгъэбыдэу бийм кIуапIэ язымыта ди зауэлIхэм. Абдежми лIыгъэшхуэ къыкъуэкIащ ди лъэпкъэгъу щIалэм. Къуагъ зимыщIу а щIыпIэм щекIуэкIа зауэ гуащIэм щызэрихьа гуеигъэм и нагъыщэщ абы къыхуагъэфэща «Орден Мужества» хэкупсагъэ нагъыщэр.
Нагъыщэ къратакърамытаракъым зауэлIымкIэ нэхъыщхьэр, атIэ икIэм нэсу и пщэрылъхэр игъэзэщIэнращ. Ар зэрыхуэфащэкIэ СулътIан адэкIи егъэзащIэ. Абы щыхьэт тохъуэ Урысейм и Президент Путин Владимир и УнафэкIэ «Орден Мужества» нагъыщэ лъапIэр абы аргуэру къызэрыхуагъэфэщар.
АтIэ, дауэ узэримыгушхуэнур лъэпкъым и цIэр фIыкIэ зыгъэIу, абы пщIэрэ щIыхьрэ къахуезыгъэщI апхуэдэ щIалэ гуейм?! Дрогушхуэ икIи фIыщIэ ин худощI апхуэдэ щIалэ зыгъэса анэм.
СулътIани, абы и гъусэу зауэлI пщэрылъхэр зыгъэзащIэ ди щIалэхэми узыншэу къагъэзэжыну Тхьэм долъэIу! Дыфпоплъэ!
ЕЗАУЭ Маринэ