«Зыуэ щыт Урысей» жылагъуэ дэIэпыкъуныгъэмкIэ Штабымрэ «Знание» урысей зэгухьэныгъэмрэ «Знание. Герои. Одна цель — одна победа: роль каждого в спецоперации» форумым и къыкIэлъыкIуэ Iыхьэр ирагъэкIуэкIащ.
Абы хэтащ партым и хэгъуэгу къудамэм и унафэщIхэр, Къэрэшей-Черкесым и ЦIыхубэ ЗэIущIэм (Парламентым) и тхьэмадэ Иванов Александр, абы и къуэдзэ Чеккуев Хъызыр, республикэм и Iэтащхьэмрэ и Правительствэмрэ я Администрацэм и унафэщIым и япэ къуэдзэ Хубиев Марат, «Зыуэ щыт» хэгъуэгу партым и исполкомым и унафэщI Джамбаев Руслан, УФ-м и Къэрал Думэм ди хэгъуэгум къыбгъэдэкIыу хэт сенатор Узденов Солтан, СВО-м и ветеранхэм я ассоциацэм и унафэщI Мутчаев Дахир, «Знание» урысей зэгухьэныгъэм КъЧР-м щиIэ и къудамэм и унафэщI Болатов Артур, «Народный фронт За Россию» хэгъуэгу исполкомым и пашэ Каппушевэ Людмилэ, щIалэгъуалэр зауэ-хэкупсэ-псэкупсэу гъэсэнымкIэ «АВАНГАРД» купсэм и унафэщI, майор Баев Уэсмэн, жылагъуэ зэгухьэныгъэхэм, СВО-м хэтхэмрэ абыхэм я унагъуэхэмрэ дэIэпыкъуэгъу яхуэхъу фондхэр, апхуэдэ жэрдэм къызыбгъэдэкI гупхэр.
Форумым ипкъ иту, Iэщэхэм я гъэлъэгъуэныгъэ екIуэкIащ, автоматхэр псынщIэу зэпкъырыхынымрэ зэпкъырылъхьэжынымрэкIэ мастерклассхэр къызэрагъэпэщащ. ЗэIущIэм и кIэм форумым хэтахэм ди зауэлIхэм письмо хуатхащ. Хэкум и хъумакIуэм и Илъэсымрэ Хэку зауэшхуэм ТекIуэныгъэр къызэрыщытхьрэ илъэс 80 щрикъу гъэмрэ абыхэм я къулыкъум, зауэ операцэ хэхам щызэрахьэ лIыгъэмрэ хахуагъэмрэ мыхьэнэшхуэ зэраIэр къыхагъэщу зыхуагъэзащ я щхьэ яхъумэжыну, узыншэу я унагъуэхэм яхыхьэжыну!
Больше на Черкес хэку
Подпишитесь, чтобы получать последние записи по электронной почте.