Гулъытэ хуэныкъуэхэм

 «Защитники Отечества» Фондым и Къэрэшей-Черкес къуда­мэм и хэщIапIэм республикэм и Iэтащхьэ Темрезов Рэшид щаIущIащ СВО-м зауэлI къалэнхэр зыгъэзащIэу хэкIуэда щIа­лэхэм я Iыхьлыхэм.

 ЗэIущIэм хэтащ КъЧР-м гуа­щIэдэкIымрэ социальнэ зыужьы­ныгъэмрэкIэ и министр Камур-заевэ Динарэ, узыншагъэр хъу­мэнымкIэ и министр Шаманов Казим, «Защитники Отечества» Фондым и хэгъуэгу къудамэм и унафэщI Абазалиев Марат, Хэкум и зауэлIхэм я унагъуэхэм я Коми-тетым и къудамэу КъЧР-м щыIэм и унафэщI Анушко Аидэ сымэ. Хэгъуэгум и лIыщхьэм зэIу­щIэр иригъэжьащ унагъуэхэм я щIалэхэр зэрафIэкIуэдар игу къызэреуэр къыхигъэщкIэрэ. ИкIи фIыщIэ яхуищIащ апхуэдэ къуэхэр – лIыхъужьхэр, хэкупсэхэр – зыгъэсэфа адэ-анэхэм.

«Фи къуэхэр, щхьэгъусэхэр – Хэкум папщIэ зи псэр зыта ЛIыхъужь нэсхэщ. СВО-м щыIэ ди щIалэхэм ящыщ куэд си цIыху­гъэщ, си нэIуасэщ. Абыхэм част­хэм деж, нэгъуэщI щIыпIэхэм са-IущIащ, абы къыхэкIыу сощIэ абыхэм лIыгъэрэ хахуагъэрэ зэрахэлъыр.ХэкIуэда зауэлIхэм я унагъуэхэм яцIыхуну сыхуейщ ди гулъы­тэрэ щIэгъэкъуэнрэ зэрыщыдмыгъэщIэнур. Федеральнэ властым къыбгъэдэкI дэIэпыкъуныгъэхэм къанэмыщIауэ, ди республикэми зауэлIхэмрэ абыхэм я унагъуэхэмрэ щIэ-гъэкъуэн зэрахуэхъун Iэмалхэр къызэрегъэпэщ.

Ди гум зэи ихунукъым къэралыр яхъумэкIэрэ зи гъащIэр зы­та ди хэкуэгъухэр. Я фэеплъыр тхъумэн папщIэ, Iуэхугъуэ зэхуэ­мыдэхэр едгъэкIуэкIынущ, ахэр щапхъэщ ди щIэблэр хэкупсэу дгъэсэнымкIи! Республикэр и ЛIы-хъужьхэм ирогушхуэ!» — жиIащ Темрезов Рэшид. ЗэIущIэм ипкъ иту, СВО-м хэтахэм я унагъуэхэр зыпэщIэхуэ лъэпощхьэпохэм ирипсэлъащ. Хэгъуэгум и лIыщхьэм унагъуэхэр къигъэгугъащ зэпсэлъэныгъэм ипкъ иту къаIэта упщIэхэр езым и нэIэм зэрыщIигъэтынымкIэ, ахэр икIэщIыпIэкIэ зэрызэфIагъэкIы­нымкIэ.

ГЪУКIЭКЪУЛ Иринэ

Добавить комментарий

Ваш адрес email не будет опубликован. Обязательные поля помечены *