«Россия» Дунейпсо гъэлъэгъуэныгъэ-форумым ипкъ иту, щIышылэм и 11-м хэгъуэгум и Махуэ – Белгород областым и Махуэ — щекIуэкIащ. Къэрэшей-Черкесыр, къэралым и нэгъуэщI хэгъуэгухэм хуэдэуи, Белгородым щыпсэухэм щIэгъэкъуэн зэрахуэхъур къагъэлъагъуэу, «Белгород, наши сердца – с вами!» къыхуеджэныгъэр хэгъуэгум и стендым щытрадзащ. Фигу къэдгъэкIыжынщи, Украинэм и къару Узэдахэм топышэхэр Белгород трагъэщащэ зэпыт.
КъинэмыщIауэ, гъэлъэгъуэныгъэм и унафэщIхэр, форумым еблэгъа хьэщIэхэри Белгородщинэм псэкIэ зэрыщIыгъур къагъэлъагъуэу удз гъэгъахэмрэ (тюльпан) гум и теплъэу щIа открыткэхэмрэ белгород стендым ирахьэлIащ. Акцэм и къызэгъэпэщакIуэхэм зэрыжаIэмкIэ, тюльпанхэр къыщIыхахам и щхьэусыгъуэр – ахэр лъагъуныгъэмрэ насыпымрэ я дамыгъэу зэрыщытращ.
«ФIыщIэ яхузощI нобэ ди стендым къеблэгъа цIыхухэм, щытыкIэ къэхъухэр псынщIэу ихъуэжыну зылъэкI Урысей Федерацэм и Президентым. ДэIэпыкъуныгъэ догъуэт. Пэжщ, щытыкIэр гугъущ. Ауэ псоми къыдгуроIуэ щхьэж и ищIэн хуейр, долажьэ. ТлъэкI къэдгъэнэнукъым текIуэныгъэр нэхъ щIэх зыIэщIэдгъэхьэн папщIэ», — жиIащ Белгород областым и губернатор Гладков Вячеслав.
Къыхэгъэщыпхъэщи, ипэкIэ Къэрэшей-Черкесым и Iэтащхьэ Темрезов Рэшид, жылагъуэ Iуэхузехьэхэр, динырылажьэхэр, депутатхэр, артистхэр социальнэ зэпыщIэныгъэхэм я IэмалкIэ Белгород хэкIуэда цIыхухэм я Iыхьлыхэм зэрахуэщыгъуэр щатхауэ щытащ.
Фигу къэдгъэкIыжынщи, 2023 гъэм дыгъэгъазэм и 30-м Белгород деж террор къэхъугъэ Украинэм щригъэкIуэкIащ.«Къэрэшей-Черкесым щыпсэухэм сащIыгъуу Белгород областым щыхэкIуэдахэм я Iыхьлыхэм дывдощыгъуэ. УIэгъэ хъуахэр икIэщIыпIэкIэ узыншэ хъужыну! Мамыру псэу цIыхухэм апхуэдэ хьэкIэкхъуэкIагъэ япщIэныр цIыхугъэншэщ», — ди республикэм и Iэтащхьэм.