Зэдэлэжьэныгъэр ягъэбыдэу

КъЧР-м и Ӏэтащхьэ Темрезов Рэшид лэжьыгъэ ӀуэхукӀэ ӀущӀащ Федеральнэ антимонопольнэ къулыкъум и КъЧР Управленэм и унафэщӀ КIУАНТIЭ Артур.

Ахэр тепсэлъыхьащ ведомствэм и нэӀэ-кӀэлъыплъыныгъэ лэжьыгъэм кърикӀуахэм, Управленэм и лэжьыгъэм псом япэ иригъэщын хуей унэтӀыныгъэхэм, республикэ властым и къулыкъухэмрэ антимонопольнэ къулыкъумрэ зэрызэдэлэжьэну Ӏуэхугъуэхэм, нэгъуэщӀхэми. КIуантIэ Артур тепсэлъыхьащ Къэрэшей-Черкесым хыхьэ Архъыз зыгъэпсэхупӀэм щекӀуэкӀа, Урысейм и ФАС-м и щӀыналъэ къулыкъухэм я хэгъуэгузэпх семинар-зэӀущӀэм кърикӀуахэм. Ар теухуауэ щытащ Ипщэ, Ищхъэрэ Кавказ федеральнэ хэгъуэгухэм, Донецк, Луганск ЦӀыхубэ Республикэхэм, Запорожье, Херсон щӀыналъэхэм конкуренцэм зыщегъэужьыным. «Апхуэдэ семинар ди республикэм зэрыщекӀуэкӀам мыхьэнэшхуэ иӀэщ. Абы Урысейм и ФАС-м и хэгъуэгу Управленэхэм я зэдэлэжьэныгъэр зэригъэбыдэным и мызакъуэу, къэрал антимонопольнэ политикэр гъэзэщӀэнымкӀэ я ӀэзагъымкӀэ зэдэгуэшэну, экономикэ щытыкӀэщӀэхэм къыхэкӀыу конкуренцэм зегъэужьынымкӀэ зыуэ щыт бгъэдыхьэкӀэхэр къызэрагъэпэщыну лъэкӀыныгъэ яӀащ», — республикэм и лӀыщхьэм МАХ-м щиӀэ напэкӀуэцӀым щитхащ. КъинэмыщӀауэ, зэӀущӀэм гулъытэ хэха щыхуащӀащ социальнэ мыхьэнэшхуэ зиӀэ хьэпшыпхэмрэ Ӏуэхутхьэбзэхэмрэ я уасэхэм кӀэлъыплъыным, хэгъуэгу сатухэм деж конкуренцэм защӀэгъэкъуэным. Ахэр щхьэхуэу къытеувыӀащ уасэхэр щхьэусыгъуэншэу къэӀэтыным пэщӀэтыным, сату щытыкӀэхэм псынщӀэу зэрызахъуэжым зэрыпэщӀэувэным хуэунэтӀа Ӏуэхугъуэхэм. ДЗЭМЫХЬ Маринэ


Больше на Черкес хэку

Подпишитесь, чтобы получать последние записи по электронной почте.

Добавить комментарий

Ваш адрес email не будет опубликован. Обязательные поля помечены *