Къэрэшей-Черкес Республикэм фокIадэм и 24-25 махуэхэм форумышхуэ щекIуэкIащ. Абы и лэжьыгъэм хэтащ властым, дин жылагъуэм, УФ-м и Президентым и Администрацэм къабгъэдэкIа, Катар къэралыгъуэм къикIа лIыкIуэхэр, къэралым и хэгъуэгу зэхуэмыдэхэм къикIа Iимамхэр, хэгъуэгум ит къалэхэмрэ районхэмрэ, къуажэхэмрэ жылагъуэхэмрэ я Iимамхэр.
Форумым и къызэгъэпэщакIуэу щытащ КъЧР-м и ДУМ-р. Абы и япэ махуэр къызэIуахащ Черкесск къалэм дэт, Iимам Iэбу Хьэнифэ и цIэкIэ ислъам институтым щрагъэкIуэкIа, «Защитники Отечества — гордость народов России» зи фIэщыгъэцIэу щыта «Iэнэ хъурей» зэхыхьэмкIэ.
— Республикэм и Iэтащхьэм, си щхьэкIэ къыдбгъэдэкIыу фIэхъус гуапэкIэ зыфхузогъазэ хьэщIэу къытхуеблэгъа псоми, хэгъэрейхэми, нобэрей лэжьыгъэм хэтыну дэтхэнэми. ИкъукIэ мыхьэнэшхуэ зиIэ псалъэмакъщ «Iэнэ хъурей»-м къыщаIэтар. Хэкум и хъумакIуэхэращ Хэку зауэшхуэм ТекIуэныгъэр къытхуэзыхьар, гъащIэр тыгъэ къытхуэзыщIар. Абыхэм я лIыгъэ щапхъэншэращ ди нобэ мамыр гъащIэр къызыпэкIуар. Мы гъэм ТекIуэныгъэ Иныр илъэс 80 зэрырикъуар дэркIэ хэIэтыкIа къэхъукъащIэщ икIи нэхъри тегъэчынауэ ди блэкIа тхыдэ уардэм дрипсэлъэн хуейщ. Дяпэ итахэм ягъэлъэгъуа лIыгъэм, хэкупсагъэм, лъэпкъыпсагъэм пэджэжу нобэ СВО-м хэтщ ди лIыхъужьхэр икIи абыхэм я пабгъэныгъэм, я бэшэчагъым, я псэемыблэжыныгъэм хэти зыщIэдгъэкъуэн хуейщ. Дызыкъарущ, дызыбынщ мамырыгъэм къеныкъуэкъун къыщыхъейкIэ.





Ди къэралым и дэнэ къуапи щызэтегъэпсыхьащ лъэпкъ, дин зэгурыIуэныгъэр, динымрэ властымрэ я зэдэлэжьэныгъэ узыншэр. Ар и лъабжьэу, фIыщIэ псалъэхэр хуэзгъэфэщэну си гуапэщ хэгъуэгум и муслъымэнхэм я динырылажьэ пашэ, КъЧР-м и муфтий Эркенов хьэжы Мухьэммэд. Ар сыт щыгъуи хуэжумартщ щIэблэр гъэсэным, фIым хуэунэтIыным, дин къабзэм и гъуэгум тешэным, хэкупсэу къэгъэтэджыным. Псоми сывохъуэхъу ди махуэ къэс нобэрейм хуэдэу нэхуу, мурадыфIхэмкIэ гъэнщIауэ, абы дызэрыхуэкIуэ гъуэгум пэрыуэгъу щыдимыIэу, жылагъуэ узыншэу дызэхэтыну! — пэублэ псалъэкIэ захуигъэзащ хэгъуэгум и Iэтащхьэмрэ и Правительствэм я Администрацэм и унафэщIым и япэ къуэдзэ Хубиев Марат. УФ-м и Президентым и Администрацэм егъэщIылIауэ дин организацэхэм ядэлажьэ Управленэм и унафэщIым и къуэдзэ Файзулин Алмаз и къэпсэлъэныгъэм къыщыхигъэщащ.
— СВО-р зы махуэкIэ, напIэзыпIэм къэхъея хьэргъэшыргъэкъым, абы хуэкIуащ илъэс бжыгъэкIэ, щытыкIэ зэхуэмыдэхэр къагъэщIурэ Гуауэщ, нэщхъеягъуэщ нобэ къэхъур, фIыгъуэ, уасэншэ хабзэфI псори хэутэн зэращIыр. Ауэ абы пэщIэтын диIэщ икIи сыт щыгъуэ зэмани Хэкум и хъумакIуэм ди къэралым деж пщIэшхуэ щиIэщ, и щIыхьри лъагэщ. Ахэращ нобэ СВО-м хьет жезыгъэIэу, мамырыгъэм хуэлъащэр. Украинэр КъухьэпIэм джэгуэн ищIауэ, зэрыхуейм хуэдэу къегъэIэрыхуэ, ауэ абыхэм я джэгугъуэхэм дэ зыдедгъэхьэхынукъым. ТекIуэныгъэр дыдеинущ! Тегъэчынауэ дызытепсэлъыхьын хуей Iуэхущ форумым къыщетхьэжьари, купщIафIэрэ сэбэпрэ хъуну псоми сывохъуэхъу! — жиIащ Файзулин Алмаз.
А псалъэхэр дищтэу, «Iэнэ хъурейм» лэжьыгъэ купщIафIэкIэ ехъуэхъуу и псалъэ утыку кърихьащ УФ-м и Президентым и Полномочнэ лIыкIуэу СКФО-м щыIэм и аппаратым къыбгъэдэкIыу КъЧР-м щылажьэ федеральнэ инспектор Ясько Юрий. Форумым хэтхэм щызыгъэгъуазэ псалъэкIэ захуигъэзащ КъЧР-м и муфтий Эркенов хьэжы Мухьэммэд. — Ди лэжьыгъэр щетшэжьа ислъам институтыр 1993 гъэм къагъэщIащ. Абы щIигъэкIам ящыщ куэд нобэ Iимаму, динырылажьэ пашэхэу мэлажьэ. Пэжщ, илъэс куэдыфIкIэ институтым и псэ пыт къудейуэ, гъерэт имыIэжыщэурэ щытащ. А илъэсхэм къриубыдэу зы студенти щIигъэкIакъым, иригъэджакъым.
Нобэ, институтым зыкъеужьыж, фолъагъу игъуэта зэхъуэкIыныгъэфIхэр. РекторыщIэ игъуэтащ, Каитов Ахъмэт. Сэ езгъэджащ, и щIэныгъэкIэ, дин зэфIэкIкIэ згъэунэхуащ, пэлъэщыну къызолъытэ зыпэрыува Iуэху мыпсынщIэм. Си гуапэщ къыхэзгъэщыну Къэрэшей-Черкесыр нобэ къэралым и хэгъуэгу нэхъ зэпIэзэрытхэм, зызыужьхэм зэращыщыр. Абы и щыхьэтщ илъэс кIуам турист бжыгъэу къытхуеблэгъар — мелуани 2-м нэс. Ар щыхьэт тохъуэ республикэм щыщыIэ щытыкIэ узыншэм, щыпсэу цIыхухэм я жумартагъымрэ угъурлыгъэмрэ, арщ ди къулеягъ нэхъыщхьэри.
ФIыщIэ псалъэхэр хуэзгъэфэщэну сыхуейщ сыт и лъэныкъуэкIи дэIэпыкъуныгъэ, зэхэщIыкI, щIэгъэкъуэн зыдэдгъуэт федеральнэ купсэм, ди Президентым. Зэгуэрми ди Iуэхухэм щыщымыгъуэза, дыщызэхимыха къэхъуакъым ди хэгъуэгум и Iэтащхьэ Темрезов Рэшид. Тхьэм игъэпсэу! — жиIащ Эркеновым, лэжьыгъэми гъуэгу махуэрэ берычэтрэкIэ ехъуэхъуащ.
КъЧР-м лъэпкъ IуэхухэмкIэ, цIыхубэ коммуникацэхэмрэ печатымрэкIэ и министр Есенеев Мурат къытеувыIащ Министерствэм, республикэм и СМИ-хэм ирагъэкIуэкI лэжьыгъэм, абы къызэщIиубыдэ проект гъэщIэгъуэнхэм, щIэщыгъуэхэм. — Къалэн пажэу къытхуэувыр — щIалэгъуалэр хэкупсэу, лъэпкъыпсэу дгъэсэнращ. Апхуэдэ хьэлыфIагъ-щэныфIагъыр Къэрэшей-Черкес Республикэм и цIыхубэм сыт щыгъуи къыдокIуэкI, гугъуехь къыщыкъуэкIкIэ и лъэпкъ, зэрихьэ дин емылъытауэ, псори зы унагъуэ и быну, я блыпкъ зэгъэкъуауэ ем, бийм пэщIоувэ, — жиIащ министрым икIи форумым хэтхэм лэжьыгъэ купщIафIэкIэ яхъуэхъуащ. СВО-м и ветеранхэу Мутчаев Дахиррэ Акбаев Рэшидрэ «Iэнэ хъурей»-р зытеухуар я нэгу щIэкIауэ щыткIэрэ, зэIущIэм хэтхэр я псалъэ щIагъэдэIуащ, я нэгу къыщIагъэуващ зэуапIэм къыщыхъумрэ къыщекIуэкIымрэ, апхуэдэм дызэрыпэщIэтыпхъэри жаIащ.
Я Iуэху еплъыкIэр, щIэблэ гъэсэныгъэм иIэ мыхьэнэм и уардагъым, уеблэмэ тхыдэм теIэбэжрэ ислъам диным и нобэм щыщIэкIыжу къэпсэлъащ Ищхъэрэ Осетием-Аланием и Iимам Гацалов хьэжы Хьэжмурат. — Аращи, тхыдэм дриплъэжмэ нэхъри наIуэ мэхъу КъухьэпIэр зэгуэрми ди телъхьэу зэрыщымытар, уеблэмэ ди бийщ сыт щыгъуи, ди лъакъуэщIэдзщ, пщIэ къытхуищIкъым. НэгъуэщIым и диным, и хабзэм пщIэ хуэзыщIыфращ диным хуэпэжыр, ауэ нэгъуэщIми, езым ейми елъэпэуэжым пщIэ хуэфащэкъым. Си гуапэщ Къэрэшей-Черкесым дин зыужьыныгъэ и лъэныкъуэкIэ игъуэта зэхъуэкIыныгъэфIхэр. Нэхъри фефIакIуэ, берычэтымрэ Iиманымрэ фыщымыщIэкIэ, — жиIащ Гацаловым. Апхуэдэ псалъэхэр дащтэу, езыхэм я еплъыкIэхэри ягъэнаIуэу утыкум къыщыпсэлъащ ЛНР-м и Iимам Гамбаров Елдар, Астрэхъан областым и муфтий Джантасов хьэзрэт РэIуф, Абхъазым и муфтий Дзыбэ Тимур, Пятигорск дэт мыдрисэм и унафэщI Корохоев Ахъмэт, нэгъуэщIхэри.
Дэтхэнэми и къэпсэлъэныгъэм и купщIэу щытащ псоми зэдэтщтэ, псори акъылэгъу дызэрыхъу унэтIыныгъэр — деувалIэкъым Украинэм щыхъэм, дрителъхьэщ къэралым и Лъэпкъ Пашэм и политикэм, щIэблэм фIымрэ Iеймрэ, захуэмрэ къуаншэмрэ зэхигъэкIыфу, хэкупсэу дгъэсэныр къалэн пажэхэм ящыщщ. КъыкIэлъыкIуэ лэжьыгъэ Iыхьэ хъуащ институтым и пщIантIэм щаухуа мэжджытыр къызэIухыныр. Мыбдежми цIыхур щыкуэдащ: хэгъэрейхэр, хамэ хэгъуэгухэм, Катар нэгъунэ къикIа хьэщIэхэр, «Iэнэ хъурей»-м хэтахэр, журналистхэр, студентхэр. Эркенов хьэжы Мухьэммэд псори Iуэхум щигъэгъуазу, утыкум щигъэIуащ мэжджытыр ухуэныр зи гъерэт, «Iуммэм и пащхьэм щиIэ фIыщIагъэхэм папщIэ» медалри хуигъэфэщащ Байрамуков Артур. Ислъам институтым и ректор IэнатIэм зэрытехьам, ар дэфтэркIэ зэрыщIагъэбыдэжам и щыхьэтлыкI тхылъыр хуигъэфэщащ Каитов Ахъмэт.
Институтым и псыпэм щыта, ар къэзыгъэщIа, жэнэткIэ Алыхьыр зыхуэупсэн Бостанов хьэжы Исмэхьил и цIэр зэрызэрихьэнур, мэжджытым «Жумэ-мэжджыт» щIыхьыцIэр зэрыхуагъэфащэр, азэн зэрыщыджэнур, и бжэхэр а щIыпIэм щыпсэухэми, институтым щеджэхэми яхузэIухауэ зэрыщытынур жиIащ. Мыбдежми Iуэхугъуэ гуфIэгъуэм, гуапэм хуаIэ еплъыкIэхэмкIэ, псалъэ угъурлыхэмкIэ къызэхуэсахэм ядэгуэшащ къеблэгъа хьэщIэхэри хэгъэрейхэри. Мэжджытым палъхьа мрамор плитэм и тепхъуэр техын щIыхьыр хуагъэфэщащ Эркенов хьэжы Мухьэммэд, къалэм дэт «Медсанчасть» IуэхущIапIэм и дохутыр нэхъыщхьэ Темрезов Бориспий, мэжджытыр зыухуа Байрамуков Артур, зи цIэр зэрихьэну Бостанов хьэжы Исмэхьил и къуэшым. Ар зэфIэкIа нэужь, лентIыр зэпаупщIри, мэжджытым япэ лъэбакъуэр щIачащ, япэ жумэ нэмэзыр щызэфIагъэкIащ, япэу Аллыхь ЛъапIэм и псалъэр щагъэIуащ. А махуэ дыдэм, фокIадэм и 24-м Учкекен дэт мыдрисэм динырыгъуазэ щIэнгъуазэ зэIущIэ щекIуэкIащ, «Традиционные Российские духовно-нравственные ценности» и фIэщыгъэцIэу. КъыкIэлъыкIуэуи, Преграднэ станицэми мэжджыт къыщызэIуахащ фокIадэм и 24-м.
Мыдрисэм щрашэжьа псалъэмакъым фокIадэм и 25-м республикэм и ДУМ-м и зэхуэсыпIэ пэшышхуэм щыпащащ, «Мазхаб Абу Ханифа как богатство в исламе» Iэнэ хъурей зэIущIэмкIэ.
Ислъам диным, нэгъуэщI динхэм я купщIэхэм, я фIыгъуэхэм, узэзэгъ мыхъуну КъухьэпIэм игъахъэхэм, динри, муслъымэнри нэмыплъ-IэщIыб зыщIхэм, нэгъуэщI куэдми теухуауэ динырылажьэ пашэхэм я гупсысэхэмрэ Iуэху еплъыкIэхэмрэ къаIуэтащ, я чэнджэщхэмкIэ, я зэфIэкIхэмкIэ зэхъуажэу щытыныр ислъам диныр нэхъри быдэу и лъэ тетыным, щIэблэм и гупсысэр гъуэгу пхэнжкIэ трамышэфыным зэрыщхьэпэнур жаIащ. Ар и лъабжьэу дяпэкIэ зэрызэдэлэжьэнум, зэдаIыгъыну зэпыщIэныгъэм и зэгурыIуэныгъэхэри зэдащIащ. ФокIадэм и 26-м, мэрем махуэм, Черкесск къалэм дэт соборнэ мэжджытым, Москва и муфтий, Московскэ соборнэ мэжджытышхуэм и Iимам Аляутдинов хьэзрэт Илдар жумэ нэмэз щригъэкIуэкIащ.
ТУАРШЫ Ирэ
Больше на Черкес хэку
Подпишитесь, чтобы получать последние записи по электронной почте.