ЗыузэщIыныгъэм хуолажьэ

Иужьрей илъэсхэм икъукIэ захъуэжащ икIи ефIэкIуащ республикэм и къуажэхэм, къалэхэм я теплъэм. Апхуэдэ зэхъуэкIыныгъэфIхэм лъабжьэ яхуэхъуащ «Городская среда» парт проектыр, «Инфраструктура для жизни» лъэпкъ проектыр. Республикэм и къалащхьэр къапщ тэмэ, цIыхухэр куэду щызэхуэс жылагъуэ щIыпIи 9 зэтегъэпсыхьа хъуащ. Абыхэм языхэзщ Черкесск къалэм и Ищхъэрэ лъэныкъуэм, «Медсанчасть» Iэхэлъахэм, щэнхабзэмкIэ Унэм и пащхьэ щиIэ щIыпIэр. ИпэкIэ ар паркыу щытащ, ауэ куэд щIат ар а теплъэм икIыу хэкIуэдэжыпэным зэрынэсрэ: зэгуэр лэжьа псыутхым псы ткIуэпси илъэс заул хъуауэ къыпыжыжтэкъым, лъэс лъагъуэхэри хэкIуэдэжат, кIэрыхубжьэрыхум зэщIисеят. Псоми ятекIуэу, щIыпIэм иджыри псэ зэрыIутыр къозыгъащIэу къинэжар жыг уардэ дахэшхуэхэрат.

Иджы, мис, мазэ зытIущ хъуауэ мы щIыпIэм лэжьыгъэшхуэ щокIуэкI, ухуэныгъэм и даущыр нэху щыгъуэм щIедзэри, цIыхухэр бэяужыхун щIыпIэм щхьэщытщ. А даущым къыдэкIуэуи, къыпхуэмыцIыхужыну, махуэ къэс нэгъуэщI теплъэ къищтэурэ, щIыпIэм зехъуэж. Къыхэгъэщыпхъэщи, ЗАГС бжэIупэр зэрагъэзэхуэжыныр ауэ нокIуэкIэ къыхаха хъуакъым. АтIэ, абы лъабжьэ хуэхъуащ Урысейпсо цIыхубэ онлайн IэIэтыр. ЦIыхухэращ зыгъэнэIуар зэгъэзэхуэжыныгъэ хуэныкъуэ щIыпIэр.

Пэжу, «зэгъэзэхуэжыныгъэ» псалъэм нэхърэ «ухуэныгъэщIэр» нэхъ екIуну къыщIэкIынщ мы Iуэхум. АтIэ, километр зэбгъузэнатIэ мини 7 къызэщIэзубыда лэжьыгъэр цIыкIукъым. Нэхъ къаруушхуэрэ зэманрэ зыхьар паркым ита ухуэныгъэжьхэр ирагъэкъабзыкIынращ. Абы кIэлъыкIуэу ухуэныгъэщIэм хуэгъэхьэзырын щIадзащ: коммуникацэхэр ирашэлIащ, дяпэкIэ мыбдеж къиувэнущ амфитеатр, псыутх, аркэ, тIысыпIэхэр, къэзыгъэнэху Iэмал къулейхэр, лъэс зекIуапIэхэр, видеокIэлъыплъыныгъэ техникэр. А псори зэщIагъэдэхэнущ удз гуэрэнхэмкIэ, щхъуантIагъэхэмкIэ, дадий дахэхэмкIэ. ЩэнхабзэмкIэ Унэм и пащхьэм иIэщ «Родина» паркыр.

Ар зыгъэпсэхупIэ дахэрэ уардэу зэтегъэпсыхьа щхьэкIэ, иIэкъым концерт, зыкъэгъэлъэгъуэныгъэ зэхуэмыдэхэр здрагъэкIуэкIыфын утыкуи, щIыпIи. Иджы, ухуэныгъэщIэр хьэзыр хъумэ, апхуэдэ лъэпощхьэпор зэфIэха хъунущ, паркыщIэр къалэдэсхэмкIи, хьэщIэхэмкIи, щэнхабзэмкIэ Унэм щекIуэкI Iуэхугъуэхэм къекIуалIэхэмкIи зыгъэпсэхупIэ хьэлэмэту яIэнущ. Мыхьэнэшхуэ иIэщ ЗАГС-м къыщIэкIыж, унагъуэщIэ зэдэзыщIа ныбжьыщIэхэр япэ лъэбакъуэкIэ мы паркым къызэриувэнум, абдеж я япэ унагъуэ сурэтхэр зэрызытрагъэхынум. Къалэдэсхэр, зи гъащIэм япэ гуфIэгъуэ лъэбакъуэр зэдэзычхэр къазэрыщыгугъым жэуаплыгъэу къыдэкIуэр хьэкъыу зыхащIэу, икъукIэ елIалIэу, шэщIауэ паркыщIэм йолэжь «Стройград» ООО-р. ЖыIэпхъэщи, республикэм и къалащхьэм и щIыпIэ нэхъ цIыху кIуапIэхэр, зыгъэпсэхупIэ цIэрыIуэхэр, федеральнэ мылъкуи хэту яухуэхэр зи IэрыкIыр мы ухуакIуэ компанэращ. Апхуэдэу, абы и Iэпэм къыщIэкIащ псоми фIыщэу тлъагъу «ХытIыгу ЩхъуантIэ» зыгъэпсэхупIэ паркым щыIэ ныбжьрей гуэлым егъэщIылIа дахагъэхэр, къалэкум иIэ паркым ит псыутх фэзэхъуэкIыр, къалэм и купсэ Красноармейскэ уэрамым тращIыхьа хъыринэ, къэзыгъэнэху пкъо, тIысыпIэ, къинэмыщI куэдыр, «Молодежный Центр» IуэхущIапIэ унэр, «Родина» паркым и къулеягъ псори. ШэщIауэ ядолажьэ «Сатурн» «Аквалайн», РТИ IуэхущIапIэхэми, унагъуэхэми. Куэд мыщIэу щIадзэнущ Адыгэ-Хьэблэ къуажэм щыIэ паркым елэжьын.

Куэдщ мы ухуакIуэ компанэр зэрыщыIэ илъэс 18-м зэрынэхьэсым къриубыдэу и гуащIэм къыпэкIуари, мураду къапэщытхэри нэхъ мащIэкъым зыуи. Абыхэм нобэ къалэдэсхэми, хьэщIэхэми я гукъыдэжыр къаIэт, тыншу, шынагъуэншэу загъэпсэхуным щхьопэ, къалэм, къуажэхэм я теплъэр ирагъэфIакIуэ. Компанэм, я IуэхущIафэхэм, нобэ зыхэт лэжьыгъэм я гугъу къытхуищIащ «Стройград» ООО-м и генеральнэ унафэщIым и къуэдзэ КIыкIутIу Мурат. — «Стройград» фирмэм и генеральнэ унафэщIыр Иуан Маратщ. Гупыр лъэпкъ зэхуэмыдэхэм къахэкIа лэжьакIуэхэу, IэщIагъэлIхэу зэхэтщ, инкъым, ауэ зэгъэуIуащ, зыпэрыт Iуэхум хуэIэижьхэщ. ФIы гъуэ куэд и IэрыкIщ ди компанэм. Псоми дрогушхуэ, ди ехъулIэныгъэу къыдолъытэ, ауэ нэхъыщхьэ дыдэу, псыутххэр духуэныр зэредгъэжьауэ, проектым щегъэжьауэ ухуэныгъэм щыщIэкIыжу къаруушхуэ зэтхьэлIауэ къызолъытэ къалэ купсэ паркым ит псыутхыр. Ар зэмыфэгъуу хонэ, макъамэ щIэту псым зеIэт, къызэрымыкIуэщ и теплъэр. А псори зэбгъэуIуу, шынагъуэншэу, дахэу жылагъуэм и пащхьэ къипхьэныр Iуэху псынщIэу щытакъым. «Молодежный Центр»-р гугъушхуэ дызыдехьа, ауэ дыкъимыкIуэту зэнэдгъэса лэжьыгъэфIщ.

Нобэ дызыхэт лэжьыгъэри гъэщIэгъуэнщ, зыхуэдэ ЮФО-м щыIэкъым жысIэми сымыгъуэщэну къыщIэкIынщ. Мы ухуэныгъэр зэнэдгъэсыным зэману къытхуагъэнэIуар мащIэ дыдэщ, фокIадэм псори духын хуейщ. Апщыгъуэми, дгъэнэIуа лэжьыгъэ мардэм къинэмыщIахэри, демыжьа гъэххэу къытхукъуэкIащ. А псори зэман кIэщIым къриубыдэу зэдгъэзэхуэжу, духуэу, къетхьэжьа Iуэхум къинэмыщIа, дызэмыжьахэри едгъэхъулIэн хуейщ. Дауэми, мардэхэм дизагъэу долажьэ, процент 70-80-м нэскIэ лэжьыгъэр хьэзырщ. Ар Iейкъым, пIалъэм дыкъыкIэрымыхуу долажьэ, — жеIэ IэщIагъэлIым. Къыхэгъэщыпхъэщи, «Стройград» фирмэм езым и лъэщапIэхэр иIэщи, абыхэм технологиещIэхэмкIэ, оборудованэ къулейхэмкIэ щещI яухуэ объектхэм щагъэувыж хьэпшып куэд: тIысыпIэхэр, пкъохэр, кIэрыхубжьэрыху идзапIэ ашычхэр, къинэмыщIхэри. Апхуэдэ лэжьыгъэ зэтегъэпсыхьыкIэр, шэч хэлъкъым, компанэмкIэ сэбэпышхуэ мэхъу. Ари мы компанэм и лэжьэкIэ щапхъэфIщ: ухуэныгъэр яуха нэужь, компанэм и щIыб къигъазэу ежьэжкъым, атIэ, иухуам кIэлъоплъ, псыутххэр егъэкъабзэ, зэрехьэ. Абы къыдэкIуэу, ди псэлъэгъум и гукъеуэ лъэныкъуэри къыхигъэщащ: — Сыт хуэдэ ухуэныгъэри мардэм, жыпхъэм иту къызыдогъэпэщ. Ауэ хъыринэр, тIысыпIэр зыхуэмыгъэщIа хьэлъагъым, цIыху бжыгъэм хуагъэлэжьэну щыхуежьэкIэ, я нэIэр сабийхэм быдэу щытрамыгъэткIэ, псыутххэм кIэрыхубжьэрыхуххэр щыхадзэкIэ, зыщыхагъэпскIыхькIэ, куэдщ апхуэдэ ныкъусаныгъэхэр, дэтхэнэри къыпхуебжэкIынукъым — зыгуэрым фэбжь хех, зыгуэр мэкъутэ, мэджалэ… КIэщIу жыпIэмэ, ухуэныгъэмкIэ жэуаплыгъэ дыхьу щыщыткIэ, псалъэм и жыIэгъуэкIэ, мелуан тедгъэкIуэдамэ, мелуани 2-3-кIэ дыщагъэпшынэ, щыдагъэщIыж къохъу.

Апщыгъуэми ди лажьэ хэмылъу. Абы къыхэкIыу, захуэзгъэзэну сыхуейщ цIыхухэм: зейр фэращ, зыхуэтщIар фэращи, ягъэкIынкъым, фыхуэсакъ, зефхьэ, фи зэрани къыхэмыкIыу, дэри ди гуащIэр хэутэн фымыщIу, — жеIэ КIыкIутIу Мурат. Сыт пыплъхьэн апхуэдэ псалъэ узыншэм?! Бдыдощтэ икIи дывохъуэхъу ухуакIуэм и гуащIэ мыпсынщIэр къызыгурыIуэн жылагъуэу дыкъыхущIэкIыну! Фи гугъуехь и хъер флъагъужыну! КъэвгъэщIыр куэду, къызыхуэсэбэпыр мамырыгъэрэ зыузэщIыныгъэу ену щрет!

ТУАРШЫ Ирэ


Больше на Черкес хэку

Подпишитесь, чтобы получать последние записи по электронной почте.

Добавить комментарий

Ваш адрес email не будет опубликован. Обязательные поля помечены *