«Зи бзэ зэзымыпэсыжым и IэкIэ и лъэпкъым и псэр хехыж…»

Адыгэр лъэпкъ гъуазджэм псэкIэ пэгъунэгъу зыщIыф, ар фIыуэ езыгъэлъагъуф цIыху псэлъэгъу къэпщIыныр IуэхуфIщ, ауэ тыншкъым. Мы тхыгъэр зытедухуа щIалэри творчествэм еплъыкIэ хэха хуиIэу бгъэдыхьэхэм ящыщщи, ар зыгъэпIейтеймрэ зыгъэгушхуэмрэ къептхэкIыну ухуежьэмэ, зы напэкIуэцIкъым ихьынур…

Акъ Мухьэрбэч и цIэр зезыхьэ адыгэ драмэ театрым и унафэщI IэнатIэ пщэрылъхэр зыгъэзащIэ, Адыгэ Республикэм гъуазджэхэмкIэ щIыхь зиIэ и Iуэхузехьэ, «Кавказфильм» киностудием и унафэщI, режиссер цIэрыIуэ ЕМКIУЖ Андзор Сэрэбий и къуэм Къэрэшей-Черкесым щыпсэу адыгэхэм ди лъэпкъ театрыр и нэIэ зэрыщIагъэувэрэ илъэсым щIигъуами аращ. Ауэ мащIэкъым а пIалъэ кIэщIым къриубыдэу абы и гупым спектаклу игъэувар, фIыщIэу къилэжьар. Андзор театрыр зэрызэрихьэм, адыгэбзэм и Iуэху зыIутыр зэрилъагъум, щIалэгъуалэр зэрыригъаджэм къытхутепсэлъыхьыну япэм дызэгурыIуауэ щытати, театрым и Дунейпсо Махуэр щхьэусыгъуэ тщIыри, дыIущIащ.

— Си гуапэ хъуащ, Андзор, театр Iуэхум къинэмыщIауэ, Даур Аслъэн и цIэр зезыхьэ колледжым егъэджакIуэу узэрыщылажьэр щызэхэсхым. Сыт хуэдэ факультетым уегъэбыдылIа, сытым хуебгъасэрэ щIалэгъуалэр?

— КъыдэкIуэтей щIэблэм си щIэныгъэмкIэ сыдэгуашэу колледжым сыщолажьэ театрым и унафэщIу сызэрагъэуврэ. Ахэр хузогъасэ актер гъуазджэм, режиссурэм, сценэм жьабзэ яIурылъу зэрыщыпсэлъэным. Мы еджапIэм япэ дыдэ сыкъэкIуауэ щытащ ди бзэр зыIурылъ ныбжьыщIэхэр къэслъыхъуэу, адыгэ театрым хэсшэн си мураду. Иджы, сэ езгъаджэуи, си лэжьэгъухэм ирагъаджэуи ирехъу, адыгэ театрым игъэув спектаклхэм я роль нэхъыщхьэхэм, гугъухэм щыджэгуу, труппэм и «лъыщIэ» хъуауэ къытхэтщ къэкIуэныфI зиIэ ныбжьыщIэхэу Шыбзыхъуэ Щэмил, Хьэкъун Кемран, Мамхэгъ Наирэ, Гундэхъу Тимур, ДыщэкI Анзор сымэ. Сыхуейт ди театрым ныбжь иту щылажьэхэм я нэIэ щIэтурэ ахэр къэдгъэтэджыну, дыузэщIыну. ЕджапIэм щIэныгъэ къыщыщIэпхыныр зыщ, ар тхылъымпIэ кIапэ къудейщ, ауэ гъащIэм узыхуигъэзэнур пщIэкъыми, театрым ущылажьэ щыхъукIэ, къыбгурыIуэу щытыпхъэщ абдеж дяпэ итахэм узытекI мыхъун хабзэхэр зэрыщызэфIагъэувар икIи, дауи, инэхъыбэри адыгэм ехьэлIауэ зэрыщытыр. Ар нэхъыжьым къыбгъэдэкIыу нэхъыщIэм къылъысыжын хуей Iыхьэщ.

— Актер гъуазджэмрэ ди анэдэлъхубзэмрэ зэпэщIэуэу зэран зэхуэхъукъэ? Бзэр куууэ зымыщIэр спектаклхэм хуэгъэхьэзырыгъуафIэ?

— Сценэ гъуазджэм и теориеу Станиславскэм и деж къыщежьамрэ актерым и къалэнхэмрэ зищIысым дапщэрэ ухуейми тепсэлъыхь, адыгэ лъэпкъым хуэлажьэм и Iуэхур абыкIэ зэфIэкIа хъукъым. Абы а псоми дихьыфу щытын хуейщ адыгэм и хабзэр, ихъумапхъэщ и напэр, къызэрыслъытэмкIи, а тIум япэ бзэр дапщэщи иригъэщурэ. Режиссер дэгъуэуи, зэчиишхуэ зиIэ актеруи ухуейми щыт, уи анэдэлъхубзэр пIурымылъу адыгэ театрыр сыткIэ уи сэбэп? Бзэр — псэщ! Лъэпкъым и IункIыбзэ нэхъыщхьэщ! Бзэр зумыгъащIэмэ, умыгъэлажьэурэ бгъэкIуэдмэ, лъэпкъыр щымыIэжыным нэбгъэсынущ. «Сэ къызгуроIуэ адыгэбзэр, абы сримыпсалъэ щхьэкIэ», жызыIэр адыгэжкъым, апхуэдэр — адыгэныкъуэщ. Адыгэу укъыщалъхуакIэ, инджылызыбзэр фIы дыдэу зэбгъэщIами, урысыбзэр езы урысхэм нэхърэ нэхъ къабзэу къэбупсэлъу зыбгъэсами, зэи а лъэпкъхэм ящыщ ухъуфынукъым. Ауэ, уэ уи бзэр зыIэщIэбгъэкIа, уи адыгэныр къыбоух. Абы сыт къизгъэкIыр? Ди щхьэщыгум итым цIыхуу дыкъыщигъэщIакIэ, мы щIыгум дыкъыщытригъыхьэм бзэ щхьэхуэ къыщыдитакIэ, ар зэлъэпкъэгъухэм тхъумэн хуейуэ къызолъытэ. Бзэ нэхъыбэ тхузэгъащIэми нэхъыфIыжщ, ар къытхуэщхьэпэнущ мыхъумэ, нэгъуэщI зыри къыдищIэнукъым. Хъуэрыбзэ тIэкIу щIэлъу жысIэнщи, уэ уи бзэ закъуэм фIэкI умыщIэу уи абгъуэ уисыжынми зэран гуэр хэлъщ. Зэзэмызэ абы укъилъэтыкIыурэ уи хъуреягъым бзууэ, псэущхьэу, цIыхуу щыIэм я псэукIэм уеплъу, итIанэ бгъэзэжу: «Модрейм и абгъуэр зэриухуэр плъэгъуа, гъущI кIапсэ хилъхьауэ пIэрэ абы, сыт хуэдэ жыг къудамэ цIыкIу ар къызыхищIыкIыр», — жыпIэурэ узэупщIыжмэ, хэт ищIэрэ, щIэ гуэр къэпщIэнщ, ипэкIэ укIуэтэнщи, гъащIэм лъэ быдэкIэ ущыувынщ. Унэм лъабжьэ зэриIэм ещхьу, анэдэлъхуу адыгэм къылъыса бзэр и лъэпкъым пкъощIэсэ хуохъу.

— Адыгэбзэм хуэгъэзауэ гупсысэ куэдым укъызэрырахуэкIыр икъукIэ зыхэзыбгъэщIащ, Андзор. СфIэгъэщIэгъуэныр пщIэрэ, и гущIыIум телъ си гукъеуэхэм яз щапхъэу къыпхуэсхьынущи, къызжеIэ, дауэ уеплърэ, нобэ дызэсауэ адыгэм зыхэдмыныжыф фIэхъус хыкIэ пхэнжхэм сыт ятщIэфа хъунур? «Уи пщэдджыжь фIыуэ», «Уи махуэ фIыуэ», «Уи пщыхьэщхьэ фIыуэ» жыпIэу зызыхуэбгъазэхэм закъуэтIакъуэщ къахэкIыр адыгэбзэкIэ жэуап къозытыжу…

— «ФIэхъус апщий» къыджезыIам «Упсэу апщий»-кIэ дыпэджэжу десатэмэ фIы дыдэт. «Салам алейкум» къегъэблэгъэкIэр цIыхубэм къыдокIуэкI нэхъ къищтэу. Абы сэ Iейуэ зыри хэслъагъуэкъым, ауэ а фIэхъус хыкIэр хьэрыпхэм я дежщи къыздежьар, ар абыхэм къахуэдгъэнэжу, ди бзэм хэт фIэхъус зэмылIэужьыгъуэхэр ди IэмыщIэ идгъэлъыжмэ нэхъыфIщ. Адыгэу дыкъэнэжынращ нэхъапэр.

Ди лъэпкъ хабзэр зэгуэрми зыми фIэгъэнапIэ хуэтщIакъым ди фащэр тэрэзу зэрызэримыхьэм, е ди къафэхэр нэгъэсауэ дахэу утыку зэрыримыхьэфым къыхэкIкIэ. ХамэщI щыпсэу ди лъэпкъэгъухэм адыгэ хабзэр фIыуэ зэрызэрахьэм хьэрыпхэмрэ тыркухэмрэ къехъуапсэурэ, ар щапхъэу къащтэурэ я лъэпкъхэр ягъэдэхэж, къагъэщIэрэщIэж. Иджы, «Театр» жыдоIэ дэ. Театрыр, къапщтэмэ, хамэ щэнхабзэу къэтлъытэфынущ дэ, ауэ абы адыгэм и псэр хэту къогъуэгурыкIуэ ижь-ижьыж лъандэрэ. Хэти ищIэу къыщIэкIынщ ажэм ещхьу хуэпауэ нэщхъыфIагъэу джэгухэм щысэмэркъо цIыхур — ажэгъафэкIэ дызэджэр. Ар театр псо ирокъукъэ? Ирокъу! Мис а ажэгъафэм куэду ущыхуозэ алыдж мифологиеми. Абы хьэгъуэлIыгъуэхэр гушыIэкIэ, ауанкIэ игъэдэхэну и пщэ илъщ. ГуфIэгъуэ зэхыхьэхэм деж, гушыIэным, псэлъэным нэхъ хуэIэзэу зы цIыху къыхах, абы и напэр къыщIэмыщу бжэныфэ зытрырагъэубгъуэ, бжьакъуи трагъэувэжри, къызэхуэсахэр игъэнэжэгужэу зэхегъэт. Ажэгъафэм сыт имыщIэми, сыт жимыIэми, и гугъу ящIыну хуиткъым. Ар ауэ сытми утыку къилъадэрэ зигъэделэ-зызэкIэщIишу иту аракъым, атIэ, абы егъэзащIэ мыхьэнэшхуэ зиIэ къалэн, джэгум хэтхэм хабзэ-бзыпхъэр яку дэгъэлъыным хуэгъэзауэ. Зыгуэрхэми ажэгъафэр ягъэхьэрэм. Сэ си хабзэжьыр сыт щIэхьэрэмыр? Хьэрэмыр Тхьэм къыпхуигъэфэща бзэр щыхэбутэм, щыбгъэкIуэдыжым дежщ. Сыт хуэдэ динкIи къащти, уи Iэпкълъэпкъым зэран епхыжыныр, зыбукIыжыныр гуэныхьышхуэщ. Зи бзэ зэзымыпэсыжым, шэчыншэу, игъахъэр къыгурымыIуащэурэ, и IэкIэ и лъэпкъым и псэр хехыж. Уэ уи псэр уэ зыщыхыумылъхьакIэ, зыхэпхыжынуи ухуиткъым, ар тхьэ Iэмырщ.

— Актер ныбжьыщIэу адыгэ театрым ныӏухьахэм ищхьэ щIэныгъэ зрагъэгъуэтынымкIэ, я IэпщIэлъапщIагъым хагъэхъуэнымкIэ Iэмалу сыт яIэр? Псалъэм и жыIэгъуэкIэ, Москва е Санкт-Петербург дэт театр институтхэм щеджэну хуей абыхэм яхэт?

— ЕджапIэм къыщыщIах щIэныгъэмрэ сценэм щыджэгукIэ ягъуэт зэхэщIыкIымрэ ауи зэбгъапщэ хъунукъым. Сэ ди нэхъыщIэхэм яхуэгъэзауэ жысIэну сыхуейщ я бзэм зэрыпылъымкIи, я Iуэху щIэкIэмкIи сызэрагъэгуфIэр. ФIы дыдэ хъунут, дыхуеипэт зэбгрыкIыу, актерышхуэ хъуауэ къагъэзэжыну, ауэ псоми ар яхузэфIэкIынукъым щхьэусыгъуэ зэхуэмыдэхэм къыхэкIкIэ. Абыхэм яхэтщ еджэн папщIэ къалэ жыжьэ Iэпхъуэну хуэмеи, и хэку къыщынэжыну къыхэзыхи, и адэ е анэ зэрыщхьэщымытыжым щхьэкIэ, лъэкIыныгъэ зимыIи. Сэ сыхуейт щIэныгъэ куу яIэу Москва, Санкт-Петербург къикIыжа нэрыбгэхэр ди адыгэ театрым щынэхъыбэну. Ар дэркIэ хуабжьу ехъулIэныгъэшхуэт. Еджэну таучэл зыщIым дэ сыт щыгъуи дыдэIэпыкъуну дыхьэзырщ, къремыкIуэт закъуэ.

— Мы илъэсым къриубыдэу, сыт фхузэфIэкIауэ, зэвгъэхъулIауэ къыхэбгъэщыфынур?

— Япэрауэ, дяужь къиувэфын щIэблэ къэдгъуэту, дгъэхьэзырын хуейщ. Ди ехъулIэныгъэ нэхъыщхьэу сэ солъытэ зэгурыIуэрэ зэдэIуэжу адыгэ театрыр нобэ зэрылажьэр. Театрым иджыпсту зы цIыхуи Iуткъым мынэжэгужэу, фIэмыфIу лэжьапIэм къекIуалIэу. ЕтIуанэрауэ, адыгэ театру дыщыщыткIэ, япэу тегъэщIапIэ тщIыпхъэщ ди лъэпкъым и щэнхабзэр, и тхыдэр, и цIыху пажэхэр. Классикхэу Пушкинрэ Гамзатоврэ я Iэдакъэ къыщIэкIауэ спектакль дгъэуващ, мы гъэр Чехов и илъэсщи, абыи и тхыгъэхэм ящыщ гъэувыным и ужь дитщ. Акъ Мухьэрбэч и цIэр зезыхьэ адыгэ театрым и ехъулIэныгъэ нэхъыфI дыдэхэм ящыщщ Совет Союзым и ЛIыхъужьхэу Хьэбэч Умаррэ Къардэн Муратрэ ятеухуауэ, абхъаз тхакIуэ Шинкубэ Бэгърат и «ЖылакIэ» тхыдэ романым къытещIыкIауэ дгъэува спектакль гуузхэр. ИлъэсыщIэм теухуауэ цIыкIухэм таурыхъ яхуэдгъэхьэзырри, ныкъуэдыкъуагъ зытелъ, зеиншэу къэна сабийхэр зыщIэс Луганск интернатым 2025 гъэм дыгъэгъазэм и 29-30 махуэхэм къыщыдгъэлъэгъуащ. Театрым и Дунейпсо Махуэм ехъулIэу, нанухэм адыгэбзэкIэ яхуэдгъэува «Иныжьым и нэ» таурыхъыр мы тхьэмахуэм утыку итхьэнущ. А псом къинэмыщIауэ, КъэбэрдейБалъкъэрымрэ Адыгэ Республикэмрэ къытпоплъэ ди спектаклхэр яхуэтшэну…

— Уэ къызэрыпщыхъумкIэ, Андзор, театрым деж ущыхэт? Сыт хуэдэ къалэн нэхъыщхьэ дыдэу абдеж щыбгъэзащIэр?

— Ди нэхъыжьхэм къабгъэдэсха лъэпкъ хъугъуэфIыгъуэхэр зымыгъэкIуэд, ахэр щIэблэщIэхэм яIэрызыгъыхьэж лъэмыжу, зэпыщIакIуэу театрым сриIэщ. ГъащIэр щIэх дыдэ тIэщIоухэ тхуримыкъуу. Нобэ тщIа-длэжьаращ Iэужьу къэнэнур, хьэдрыхэ дыкIуэжмэ, псэухэм ягу дыкъызэрагъэкIыжынур. Ди зэпсэлъэныгъэр щесшажьэм зи гугъу сщIа актер ныбжьыщIэхэр аращ театрым къыщынэну, адыгэбзэмрэ адыгэ гъуазджэмрэ я хъумакIуэу щытыну сыщIыхуейр.

— Упсэу! Тхьэм къыщIигъэкI зэрыжыпӀауэ! Ди лъэпкъым и пщIэр нэхъри къэзыIэтын лэжьыгъэхэр уэри, театрми куэду къывит!

Епсэлъар ЛЫХЬ Тимурщ


Больше на Черкес хэку

Подпишитесь, чтобы получать последние записи по электронной почте.

Добавить комментарий

Ваш адрес email не будет опубликован. Обязательные поля помечены *