«Зы псэ, зы бзэ, зы хабзэ»


ЛъэпкъыбзэхэмкIэ Къэралыбэ Махуэм ехъулIэу, Али-Бэрдыкъуэ къуажэм дэт «Золушка» сабий IыгъыпIэм «Зы псэ, зы бзэ, зы хабзэ» щхьэщIэдзапIэм щIэту, пшыхь щекIуэкIащ. Абы кърагъэблэгъащ Хьэбэз муниципальнэ район администрацэм егъэджэныгъэмкIэ и къудамэм и унафэщI Сидакъ Жаннэ, методист Тхьэгъэпсэу Фатимэ, къуажэм и нэхъыжьхэм я советым, адэ-анэхэм я комитетым хэтхэр. Дауэдапщэм и мурад нэхъыщхьэу щытар адыгэбзэмрэ щэнхабзэ щIэинхэмрэ хъумэныр, сабийхэр хэкупсэлъэпкъыпсэу къэгъэтэджыныр, лъэпкъым и бзэмрэ щэнхабзэмрэ теухуауэ цIыкIухэм я щIэныгъэм зегъэужьыныр, абыхэм анэдэлъхубзэм хуаIэ фIылъагъуныгъэр нэхъри гъэбыдэнращ.


Сабий IыгъыпIэм и унафэщI ХьэкIырэ (ЛIымахухэ япхъущ) Фатимэ къызэхуэсахэм фIэхъус псалъэкIэ захуигъэзащ. Ар къытепсэлъыхьащ адыгэбзэм, анэдэлъхубзэм лъэпкъымкIэ мыхьэнэшхуэ зэриIэм икIи фIыщIэ яхуищIащ зи бзэр псэм пэзыщI, ар зыфIэIэфI, ар сыт щыгъуи япэ изыгъэщхэм, зи тхыдэжьыр зыгъэлъапIэ дэтхэнэми. ИужькIэ лъэпкъ макъамэ дахэм щIэту, утыкум къихьащ дадэр (ролыр зыгъэзэщIар Хьэжмыстафэ Белэщ). Ар жыг щIагъым щIэт тетIысхьэпIэм йотIысэх. Нанэр (ролыр зыгъэзэщIар Щохъужь Ларисэщ) абы къыбгъэдохьэри къоупщI: — Жьы къабзэм ухэсу шей хужь пщтыр тIэкIу уефэкъэ, дадэ, къыпхущIэсхащ. — Уэлэхьи фIы дыдэкIэ, уэуеи къэхьи къэтIыс, нанэ, ди къуэрылъху цIыкIухэр къэушакъым иджыри. — Уэ дадэ, уузыншэ? Сыту Iейуэ ухэплъэрэ? Сыт уигу къеуэр, щхьэщIэгупсыс узыщIар сыт? — щIоупщIэ нанэр. — СыткIэ сыхэмыгупсысыхьынрэ, атIэ, нэху зэрыщрэ сыт щIа, дыгъэр мыдэ къыдэкIуэтеягъэхэщ? Мы ди къуэрылъху цIыкIухэр къызэремыжьэхэ. — Алыхь сымыщIэ, дадэ, сэри ар си гукъеуэкIэ. Телефон гуэрхэр яIыгъщи жэщныкъуэ нэс схуамыгъэтIылъу, сфIыщысхэщ, итIанэ шэджагъуэ нэс зыкъаIэтыфкъым. — Сыту Iейуэ мы телефон жыхуаIэр къагупсысат, цIыхуцIэр ягъэунэхъуащ, сабийхэм я узыншагъэр халъхьэ, апхуэдэнумэ ди сабийхэр хьэфиз хъунущ. Абы хэту цIыкIухэм я макъыр къоIу. — Зэт-зэт, дадэ, модэ я макъ зэхэсх сфIощI. СыкIуэнщи пщэдджыжьышхэ згъэшхэнхэщ, — жери нанэм унэмкIэ еунэтI. — Мэуэ къыщIэгъэкIхэ, хьэуа къабзэ яшэнщ, джэгунхэщ, сэри тIэкIу саIуплъэнщ. Тхьэмахуэ хъуащ ди къуэрылъху цIыкIухэр къызэрашэри, тыншу я сурэт дымылъэгъуа, даймыпсэлъэфа, ауэрэ зыгъэпсэхугъуэ мазэри лъэтэнущи къалэм яшэжынухэщ, — жеIэ дадэм. Абы хэту сабийхэр къыщIэкIри, дадэм зыкъыхуашиящ, IэплIэ къыхуащIащ. — Уэ ТIатIу, игъуэ зэ фыкъыщIэкIамэ мы унэм, — дадэр ящогуфIыкI и къуэрылъху цIыкIухэм. Нани Iэнэр асыхьэту къеузэдри, цIыкIухэр пэрегъэтIысхьэ. АрщхьэкIэ ерыскъым хэIэбэхэкъым. — Мэт Адисэ, мы тIэкIур шхыт, — нанэ хьэтыкъыр хуеший сабийм. — Ар сыт, сыхуейкъым нанэ, —щIоупщIэ Адисэ зи цIэ цIыкIур (урысыбзэщ зэрыпсалъэр). — Уэ си сабийхэ мыр хьэтыкъщ. Мыр нартыху хьэжыгъэм къыхагъэжьыкI. Мыбы къыуат щIэлъщ, ар пшхымэ къару пхуэхъунщ, — нанэр мэлъаIуэ, арщхьэкIэ сабийхэм зыIуалъхьэн ядэкъым. Телефоныр къащтэри, ириджэгун щIадзэ. Абы хэту пщIантIэм гъунэгъу сабийхэр къыдолъадэ. — Фи пщэдджыжь фIыуэ дадэ, нанэ. Дадэ дыгъуасэ хуэдэу укъыддэджэгукъэ, — зыхуагъазэ гъунэгъу лIыжьым. — Ахьеймэ, фыкъетIысэкI мэуэ, фи акъыл цIыкIухэм я жанагъыр къэтхутэнщ. Абдеж «ФщIэуэ пIэрэ?» джэгукIэр дадэ ирегъажьэ. Ар щIоупщIэ адыгэхэм я макъамэ Iэмэпсымэхэм, хьэгъуэлIыгъуэм щекIуэкI хабзэ Iуэхугъуэхэм ящыщ цIыкIухэм яцIыхумэ. — Макъамэ Iэмэпсымэщ шыкIэпшынэр, пшынэр, пхъэцIычыр, бжьамийр, хьэгъуэлIыгъуэ хабзэхэм ящыщщ унэишэр, нэчыхьытхыр, щауэишыжыр, гуащэтехьэр, хъы техыр.… — сабийхэм кърабжэкI. КъинэмыщIауэ, дадэр щIоупщIэ нэхъыжьым, хьэщIагъэм ятеухуауэ лъэпкъым къыдекIуэкI хабзэхэм. Мы упщIэми нэгъэсауэ жэуап ирагъэгъуэт хьэблэдэс сабийхэм. Абы къыпащэ адыгэ псалъэжьхэр. Саир, Лилианэ, Бекэ, Зарэ, Ашэмэз, Элинэ цIыкIу сымэ псалъэжьхэмкIэ, псынщIэрыпсалъэхэмкIэ зэпоуэ. ИужькIэ цIыкIухэм къэфэн щIадзэри, утыкур ягъэбжьыфIэ. Ахэр гъэщIэгъуэн зыщыхъуа къуэрылъхухэм телефоныр ягъэтIылъри, гъунэгъу сабийхэм я джэгукIэм кIэлъыплъын щIадзэ.
— Фигу ирихьа, си къуэрылъху цIыкIухэ, ди гъунэгъу сабийхэр къызэрыфар? Абы зэреджэр адыгэ къафэщ. Фехъуэпсакъэ апхуэдэ къэфэкIэ, джэгукIэ, псэлъэкIэхэр зэвгъэщIэну? Анэдэлъхубзэр зэрывмыщIэр емыкIу дыдэщ, ар зи лажьэр фи анэ-адэращ. Сэ си пащхьэ фисауэ щытамэ, фэзгъэщIэнт ди бзэри, ди хабзэхэри, ди джэгукIэ гъэщIэгъуэнхэри, — жеIэ дадэм. — Дадэ, дадэ, дэри дигу ирихьащ мыпхуэдэ джэгукIэхэр, дыгъэцIыху, — лъэIуащ къуэрылъхухэр. Абдеж дадэм и щIэблэм адыгэбзэкIэ усэ цIыкIухэр, зыщыщ-къызыхэкIа лIакъуэм ятеухуауэ хъыбархэр ярегъэцIыху. Сабийхэм нанэ зыхуагъэщIагъуэ анэдэлъхубзэмкIэ усэ зэрызэрагъэщIамкIэ, адэжьхэр бжьиблкIэ зэрызэрагъэцIыхуамкIэ.
— Ар сыту хъыбарыфI, севгъэдэIут зэвгъэщIахэм, — жеIэ гуфIэу нанэ. Адыгэбзэм, адыгэпсэм ятеухуауэ усэ цIыкIухэм гукIэ къоджэ Адисэ, Iэдэм, Лилианэ, Ашэмэз, Саир, Зарэ, Элинэ сымэ. Хьэжмыстафэ Алибэч цIыкIу къызытекIа лIакъуэм къытопсэлъыхь. — Фыпсэу, си сабий дыщэ цIыкIухэ, хуабжьу сывгъэгуфIащ ди бзэкIэ, ди адыгэбзэкIэ усэ цIыкIухэр къызэрызжефIам папщIэ.
— Ину берычэт вжызоIэ, цIыкIухэ. Дэ дыадыгэщ, ди бзэ диIэжщ. Дэнэ фыщымыIами фрипсалъэ ди бзэм, зыщывмыгъэгъупщэ фыкъызыхэкIа лъэпкъыр! — захуигъэзащ дадэм.
Пшыхьым икIэм цIыкIухэм дамыгъэхэр, адыгэ ныпыр яIыгъыу къафэхэр къащIащ. Тхьэзэпх Залинэ «Адыгэбзэ» уэрэдыр жиIащ. Мы махуэм сабийхэм утыку кърахьа теплъэгъуэхэмкIэ къагъэлъэгъуащ анэдэлъхубзэр куэдым зэращыгъупщэжар, абы ирипсалъэхэр нэхъ мащIэ зэрыхъуар, анэм къыбдилъхуа бзэр фIыуэ плъагъун, абы и къулеягъымрэ и дахагъымрэ, укъызыхэкIа лъэпкъым и хабзэмрэ щэнхабзэмрэ пхъумэн, абы пщIэ хуэпщIын зэрыхуейр. АтIэ, бзэр щымыIэжмэ лъэпкъри кIуэдыжынущи, дыкъызыхэкIа лъэпкъыр псэуну дыхуеймэ, анэдэлъхубзэр IэщIыб дывмыгъэщI!
ЕЗАУЭ Маринэ


Больше на Черкес хэку

Подпишитесь, чтобы получать последние записи по электронной почте.

Добавить комментарий

Ваш адрес email не будет опубликован. Обязательные поля помечены *