Зауэм здихьа сабиигъуэ

1943 гъэм, зауэм и гуащIэгъуэу къэхъуа ХЬЭКЪУН Мухьэмэд игъэунэхуащ мэжэщIалIагъэри, щIыIэри, илъэгъуащ фызабэхэм я нэпси.
— Зауэм и курыкупсэт, ауэ ди хэгъуэгум нэмыцэхэр ирахужат. Къапщтэмэ, зауэр сэ сцIыхужкъым, ар щиухам си ныбжьыр илъэситIт зэрыхъур. Ауэ зауэ гущIэгъуншэм къихьам, цIыхухэм я фэм дэкIам, гугъу зэрехьам сыщIалэжь цIыкIуу срихьэлIащ, ар фIы дыдэу сощIэж.
Хэку зауэшхуэр къыщежьам щыгъуэ, ди адэр Краснодар артиллерийскэ училищэм ягъэкІуауэ щытащ. АрщхьэкІэ, комиссэм пхыкІакъым. Сабийуэ, фэрэкI уз къеуалIэри, хуабжьу игъэсымэджауэ щытат икIи а узыр и нэ лъэныкъуэм егуауэ-ри, имылъагъужу къэнат. Комиссэм яхэт дохутырым ди адэм къыпилъхьари аращ:

«Уи нэ лъэныкъуэм зыри имылъагъуу зауэм дауэ узэрыIухьэнур?» — къыжриIат.
АрщхьэкIэ къуажэдэс цIыхухъухэм Хэкур яхъумэну фронтым Iухьат, езыр и унэм зэрисым гупсэхугъуэ къриттэкъыми, ди адэм аргуэру захуигъэзащ зауэм дашыну щIэлъэIуу. Апщыгъуэми кърагъэгъэзэжащ и нэр ущхьэгъу къыхуащIри. ИужькIэ Хьэбэз военкоматым щылажьэхэм ябгъэдыхьащ фронтым ягъэкIуэну къыдэIэпыкъунхэу. «АтIэ, щымыхъукIэ сыт пхуэтщIэнур, уи IэщIагъэкIэ уегъэджакIуэщи, сабийхэр егъаджэ», — жари еджапIэм Iуагъэхьащ. Апхуэдэу, ди адэр фронтым мыкIуэу къэнауэ щытащ.
Хэку зауэшхуэм хэтахэм, ар зылъэгъуахэм куэд къаIуэтэж, ахэр уи фIэщ мыхъункIэ Iэмал иIэкъым. А зауэ дыдэр сымылъэгъуами, илъэси 4-м ситу, 1947 гъэм гъаблэ щыIам сыхиубыдащ. ЦIыхухэр хуабжьу гугъу ехьт. Зы махуэ гуэрым ди адэм белыр иIыгъыу, си шынэхъыжьымрэ сэрэ хъуржын цIыкIухэр тIэщIэлъу дришажьэри, кIэртIоф здытелъа губгъуэм дишауэ щытащ. Щтауэ ныкъуэкъэвыж хъуа щIыгур ди адэм белкIэ къитIурэ, напIэм къыщIэху кIэртIоф ныкъуэфхэр дэ къэтщыпт. Ахэр къэтхьти, ди анэм тхуигъажьэти, тфIэIэфIу тшхыт. ИужькIэ, балигъыпIэм диувауэ, ди анэм сеупщIыжат: «Ди анэ, ныкъуэф хъуа кIэртIофхэр щхьэ дыбгъэшхрэт?».
«Тшхын диIэтэкъым, гъаблэти, сыт хуэдэми дгъуэтыр, къытIэщIыхьэр фэзгъэшхт», — къызжиIат.
Апхуэдэу зауэ нэужь илъэсхэри хьэлъэ дыдэу щытащ. Ягъуэтыр арати, гъаблэм димыхьын папщIэ ахэр тхуаупщэфIт. Арами, «гугъу дохь», «тшхын дгъуэткъым» жэуэ тхьэусыхэхэтэкъым. Ерыскъы щIыщымыIэр къагурыIуэт, зауэм щыгъуэ я фэм дэкIар яцIыхути, зыхуагъэшэчт, мамыр гъащIэм нэхърэ нэхъыфI зэрыщымыIэр ящIэти, абы щыгуфIыкIт. Апхуэдэурэ, цIыхум зыкъащIэжащ.


Тхыгъэм и пкъым изыгъэувар ЕЗАУЭ Маринэщ


Больше на Черкес хэку

Подпишитесь, чтобы получать последние записи по электронной почте.

Добавить комментарий

Ваш адрес email не будет опубликован. Обязательные поля помечены *