Адыгэ псалъэжьхэр хъуэрыбзэ къэкIуэкIэм ит гупсысэ куухэмкIэ апхуэдизу гъэнщIащи, дэтхэнэмкIи диссертацэ птхыфынущ. Ди щIэныгъэрылажьэхэмрэ еджагъэшхуэхэмрэ а темэм гу лъатамэ хъунут… Сэри апщIондэху псалъэжьым и къэухьхэм иту къэхутэныгъэ цIыкIу езгъэкIуэкIынщ.
Дэ тщыщ дэтхэнэми зэ нэхъ нэмыIэми, мыпхуэдэ щытыкIэ гурымыIуэгъуэр игъэунэхуагъэнщ. Адрейхэм заримыгъэщхьу, цIыхур зэрыщытауэ къэнэжыныр хуэдэщ псыежэхым пэщIэувэу дрекIуеиным. Къыщыхъунущ жылагъуэ утыкум «конформизм» жыхуаIэ гуитIщхьитIыгъэр нэхъ къыхихыу, зыгуэрхэр зым егупсысу, нэгъуэщIыр жаIэу, ещанэр ящIэу псэууэ. Апхуэдэу щхьэ хъурэ?
Сыт цIыхухэм ягу щIытемыхуэр езыхэм ямыщхьхэр? Дыхуежьэнщ а упщIэ къызэрымыкIуэм жэуап еттыну. Зэ папщIэ къыпфIэщIынущ жылагъуэ утыкум цIыху къызэрымыкIуэхэм, хэлъэт лей зиIэхэм пщIэ лей хуащIыпхъэу, сыт щхьэкIэ жыпIэмэ, апхуэдэ цIыхухэращ щэнхабзэм, щIэныгъэм, гъуазджэм зезыгъэужьыр. АрщхьэкIэ, пцIым сыт и мыхьэнэ, гъащIэм деж зэрыхъур нэгъуэщIущ.
Адрейхэм къахэщ, яфIэкI цIыхур (урысхэм я жыIауэ, «къуаргъ хужьыр») пэщIохуэ дзыхь къызэрыхуамыщIым, зэраубым, къуагъкIэ къызэрыхуэпсалъэм, хъуагъэщагъэхэр къызэрыкIэлъызэрахьэм, уеблэмэ зэрызыхамыгъыхьэм. Абы щхьэусыгъуэ хуэхъухэм ящыщ зыщ цIыхухэр зэхъуэкIыныгъэхэм зэращышынэр, зэрахуэмыхьэзырыр. Адрейхэм ямыщхьу гупсысэхэм, утыкум щызекIуэ гъэпсыкIэхэм ибэкъукIыу Iуэху зыщIэхэм къызэрыкIуэ цIыхухэр ягъэпIейтей, зэса зэпIэзэрытыныгъэ нэпцIыр, шынагъуэншэу къащыхъу къэухьхэр зэхакъутэ. Дэтхэнэ зэхъуэкIыныгъэми егупсысын, къару ирахьэлIэн хуейщ. Абы псори хуэхьэзыркъым икIи я мыарэзыныгъэр япэ кърагъэщ. Ар нобэкъым къыщежьар, цIыху къызэрымыкIуэхэр адрейхэм дапщэщи ягу техуэкъым.
Хьисэ Бегъымбарри (Иисус Христос) Iэджэм яфIэфIтэкъым, уеблэмэ яукIащ. Мухьэмэд Бегъымбарыр мэжусий диныр зезыхьэ корейшитхэм зэхэзехуэн ящIу щытащ, уеблэмэ яукIынуи пылъащ. Хьисэ Бегъымбарым нэмыплъ лъызыгъэса журт динырылажьэхэр тхыдэм щыгъупщэжащ, Мухьэмэд Бегъыбарыр гугъу езыгъыхьа корейшитхэри къум пшахъуэм хэкIуэдэжащ. Официальнэ щIэныгъэр зэмыувалIэ, тхыдэ хэкIыпIэу къимылъытэ хъыбарыжьхэмрэ эпосхэмрэ къазэрыхэщыжымкIэ, зэгуэрым цIыхухэр псэуащ зэгурыIуэмэ зэдэIуэжу, зэрымыгъэбийуэ, зэхуэмыпсалъэу, зэмыфыгъуэу, зэмыижу. Апхуэдэ лъэхъэнэ зэрыщыIар зи фIэщ хъухэр нобэ мащIэкъым, сэри абыхэм сащыщщ. «Дыщэ лIыщIыгъуэ» («Золотой век») зыфIаща а зэман жыжьэм псэуащ цIыху зэчиифIэхэр.
Сэнаущ зимыIэ яхэттэкъым. Мис иджы дыкъынэсащ тхыгъэм щхьэщIэдзапIэ хуэсщIа адыгэ псалъэжьым – «Зым хуэмыфI хьэдрыхэ кIуэкъым». Си гугъэщ ар зи гугъу сщIы «Дыщэ лIыщIыгъуэм» къыхэкIауэ. Сэ си щIэныгъэкIэ, си IэщIагъэкIэ сыегъэджакIуэщ, сыгъэсакIуэщ, икIи сабийхэм я къэкIуэнур унэтIа зэрыхъунум куэдрэ сегупсысащ. Сэ цIыкIухэр щызгъэсащ, щезгъэджащ Черкесск, Курджиновэ, АлиБэрдыкъуэ, Жьакуэ.
ИкIи гу лъыстащ дэтхэнэ сабийри кIуэрабгъу щхьэхуэм зэрыдихьэхыр, IэнатIэ щхьэхуэм зэрыщIэ хъуэпсыр. Абы и чэзум гу лъызытэ адэанэхэм, егъэджакIуэхэм я махуащ. Япэу Курджиновэ лэжьэн щыщIэздзам щегъэжьауэ, сыт щыгъуи си гур яхуэмыгъуэт сабий «гугъухэм», адрейхэм яхэмызагъэхэм, ахэр згъэныбжьэгъут, я адэ-анэхэм я деж сыкIуэт, сакIэлъыплът. Езыхэри апхуэдэ къабзэу къакIуэт сызыщыпсэу унэм. Сабийхэм апщыгъуэм псоми яIэт лъакъуэрыгъажэ (велосипед). КъызэлъэIут сэри срагъусэу лъакъуэрыгъажэкIэ Краснодар крайм и Мостовская жылагъуэм и еджапIэм садэкIуэну. ЖысIэт лъакъуэрыгъажэ зэрызимыIэр, къэсщэхунуми тыкуэнхэм зэрытемылъыр. Тхьэмахуэ текIатэкъым си щIалэ цIыкIу къуейщIейхэм Iыхьэ зэщымыщ защIэу зэхуахьэсу, зэпкъралъхьэу лъакъуэрыгъажэ къыщысхуахуам. АбыкIэ Iэджэрэ си классым сыщIыгъуу лъакъуэрыгъажэ зекIуэ сежьэжащ.
Мыбдежым жысIэну сызыхуейр аращи, апхуэдэ зэфIэкIрэ хэлъэтрэ къэзыгъэлъэгъуар нэхъ емыджэфу, жыIэмыдаIуэу, классым хэса Деркачев Сашэт. Сэ пасэу гу лъыстат Сашэ техникэр зэрыфIэфIым. Диссертацэхэр къэпщэхуу еджагъэшуэ нэпцI ухъу нэхърэ, механизатор зэчиифIэ къыпхэкIмэ, нэхъыфIщ езы цIыхумкIи ар зыщыпсэу жылагъуэ утыкумкIи. Ар иужькIэ «Лабэ» совхозым и механизатор нэхъыфIхэм хабжэ хъуауэ зэхэсхыжащ, и сурэти «Ленинское знамя» (иджы «День республики») газетым къытехуауэ слъагъужащ.
СызэрыгуфIам ущIэмыупщIэми хъунущ. КъызгурыIуащ абы сызэрыдэлэжьар, щIалэ цIыкIур техникэм зэрыхуэщIам и чэзум гу зэрылъыстар псыхэкIуадэ зэрымыхъуар. ЦIыхур щIэфыгъуэр, щIэижэр сыт? КъызыхуагъэщIа IэщIагъэмрэ IэнатIэмрэ зэримыгъуэтаращ. ЦIыхухэр зэчиифIэрэ мызэчиифIэу зэхэзыгъэжри аращ. Тхьэм къызыхуигъэщIа IэщIагъэр сабийхэм псоми и чэзум къыхахмэ, ахэр хъунущ насыпыфIэрэ арэзырэ. Апхуэдэхэр нэгъуэщIхэм нэбгъузкIэ еплъынукъым, атIэ фIыуэ ялъагъу Iуэхур гугъэзагъэу ягъэзэщIэнущ. Нэхъыбэ хъунущ еджагъэшхуэхэри, IэщIагъэлI Iэзэхэри. Абы ипэкIэ игъэкIуэтэнущ ди псэукIэри, ди зэхэтыкIэри. «Дыщэ лIыщIыгъуэми» къигъэзэжынкIэ зыри хуэIуакъым. Мы Iуэхум нэгъуэщI лъэныкъуэкIи дыкъыпекIуэкIынщи, Тхьэм цIыхум кърита лъэкIыныгъэхэр къимыгъэсэбэпмэ, и гъащIэр мыхьэнэншэ, купщIэншэ, езы цIыхур тэмакъкIэщI, бзаджэ, уеблэмэ сымаджэрилэ мэхъу. ХыхьэхэкIым и лъэныкъуэкIэ хэлъэт, гупсысэ жан зиIэм хуэфащэ IэщIагъэ имыгъуэтмэ, абы и лъэкIыныгъэ къызэрымыкIуэхэр тIум щыгъуэми къигъэсэбэпынущ, ауэ … щIэпхъаджагъэхэм деж.
ЩIэпхъаджащIэхэм зэчиифIэ дапщэ яхэта, яхэт? КуэдыкIейщ… Абыхэм и чэзум унэтIыныгъэ тэмэмрэ IэщIагъэрэ ягъуэтауэ щытамэ, ахэр псэунут хабзэм емыбакъуэу, жылагъуэ утыкум сэбэп къыхуахьу. Мыбдежым сигу къокIыж «Клон» бразильскэ сериалыр зэриухыр. Алий махъшэм тесу, къум пшахъуэхэм хэту, къыздэкIуэм жеIэ: «Алыхьым цIыхур къигъэщIащ насыпыфIэу щытыну». Абы щIыбгъуни щыIэкъым, хэбдзыни хэлъкъым.
ДЭБАГЪУЭ Хьэтызэ
Больше на Черкес хэку
Подпишитесь, чтобы получать последние записи по электронной почте.