ИлъэсыщIэм ипэ къихуэу, Къэрэшей-Черкесым и Iэтащхьэ Темрезов Рэшид республикэм и медицинэ IуэхущIапIэхэм, курыт еджапIэхэм, Черкесск къалэм дэт, цIыхухэр къезышэкI автотранспорт предприятэхэм я унафэщIхэм машинэщIэ 33-м я IункIыбзэхэр яритыжащ. Апхуэдэу, ди хэгъуэгум къыIэрыхьащ еджапIэ автобус 15, «ДэIэпыкъуэгъу псынщIэ» 12, жылагъуэ транспорту автобуси 6.
ИлъэсыщIэм ехъулIэу ята машинэщIэхэм щыщ я насып къихьащ Хьэбэз районым хыхьэ Али-Бэрдыкъуэ къуажэм дэт курыт еджапIэмрэ район сымаджэщымрэ.
— Нобэ къытхуащIа гулъытэм хуабжьу дыщыгуфIыкIащ. ЕджапIэм диIэ автобусым нэрыбгэ 16-т ихуэр. ИлъэсыщIэм ехъулIэу къыдата автобусым тIысыпIэ щIыпIэ 31-рэ иIэщ. Абы и фIыгъэкIэ, зыщIыпIэ тшэн хуей хъумэ, сабий нэхъыбэ къызэщIедгъэубыдэфынущ. Ар зэманым тегъэпсыхьа еджапIэ автобусщ. Нэхъыщхьэр аращи, сабийхэр шынагъуэншу къызэрепшэкIыну IэмалхэмкIэ къызэгъэпэщащ. Мыпхуэдэ илъэсыщIэ саугъэт къытхуэзыщIа ди унафэщIхэм фIыщIэ яхудощI, — жиIащ Али-Бэрдыкъуэ къуажэ курыт еджапIэм и унафэщI Бахътыр Фаридэ.