ЗэчиифIагъкIэ Тхьэр зыхуэупса

Зыщалъхуа къуажэри, хэкури, къызыхэкIа лъэпкъри зэрыгушхуэхэм ящыщщ щIэныгъэлI цIэрыIуэ БРАТХЭ Хьэсин Сэхьид и къуэр. Тхьэм ирещIи, ар къэзымыцIыху ди лъахэм ису къыщIэкIынкъым. Нэхъыбэу Хьэсин цIэрыIуэ зыщIар 1957 гъэм къыщыщIэдзауэ илъэс 41-м щIигъукIэ Къэрэшей-Черкес радиокомитетым диктору зэрыщылэжьаращ. Къапщтэмэ, Братхэ Хьэсин хуэдэу дикторыныр япэ дыдэу IэщIагъэ зыхуэхъуа адыгэ цIыху ди хэгъуэгум исакъым.

Пэжщ, а IэщIагъэ гугъум хуэзышэ гъуэгур Хьэсин и дежкIэ тыншауэ жыпIэ хъунукъым, ауэ абы лъэкIыныгъэу, зэфIэкIыу иIэ псори хуиунэтIащ а IэщIагъэм и щэхухэр къэтIэщIыным. Мызэ-мытIэу хэтащ Ищхъэрэ Кавказым радионэтынхэр щезыгъэкIуэкI дикторхэр здагъасэ семинархэм. А зэманхэращ Хьэсин щахуэзар ди къэралышхуэм и диктор цIэрыIуэхэу Тобиаш Эммануил, Ярцев Юрий, Толстовэ Наталье, Богомолов Юрий, Балашов Юрий сымэ, нэгъуэщIхэми. Абыхэм гулъытэншэу къагъэнакъым анэдэлъху макъ телъыджэ зиIэ адыгэ щIалэр. Псоми хуэмыдэжу, Хьэсин игу къинэжащ телерадиом и лэжьакIуэхэм я IэщIагъэмрэ зэфIэкIымрэ здыхагъахъуэ, Москва къалэм дэт институтым тIэунейрэ — 1973, 1987 гъэхэм — зэрыкIуар. Апщыгъуэм Хьэсин IущIауэ щытащ дуней псом щыцIэрыIуэ Левитан, Хэку зауэшхуэр щекIуэкIым щыгъуэ Гитлер щхьэпылъэ ищIыну зыщIэхъуэпсу щытам. Мис, а диктор щэджащэхэм Хьэсин экзамен Iахри «тху» къыхуагъэуват, ищхьэ нагъыщэ нэхъ ин дыдэ зиIэ диктору къалъытэри. Хьэсин мыкъабзэу, мыIупщIу, мыгурыIуэгъуэу, гумрэ псэмрэ дэ мыхьэу зы псалъи къыжьэдэкIтэкъым. Арагъэнщ абы «Адыгэ Левитан» хужаIэу щIыщытари. Къэбэрдей драматург цIэрыIуэ Акъсырэ Залымхъан Хьэсин щхьэкIэ мыпхуэдэу жиIауэ щытащ: «ГъэщIэгъуэнкъэ, къэбэрдей дикторхэм «Псалъэр Налшыкщ» жари занщIэу шхыдэн яублэ, Братхэ Хьэсин «Фи пщэдджыжь фIыуэ!» жеIэри, фIэхъус къыдех, итIанэ адэкIэ и Iуэху елъагъу…»

Мис апхуэдэу ар махуэ къэси макъ лъэщкIэ, макъ жьгъыру гуапэкIэ цIыхухэм япсалъэт, я унагъуэ ихьауэ и гурылъхэмкIэ ядэгуашэ фIэкI умыщIэну. Арат абы «Отличник телевидения и радио» щIыхьыцIэр къыщIыфIащауэ щытари, абы щыхьэт техъуэ бгъэхэIу дамыгъэр, тхылъыр къыщIыхуагъэфэщари. Дикторыным къыщымынэу, Хьэсин хуэIэижьу зыхуигъэсат журналист IэщIагъэми. Ар радиокомитетым и редактору, редактор нэхъыжьу, редактор нэхъыщхьэу куэдрэ щытащ. Сыт хуэдэ IэнатIэ пэрымытами, абы гупсэхуу и Iуэхур игъэзэщIащ, пылъхьэншэу сыт хуэдэ Iуэхури зэфIигъэкIащ, икIи «Къэрэшей-Черкесым щIыхь зиIэ и журналист» щIыхьыцIэри абы хуэфащэу зэрехьэ. Щхьэихауэ жыпIэмэ, Братхэ Хьэсин зэфIэкIышхуэ, гупсысэ щIэщыгъуэ, гупсысэ жан зыбгъэдэлъщ, щIэныгъэ и лъэныкъуэкIи къикIуэтынукъым. Ар зыхуэмыIэзэрэ зыхуэмыгъэщIарэ гъуэтыгъуафIэкъым. Абы и щхьэм акъыл къызэрихьэрэ тхылъыр и Iэпэгъущ, тхылъымрэ цIыхумрэ я зэпыщIэныгъэм къишэ насыпри зэрыгъунэншэр фIы дыдэу къыгуроIуэ. Езым и унагъуэм тхылъ щэ бжыгъэ щызокIуэри, ахэр фэрыщIыгъэкIэ пэшгъэдахэу зэрихьэу аракъым, атIэ ар мычэму йоджэ. Арагъэнщ ар фIыуэ къэзыцIыху ныбжьэгъухэр «энциклопедисткIэ» къыщIеджэри.

ЗэрыжаIэщи, Хьэсин пIастэгъэф-уафэлъагъуу дунейм тетхэм яхэббжэ хъунукъым, атIэ кIуэ пэтми щIэрыщIэу зыкъызэкъуэзых, зыкъэзытIэщI цIыхущ. 1998 гъэм ар пенсэм кIуат, ауэ Iуэхуншэу куэдрэ щысыфакъым, а илъэс дыдэм щегъэжьауэ и гуащIэдэкI лэжьыгъэр гуманитар къэхутэныгъэхэмкIэ Къэрэшей-Черкес институтым пыщIащ. ПIалъэ кIэщIым къриубыдэу филологие щIэныгъэхэм я кандидат диссертацэри пхигъэкIащ. Ар теухуауэ щытащ «Адыгэ IуэрыIуатэм мафIэмрэ джатэмрэ я нагъыщэр къызэрыщыкIуэр» Iуэхугъуэм. Мы лэжьыгъэ телъыджэр тхыдэ лъабжьэ жыжьэ зиIэ адыгэ IуэрыIуатэ къулейм, нарт хъыбарыжьхэм, таурыхъхэм, псалъэжьхэм, ди щэнхабзэм зэ IуплъэгъуэкIэ къытхуэмыубыду япкърылъ щIагъыбзэ купщIафIэ «гъэпщкIуар» къэзытIэщI къэхутэныгъэщ, мыхьэнэшхуи зиIэщ. Мы лэжьыгъэр нарт хъыбарыжьхэр, IуэрыIуатэр джыным яхуэгъэза еплъыкIэщIэу, гупсысэкIэщIэу еджагъэшхуэхэм — профессорхэу Бэчыжь Лейла, ШащIэ Къазбэч, ХьэдэгъэлI Асчэр, Къуныжь Мухьэмэд сымэ, нэгъуэщIхэми къалъытащ. А псоми нэмыщIу, Хьэсин къигъэщIащ зи пщэ умыкIуэжын лэжьыгъэшхуэ — «Къуалэбзухэр» фIэщыгъэцIэр зиIэ тхылъыр. Абы къызэрымыкIуэу мыхьэнэшхуэ кIуэцIылъщ, сыту жыпIэмэ, ди хэкум щыпсэу къуалэбзухэм адыгэбзэкIэ зэреджэр зэхуэпхьэсыжу, абыхэм я сурэтхэри тхылъ щхьэхуэу къыдэбгъэкIыныр, Iуэху тыншкъым… ЗэрыжаIэмкIэ, Тхьэр зэчиифIагъкIэ зыхуэупса цIыхур къызыхуигъэщIыр зы Iуэхугъуэ закъуэкъым. Апхуэдэщ Братхэ Хьэсини — диктор телъыджэр, журналист Iэзэр, щIэныгъэлI нэхъусар.

ЩАКIУЭ Мусэлы, «Къэрэшей-Черкес» телерадиокомпанэм и адыгэ къудамэм и унафэщI, 2021 гъэ


Больше на Черкес хэку

Подпишитесь, чтобы получать последние записи по электронной почте.

Добавить комментарий

Ваш адрес email не будет опубликован. Обязательные поля помечены *