Къэрэшей-Черкес Республикэм егъэджакIуэхэм я щIэныгъэм здыхагъахъуэ институтым адыгэбзэмрэ анэдэлъхубзэмрэкIэ и кафедрэм и доцент КЪАНТЕМЫР Баблуцэ адыгэбзэр ди хэгъуэгум хъума щыхъуным мащIэкъым хэлъхьэныгъэу хуищIыр. Ар мы кафедрэм илъэс 29-рэ хъуауэ щолажьэри, и щIэныгъэри и зэфIэкIри зыхуэгъэзар а Iуэхуращ.
Зыщылажьэ кафедрэм иужьрей илъэсхэм игъуэта лъэкIыныгъэхэр къигъэсэбэпкIэрэ, IэщIагъэрылажьэм бгъэдэлъ щIэны гъэмрэ зэфIэкIымрэ къыдэ кIуэу, бзэр хъумэным и къарум щымысхьу хелъхьэ. Хэт кIи щэхукъым илъэс куэдкIэ ди еджапIэхэм адыгэ бзэмрэ литературэмрэкIэ тхылъхэр зэхурикъуу зэрыщымыIар, абы егъэджакIуэхэр гугъу зэрыригъэхьар. — ЩытыкIэ гугъум дыкъы зэрикIын Iэмал дылъы хъуэурэ, егъэджэныгъэмкIэ хэгъуэгу Министерствэм и жэрдэмкIэ, унафэ къахьауэ щытащ тхылъхэр ди республикэм къыщыдэдгъэкIын хуейуэ. Хуитыныгъэ щыдгъуэтым, щытыкIэм зедгъэхъуэжын зэрыхуейр дэри куэд щIауэ къыдгурыIуэти, Iуэху мыпсынщIэм и ужь дихьащ. Егъэджэныгъэ методическэ гупым я зэIущIэ зэхуэтшэсри, тхылъхэм елэжьынухэр дгъэбелджылащ.
А гупым хыхьащ куэд щIауэ адыгэбзэмкIэ егъэджакIуэу лажьэ, щIэныгъэ зыбгъэдэлъ, бзэр хъумэным зи гур хуэуз егъэджакIуэхэмрэ щIэныгъэлIхэмрэ. ДызэдэIэпыкъуурэ букварым къыщыщIэддзэри е 4нэ классым нэс зэхэдгъэуващ. ИужькIэ класс нэхъыжьхэм папщIи тхылъхэр къыдэдгъэкIащ, — Баблуцэ Iуэхум дыщегъэгъуазэ. Зэман къэс щытыкIэщIэ хэр къегъэув, егъэджэныгъэмкIэ щыIэ мардэхэми захъуэж, щIэ куэд къыхохьэ. ЕджапIэхэм зэрыщеджэ тхылъхэр зыуэ щыт федеральнэ спискэм хэтын хуейщ.
Абы хэмыхуамкIэ еджакIуэхэр ебгъэджэныр хабзэм идэкъым. Ахэр къызэрыбгъэсэбэпыфынур егъэджэныгъэ пособэущ. ЕгъэджакIуэхэм я щIэныгъэм здыхагъахъуэ институтым къыдигъэкIхэми пособэ мыхьэнэщ яIэр. Арами, ахэр еджапIэхэм сэбэпышхуэ яхуохъу. ИджыкIэ нэхъыщхьэр ахэр федеральнэ спискэм хэгъэхьэнрати, кафедрэм и лэжьакIуэхэр тхылъ къыдагъэкIахэм елэжьыжри, хабзэм къигъэув жыпхъэм иту ягъэхьэзырыжащ. Тхылъхэм электроннэ лIэужьыгъуэри щIыгъун зэрыхуейм и мызакъуэу, методикэ чэнджэщхэри, еджакIуэм и щIэныгъэр къызэрипщытэн лэжьыгъэри, абы ар къызэрехъулIар къэзыгъэлъагъуэри электроннэ щIыкIэм иту, зэгъэуIуауэ ящIащ. 2019 гъэм УФ-м егъэджэныгъэмкIэ и Министерствэм лъэпкъхэм я анэдэлъхубзэхэмкIэ федеральнэ институт къигъэщIауэ щытащ. Абы и къэрал къалэнхэм гъэ кIуам нэгъуэщI бзэхэм къадэкIуэу адыгэбзэмкIи тхылъ къыдагъэкIыну хагъыхьащ. Абы ипкъ иту, Баблуцэ зи пашэ автор гупым пэщIэдзэ классхэр зэреджэну тхылъхэр а спискэм зэрыхагъэхьэным хуагъэхьэзыращ. 2023 гъэм букварыр федеральнэ спискэм хагъыхьагъэххэщ. Е 2-4-нэ классхэм папщIэ ягъэхьэзыра тхылъхэр мы гъэм щIышылэм, а жыхуэтIэ спискэм, хыхьащ. — Нобэ 1-4–нэ классхэм щеджэ ди еджакIуэ цIыкIухэм я пащхьэ итлъхьэфынущ «учебник» статусыр зиIэ, зэманым декIуу зэхэгъэува тхылъ гъэщIэгъуэнхэр, е 5-9 –нэ классхэм папщIэ авторхэм ягъэхьэзыра тхылъхэри Москва щыIэххэщ. Ахэр дгъэхьэзыращ мы зэманым егъэджэныгъэ Iэмалым къытхуигъэув бгъэдыхьэкIэщIэхэм хэзагъэу, — ягъэзэщIа лэжьыгъэр къазэрехъулIам щогуфIыкI Баблуцэ. ЗэрыжыIэгъуафIэм хуэдэу, псынщIэу зэфIэкI Iуэхукъым тхылъ къыдэгъэкIыныр.
Баблуцэ фIыщIэшхуэ яхуещI адыгэбзэр хъумэным псэемыблэжу хуэлэжьа, мы Iуэхум хэлъхьэныгъэ хуэзыщIа, дунейм тетыхункIэ адыгэбзэр егъэ джыным зи гъащIэ Iыхьэшхуэ тезыухуахэу Бемырзэ М., БакIуу М. сымэ (ахърэт нэху Тхьэм къарит), абыхэм я гъусэу лэжьахэу Агырбэ З., Куржы Т., Аргун Л., Чыржын К. сымэ. Баблуцэ нобэ къыкъуэувауэ тхылъ зэхэлъхьэнымкIэ лажьэ егъэджакIуэхэм я цIэхэри фIыкIэ къреIуэ: Иуан З., Иуан Л., Бемырзэ З., ДыщэкI М., ЛIымаху М., Иуан М., Хъату А., Къущхьэ М., Жу З., Бахътыр Ю., Хьэщкъуей Р., Хьэбэчыр З., Щауэ М., Щокъарэ Э. сымэ. — Зи цIэ къисIуахэм къинэмыщIауэ, сыткIи дэIэпыкъуэгъу мэхъу Лий Майерэ Дагуэ МыIуминатрэ зи унафэщI, егъэджакIуэхэм я методическэ зэгухьэныгъэхэр. КъинэмыщIауэ, кафедрэм сыт хуэдэ лэжьыгъэ едмыгъэкIуэкIми, Iуэху къетхьэжьэхэм холэжьыхь Мамбэт Ф., Тамбий А., Хъату А. сымэ. Къалэну зыхуэдгъэувыжа ди Iуэхур — тхылъ зэрамыIэмкIэ гугъу ехь щIэблэм дадэIэпыкъуныр — пщIэ иIэу и кIэм ныдогъэс, — жеIэ IэщIагъэрылажьэм. Бзэр хъумэным ехьэлIауэ Баблуцэ нэгъуэщI Iуэхугъуэми холэжьыхь. Илъэсищ хъуауэ ди къэралым щрагъэкIуэкI «АнэдэлъхубзэмкIэ егъэджакIуэ нэхъыфI дыдэ» Урысейпсо зэпеуэм и жюрим хэтщ. Хэгъуэгухэм щытекIуахэр федеральнэ утыкум щызэпеуэжкIэ, ар къэзыпщытэж гупми, зэпеуэм щызэныкъуэкъухэм я лэжьыгъэм нэIуасэ ухуэзыщI видео-нэтынхэр щIэзыплъыкIхэми ящыщщ. — Ди бзэм и къулеягъыр мыкIуэдыным хуэунэтIа лэжьыгъэр зэи зэпыукъым. Абы къыпэкIуа къэуатщ ди кафедрэм и лэжьакIуэхэм къабгъэдэкIыу, программэхэм къинэмыщIауэ, еджапIэхэм яIэрыхьа методическэ пособэхэр, чэнджэщхэр, Iэрытххэр, зэрылажьэ тетрадхэр. Дэ дрогушхуэ, лъэпкъ мащIэхэм я бзэр кIуэдыжынкIэ шынагъуэ щыщыIэ мы зэманым адыгэ лъэпкъым и бзэр хъумэным тхузэфIэкI Iыхьэ зэрыхэтлъхьэфым, — къыщIегъуж ди псэлъэгъум.
БОРЭНЫКЪУЭ Мадинэ
Больше на Черкес хэку
Подпишитесь, чтобы получать последние записи по электронной почте.