Къэрэшей-Черкес Республикэм и Iэтащхьэм зэрихабзэу, жэпуэгъуэм и 29-м республикэм щыпсэухэм «эфир занщIэ»-м тету зэпсэлъэныгъэ ядригъэкIуэкIащ.
«ЦIыхухэр щIыпIэхэм деж нэхъыщхьэу щызыгъэпIейтейр зэрызэхэтхым къыдэкIуэу, «эфир занщIэ»-м фIыгъуэу хэлъыр ахэр зыгъэгумэщIхэр зэуэ зэрызэфIэтхыр, абы папщIэ сыт хуэдэ къэрал къулыкъу Iэмэпсымэри къызэрыдгъэсэбэпращ, жылагъуэмрэ властымрэ я зэпыщIэныгъэм апщыгъуэми ехъулIэныгъэр нэрылъагъуу къыпокIуэ. КъыщIэщ лъэпощхьэпо къэс зэрызэфIэтхын хуеймрэ абыхэмкIэ пщэрылъ зыхьымрэ упщIэр къыщыдата пIалъэм, щIыпIэм имыкIыу доунэтI, къэрал власть къулыкъухэм я нэIэм щIыдогъэувэ. Мыпхуэдэ «IэмалкIэ жылагъуэм зэпыщIэныгъэ ядэIыгъыным, цIыхухэр зыхуэныкъуэр зэхэхыным мыхьэнэшхуэ зэриIэр, фIагъ зэрыхэлъыр зэкъым Урысей Федерацэм и Президент Путин Владимир къызэрыхигъэщар» — жиIащ КъЧР-м и Iэтащхьэм.
Республикэм и лIыщхьэм зыхуэзыгъэзахэм къыхалъытащ я щыIэкIэ-псэукIэм къриубыдэу цIыхухэр зыгъэпIей Iуэхугъуэхэр, икIэщIыпIэкIэ зэфIэхын хуейуэ къанэ упщIэхэр: псэупIэ-коммунальнэ хъызмэтыр, жылагъуэ транспортыр, къат куэду зэтет унэхэм я пщIантIэхэмрэ жылагъуэ утыкухэмрэ гъэщIэрэщIэныр, псы къазэрыIэрыхьэр зэрызэпыум, псы зрикIуэ бжьамийхэм я щытыкIэм, гъуэгухэр, социальнэ мыхьэнэ зиIэ IуэхущIапIэхэр зэгъэзэхуэныр, цIыхухэр зыщыпсэу унэхэм я щытыкIэр, ТКО-хэм зэрелэжьыр, къызэрагъэпэщ медицинэ дэIэпыкъуныгъэм и фIа гъым, социальнэ щIэгъэкъуэну ягъуэтым… ЩIэблэ зэхуэмыдэхэм: нэхъыжьхэми нэхъыщIэхэми гулъытэншэ ящIакъым ТекIуэныгъэм и Илъэс 80-м, Хэкум и хъумакIуэм яхьэлIа упщIэхэри. Ахэр, жыпIэнурамэ, мыхьэнэшхуэ зыхуэфащэ лъэныкъуэгъазэу къыхагъэщащ. Республикэм и лIыщхьэм зыхуэзыгъэзахэм къабгъэдэкIащ я щхьэкIэ зыгъэпIейтей упщIэхэри, уеблэмэ хъуэхъу къызыбгъэдэкIахэри яхэтщ.
«ФIыщIэ яхузощI ягу зэIухауэ, пэжагъ яхэлъу, дзыхь ящIу зэрыпсэлъахэм папщIэ. КъызгуроIуэ зэманыр зэрымащIэм къыхэкIыу, упщIэ псори эфирым идгъэкIын дыхущIыхьакъым. Арами, республикэм и Правительствэм, щIыпIэ самоуправленэмкIэ къулыкъухэм пщэрылъ яхуэсщIащ зэхэгъэкIауэ, лъэныкъуэ псори къызэщIэубыдауэ, и чэзум зыхуэгъэзэныгъэу, лъэIуу къытIэрыхьар щIаплъыкIыну, дэтхэнэми и лэжьыгъэ планым хагъыхьэну. УпщIэ зыбжанэмкIэ зэуэ дыздызэпсалъэм унафэ къэтхьащ, зэфIэтхын тлъэкIащ, языныкъуэ зыхуэгъэзэныгъэхэр си нэIэм щIэзгъэуващ — дэтхэнэмкIи адреснэу лэжьыгъэр йокIуэкIыххэ» — къыхигъэщащ Темрезов Рэшид.
«Эфир занщIэ»-м ипкъ иту хэгъуэгум и лIыщхьэм республикэм щыпсэухэм ядригъэкIуэкIа зэпсэлъэныгъэр «Черкес хэку» газетым и къыкIэлъыкIуэ къыдэкIыгъуэм убгъуауэ тетынущ.
АБИДОКЪУЭ Люсанэ
Больше на Черкес хэку
Подпишитесь, чтобы получать последние записи по электронной почте.