ЗауэлI бланэхэр

Лъэпкъыр дызэрыгушхуэ, дызэрыпагэ щIалэхэр ди мащIэкъым. Абыхэм я щхьэхуитыныгъэр, я унагъуэр, къэралым и хуитыныгъэр хъумэным ехьэлIауэ лъэхъэнэ зэхуэмыдэхэм къагъэлъэгъуа хахуагъэмрэ гуеягъэмрэ ди тхыдэ блэкIами къыхощыж.
Ди щIалэхэм гушхуэ зэракIуэцIылъым и щапхъэ щыдолъагъу мы зэманми. Абы и щыхьэтщ Украинэм щекIуэкI зауэ операцэ хэхам ди лъэпкъэгъухэм ящыщ куэдым лIыхъужьыгъэ къызэрыщагъэлъагъуэр. Ахэр Хэкум и къыщхьэщыжакIуэ нэсу къэувауэ, щхьэмыгъазэу бийм пэщIэтщ. Апхуэдэ щIалэ хахуэхэм халъытэ къызыхэкIа лъэпкъыр имыгъэукIытэу, пщэрылъ
къыхуащI дэтхэнэ къалэнри жэуаплыгъэшхуэ пылъу а щIыналъэм щызэфIэзых Дагуэхэ Умар и къуэ Руслан. Ар Хьэбэз районым хыхьэ Абазакт къуажэм къыщыхъуащ. Къулыкъур щрихьэкI щIыпIэм щекIуэкI зэхэуэ гуащIэхэм ящыщ зым хэту, Руслан лIыгъэ хэлъу зыкъигъэлъэгъуащ икIи Урысейм и Президент Путин Владимир 2023 гъэм ноябрым и 22-м къыдигъэкIа Унафэм ипкъ иту, Жуковым и цIэкIэ ят медалыр къыхуагъэфэщащ. Апхуэдэ хъыбарыфI къаIэрыхьащ Абазэ районым
хыхьэ Псыжь къуажэм щыщ Хьэчыкъуэхэ я унагъуэми. Хьэчыкъуэ Руслан и къуэ Беслъэн Хэкумрэ ди къэралым и хьэлэмэтымрэ ихъумэкIэрэ къыкъуэкIа лIыхъужьыгъэм папщIэ, Путин Владимир и УнафэкIэ, Суворовым и медалкIэ и цIэр къраIуащ.
Руслани Беслъэни дывохъуэхъу къыфхуагъэфэща нагъыщэхэмкIэ! Узыншагъэ быдэрэ зэIузэпэщы-
ныгъэрэ фиIэну, фи унагъуэхэм узыншэу факъыхыхьэжыну Тхьэм жиIэ!
ДЗЭМЫХЬ Маринэ

Добавить комментарий

Ваш адрес email не будет опубликован. Обязательные поля помечены *