Бадзэуэгъуэм (июлым) и 12-14 махуэхэм Къэрэшей-Черкесым и къалащхьэ Черкесск «Калейдоскоп народов Кавказа» зи фIэщыгъэцIэ этнофестивалыр щекIуэкIащ.
Абы къекIуэлIащ Урысейм и хэгъуэгу 12-м къикIа хьэщIэхэр: уэрэджыIэхэр, къэфакIуэ гупхэр, цIыхубэ IэщIагъэхэмкIэ IэпщIэлъапщIэхэр, нэгъуэщIхэри.
ЖыIэпхъэщи, Ищхъэрэ-Кавказ, Ипщэ федеральнэ хэгъуэгухэм къабгъэдэкIа хьэщIэхэм къинэмыщIауэ, ди республикэм къеблэгъащ Кърымым, Луганскэ ЦIыхубэ Республикэм къикIа творческэ лIыкIуэхэри.
Фестивалым ипкъ иту гала-концертхэр, цIыхубэ макъамэм, уэрэдым, фащэм я махуэщIхэр, гъэлъэгъуэныгъэ-жармыкIэхэр ирагъэкIуэкIащ. Фестивалыр гуфIэгъуэ дауэдапщэм тету бадзэуэгъуэм и 13-м къызэIуахащ «ХытIыгу ЩхъуантIэ» паркым и утым.
КъинэмыщIауэ, лъэпкъхэм я пщIантIхэр икъукIэ телъыджащэу къызэрагъэпэщащ. Ахэр лъэпкъхэм къадекIуэкI хьэпшыпхэмкIЭ, шхыныгъуэхэмкIэ гъэщIэрэщIат, хьэщIэхэм яхузэIухат. Абдеж дэтхэнэми лъэпкъ щхьэхуэм и хабзэхэм нэIуасэ зыхуищIыну Iэмал щиIащ. Апхуэдэу, адыгэ-хэм я пщIантIэм хьэщIэхэр лъэпкъ джэгукIэхэм щагъэгъуэзащ, «Хъуромэ»-р къагъэлъэгъуащ, лъэпкъ шхыныгъуэхэр, хьэ-лывэ, хьэлыуэ, лыгъур хуэдэр хьэщIэхэм Iурагъэхуащ.







Фестивалым и къызэгъэпэщакIуэу щытащ Къэрэшей-Черкесым щыIэ «Интеллектуально-творческое общество молодежи» жылагъуэ щIалэгъуалэ зэгухьэныгъэр, УФ-м щэнхабзэмкIэ и Министерствэр, КъЧР-м щыIэ Министерствэр и щIэгъэкъуэну, «Карачаево-Черкесский Респуб-ликанский Центр народной культуры» РГБУ-р жэуэ.
Гуапэ зэрыхъущи, мы фестивалым ипкъ иту нэхъыфIым я нэхъыфIу къыхэщахэм ящыщщ Хьэбэз районым щыIэ, Хъупсы-рокъуэ Н. и цIэр зезыхьэ щэнхабзэмкIэ Унэм и «ДЖЭГУАКIУЭ» IуэрыIуатэ-этно-графие театрыр. Абы и унафэщIыр Унэ-гъэс Зэмрэтщ. Абыхэм къагъэлъэгъуащ «Хъуромэ» пасэрей адыгэ хабзэр. АбыкIэ дэIэпыкъуэгъу хъуащ лъэпкъ къафэмкIэ «АШЭМЭЗ» цIыхубэ ансамблыр. Гупым и художественнэ унафэщIщ КъЧР-м щэнхабзэмкIэ щIыхь зиIэ и лэжьакIуэ Уэзрокъуэ Зураб, балетмейстерхэр: Адэмокъуэ Ахьмэдрэ Борсэ Беллэрэ.
Хабзэ дахэр утыку изыхьахэм яхэтащ адыгэ IуэрыIуатэр фIыуэ зылъагъу, лъэпкъым и хабзэхэр мыкIуэдыжыным, къэгъэщIэрэщIэжыным телажьэ, Али-Бэрдыкъуэ къуажэм и нэхъыжьыфI Хутэ Аслъэн, районым и щэнхабзэ къудамэм и гуащэ Даур Аннэ, «Атэжыкъуэ К. и цIэр зезыхьэ Адыгэбзэ Хасэ»-м и пашэ Шэрджэс Расьят сымэ. ГуфIэгъуэшхуэм щIэту, фестивалым къыбгъэдэкIа нагъыщэ нэхъ лъапIэ дыдэр – езанэ нагъыщэ зиIэ дипломыр – Хьэбэз районым и щэнхабзэмкIэ къудамэм хуагъэфэщащ.
АБИДОКЪУЭ Люсанэ, ГЪУКIЭКЪУЛ Иринэ