Зыубыд, си жьэ, зышыIэ, сигу!

ШыIэныгъэм (толерантностым) и Махуэр ЮНЕСКО къэралыбэ организацэм игъэувауэ щытащ 1995 гъэм. Абы къыкIэлъыкIуэ 1996 илъэсым ООН-м и Генеральнэ Ассамблеем а къэралыбэ организацэм хэтхэм чэнджэщ ярихьэлIащ щэкIуэгъуэм и 16-р шыIэныгъэм и къэралыбэ Махуэу ягъэлъэпIэну. «Толерантность» мыхьэнэр къыщожьэ «tolerantia» (толеранция) латын псалъэм, икIи къокI «шыIэныгъэ».

Урысей Федерацэм шыIэныгъэм и Махуэр щагъэлъапIэ 2005 гъэм щегъэжьауэ. ЩэкIуэгъуэм и 16-м шыIэныгъэмрэ зэныбжьэгъугъэмрэ я гугъу щащI еджапIэхэм, гуащIэдэкI гупхэм, цIыху куэд зыхэт жылагъуэ зэхыхьэхэм. ЕгъэджакIуэхэр классым щIэс сабийхэм щепсалъэкIэ, ищхьэ еджапIэхэм я аудиториехэм лекцэ къыщеджэкIэ, а махуэр къагъэсэбэп я гъэсэнхэм шыIэныгъэм, худэчыхыныгъэм и мыхьэнэр къыгурагъэIуэн, шыIэныгъэм, цIыхум и хуитыныгъэм, зэхущытыкIэхэм егъэзыгъэ къыхэмыхуэным епха Iуэхугъуэ гугъухэр къызэранэкIынымкIэ ящхьэпэн щхьэкIэ. Урысей Федерацэр лъэпкъ куэд зыщыпсэу къэралщ, Къэрэшей-Черкесри лъэпкъыбэ республикэщ, абы къыхэкIыу, мыхьэнэшхуэ иIэщ дэтхэнэ цIыхуми шыIэныгъэ хэлъыным.

ШыIэныгъэ зыхэлъым пщIэ хуещI нэгъуэщI цIыхум, нэгъуэщI лъэпкъым, нэгъуэщI диным. Къэралхэмрэ правительствэхэмрэ я Iэтащхьэхэм 2005 гъэм Дунейпсо саммит щрагъэкIуэкIам къащта унафэ тхылъым деж къалэну зыхуагъэувыж цIыхуцIэ зиIэм и зэIузэпэщым, хуитыныгъэмрэ зыужьыныгъэмрэ ящхьэпэну, цIыхухэр хуагъэсэну шыIэныгъэ яхэлъыным, пщIэ зэхуащIыным, щэнхабзэ, цивилизацэ, лъэпкъ щхьэхуэхэр зэгурыIуэу зэдэгъэлэжьэным. ЮНЕСКО къэралыбэ организацэм и декларацэм къызэрыщыгъэлъэгъуамкIэ, шыIэныгъэм къызэщIеубыдэ дуней псом тет цIыхухэм я хьэл-щэным и Iыхьэ, унэтIыныгъэ нэхъыщхьэхэр.

ШыIэныгъэ яхэлъу, худэчыхыныгъэрэ гуапагъэрэкIэ псори еувэлIэн хуейщ: — цIыхур зэрыщыт дыдэм, апщыгъуэми ар езыхэр зэрыхуейм хуэдэ ящIыну хуемыжьэу; — нэгъуэщI щэнхабзэхэмрэ лъэпкъхэмрэ пщIэ яхуэщIыным; — дыкъэзыухъуреихь дунейм и зэмыщхьыныгъэм гу лъатэным, яр ягу трагъэхуэным, дунейр зыгъэдахэр цIыхухэр зэрызэмыщхьыр арауэ зэрыщытыр къагурыIуэным; — абыхэм яхузэфIэкIыр къагъэлъэгъуэну зэрыхуитыр зыщамыгъэгъупщэным. Декларацэр зэхэзылъхьахэр зэрегупсысымкIэ, нэгъуэщIхэр зэпхъуэкIыну, зэрыщымыт пщIыну ухуежьэныр, хамэ щэнхабзэ хабзэхэр Iумпэм бгъэхъуныр ящыщщ иджырей жылагъуэ утыкум и шынагъуэ нэхъыщхьэхэм. Дунейм и къэрал куэдым лъэпкъ «къабзэхэр» къинэжакъым. ЦIыхухэр увыIэгъуэ ямыIэу зэрыкуэшым къыхэкIыу жылагъуэхэр зэхэзэрыхьыжащ. Угъуея мэхъу щэнхабзэ куэду зэхэт социумхэр, апхуэдэхэм деж шыIэныгъэмрэ зэхудэчыхынымрэщ ящхьэпэнур зэгурыIуэныгъэм, зэхущытыкIэфIхэм, абы щIыгъуу жылагъуэми и зыужьыныгъэм. ШыIэныгъэншагъэм къыпокIуэ лъэпкъ зэгурымыIуэныгъэхэр, зауэхэр.

Апхуэдэу щыщыткIэ, шыIэныгъэншагъэр мамырыгъэм и бий нэхъыщхьэщ. Къэрэшей-Черкесыр лIыщIыгъуэ куэд хъуауэ мэпсэу и лъэпкъ куэдыр зэхэсу, зэгурыIуэмэ зэдэIуэжу, зым Iэпыхур адрейм къищтэжу, зэдэIэпыкъуу, гугъуехь хъумэ зызэщIагъакъуэу. Апхуэдэщ щытар, псалъэм папщIэ, къэрэшейхэр щрагъэкIам, къыщыкIуэжам. Лъэпкъ псори зэхэлъадэри, зы унагъуэм хуэдэу кърагъэблэгъэжащ. ШыIэныгъэр къыздежьэр цIыху щхьэхуэм и дежщ, ар зэрагъасэращ. Сэ игъащIэкIи зыхэзубыдащ си анэм къызжиIэу щыта псалъэхэр: «Зыщомыгъэгъупщэ, си щIалэ. Зыгуэр уигу щытемыхуэм, ущызэгуэпым деж укъэмыгубжь, зыжеIэж: «Зубыд, си жьэ, зышыIэ, сигу!» ЦIыху щхьэхуэм гъэсэныгъэ хэлъмэ, къуажэми гъэсэныгъэ дэлъынущ, лъэпкъ утыкуми зэгурыIуэныгъэрэ зэхудэчыхыныгъэрэ илъынущ…» ШыIэныгъэм и Махуэми аращ псори дыкъызыхуриджэр, дызыхуигъасэр, дызыхуиунэтIыр.

ДЭБАГЪУЭ Хьэтызэ


Больше на Черкес хэку

Подпишитесь, чтобы получать последние записи по электронной почте.

Добавить комментарий

Ваш адрес email не будет опубликован. Обязательные поля помечены *