Зауэм и тхьэгъушыр гум къыщоуэ

Хэку зауэшхуэм ТекІуэныгъэ Иныр ди къэралым къызэрыщихьрэ, абы щегъэжьауэ, нобэр къыздэсым къахутэж, къатІэщІыж а зауэ лыгъейм зи гъащІэ хэзылъхьауэ, хъыбарыншэу хэкІуэдахэм я хъыбархэр. Уеблэмэ, «Хъыбарыншэу кІуэда сэлэт щыІэкъым» къыхуеджэныгъэм щІэту, лэжьыгъэшхуэ йокІуэкІ.

Ди тхыгъэр зытеухуар зауэм зи щхьэ хэзылъхьа, хъыбарыншэ хъуа, я хъыбар гуэр щыІэми — кІапэлъапэ мащІэу къэна зэкъуэшитхущ.

ПсэукІэ-Дахэ къуажэм лажьэрэ шхэжу, зи къару, пщІэнтІэпс къабзэкІэ зи бын зыпІыжу дэса унагъуэ угъурлыхэм ящыщщ Алыхьым и фІыр зылъигъэсауэ къыщІэкІын Абдокъуэхэ Хьэжбэчыррэ Гурэрэ.

Унагъуэм и беягъ нэхъыщхьэр и бынращ. АбыкІи зэщхьэгъусэхэм къахуэупсэри, къуитхурэ зыпхъурэ къаритащ. Адыгэ хабзэмрэ цІыхугъэ нэсымрэ зи хьэл-щэн, лэжьакІуэшхуэ анэмрэ адэмрэ ядэплъей бынми цІыху хъарзынэхэр къищІыкІа хъуащ. Ахэр лэжьыгъэми, гугъуехьми къыпимыкІуэту, зым Іэпыхур адрейм къищтэжу жыхуаІэу псэут.

Хэку зауэшхуэр къыщежьэм, зылІ и быну заІэтри, зэкъуэшитхури зауэм дэкІащ. Я адэ Хьэжбэчыр зауэм ипэ къихуэу, 1940 гъэм дунейм ехыжати, зауэм дэкІ зэшхэм иджы я хъуэпсапІэр зыт — щІэхщІэхыу фашист зэрыпхъуакІуэр ди щІым ирахужу, зи закъуэу къэна анэм, я шыпхъум щІэгъэкъуэн адэкІи захуэщІыжынрат.

Умар псом япэ дашащ. Апщыгъуэм ар лажьэт комсомолым и Черкес обкомым и секретару. Ипщэ КъухьэпІэ фронтым и 205-нэ фочауэ бригадэм хэхуащ. Комсомол лэжьыгъэм хуэмыхамэу зэрыщытыр къыхалъытэри, адыгэ щІалэр батальоным и комсомол къызэгъэпэщакІуэу ягъэуващ. Ауэрэ, Абдокъуэм и лІыгъэм, и хьэл-щэн щыпкъэм гу къылъатэри, дзыхьышхуэ кърагъэзащ — полкым и политрукыу ягъэуващ. Зауэм хэта, зауэ Іуэхухэм фІыуэ хэзыцІыхукІыу щыта Байчорэ Бучай а ІэнатІэм ехьэлІауэ итхат: «Политрукыр — унафэщІ къудейкъым. Нэхъ псэзэпылъхьэпІэхэм, биишэр здэфий щІыпІэхэм и щхьэкІэ къыщыхутэ зауэлІщ ар. Политрукыр — ІэнатІэкъым, лІыгъэ илъхьэпІэщ, атІэ». ИкІи пэжщ ар. Лъыгъажэ, зэхэуэ гуащІэхэм хэтурэ, Абдокъуэ Умар и зауэлІ гъуэгур Орджоникидзе крайм нэсащ. Наур районым хыхьэ Кречетово станицэм деж ерыщу щызэпэщІэуващ ди зауэлІхэмрэ биймрэ. Куэд щыхэкІуэдащ а щІыпІэм. Абыхэм ящыщщ Абдокъуэ Умар. Ар хэкІуэдащ 1942 гъэм дыгъэгъазэм и 11-м. АдыгэлІ хахуэм и хьэдэр къуэшыкхъэм щы-

щІалъхьэжащ.

Зэкъуэшитхум ящыщу а зыращ зи хъыбар тэрэзу щыІэр.

МутІалиб и письмохэр фронтым зэкІэлъхьэпыту къикІт. Ауэ, къэхъуари къагурымыІуэу, ахэр зэпыуащ гъэмахуэм. МафІэми, псывэми ист анэ тхьэмыщкІэр, шыпхъу закъуэр. Ауэ, къахуиухатэкъым МутІалиб и тхыгъэ еджэжынуи, и щхьэфэ иплъэжынуи. Рядовой МутІалиб Хьэжбэчыр и къуэр хъыбарыншэу кІуэдауэ къалъытащ. ЩыхэкІуэдар 1942 гъэм и фокІадэ мазэращ. Долэтрэ Уэсмэнрэ я зы тхыгъи унагъуэм къыІэрыхьэжакъым 1943 гъэм и гъатхэм щегъэжьауэ икІи а гъэ дыдэм щегъэжьауэ хъыбарыншэу кІуэдауэ къалъытащ.

Ехья а гъэ дыдэм, 1943-м хъыбарыншэ хъуащ. 1943 гъэм и мэкъуауэгъуэм хэкІуэдауэ, хъыбарыншэу къалъытащ красноармеец Абдокъуэ Ехья. Хэку зауэшхуэр иухат 1945 гъэм ТекІуэныгъэкІэ. А махуэм дэгуфІэу, дунейри щІэращІэт, гъатхэм зэрыхуэфэщэну. Ауэ щІэращІэри, гуфІэгъуэри къызытеункІыфІа анэ тхьэмыщкІэ Гури, зэшитхум я шыпхъу закъуэ Зои хуейтэкъым абы еувэлІэну. Ахэр псэухун зы махуи ягъэкІуакъым мыгугъэу, зэкъуэшхэр, е, мыхъуж хъуми, ящыщ зыгуэр, куэбжэр Іуихыу къыдэмыхьэжыну я фІэщ мыхъуурэ псэуащ.

Анэ тхьэмыщкІэм къуитхум ящыщу Умар закъуэ щымыхъукІэ, зэрыхэкІуэдамкІэ зыми и хъыбар къыІэрыхьатэкъыми, арат и гурыфІыгъуэри и тегъэщІапІэри. Ену и бзэгупэм телът: «Алыхьым къытхуиухар аращи, сыт ди ІэмыщІэ илъ… Умар хэкІуэдар пэжщ, ауэ си МутІалиб, Уэсмэн, Долэт, Ехья сымэ псэууэ дунейм тетщ. КъэкІуэжынщ, къынахусыжынщ…». Махуэм махуэ кІэлъыкІуэт, зы гъэм адрейр кІэлъыкІуэжт, куэбжэр зэІуахыу тхум язи къыдэмыхьэжурэ. Анэм къыхуэнар къуэхэм я сурэтти, абыхэм Іэ ядилъэт, япсалъэт, Тхьэ елъэІут нобэ, пщэдей.., зэгуэр и пащхьэ кърихьэжыну.

Уеблэмэ, Черкесск облисполкомым ираджэу, пэшищ хъууэ фэтэр къызэрыратыр, къалэм къыдэтІысхьэжмэ нэхъ хъумаи, нэхъ псэугъуафІи зэрыхъунур щыжраІэм идакъым. Нанэр гупым яхэплъэри жиІащ: «Си къуитхур зыщІэкІа бгъэныщхьэ унэ цІыкІум пэсщІын дунейм теткъым. Си гугъу къэвмыщІмэ си гуапэщ. Тхьэм фигъэпсэу къысхуэфщІа гулъытэм папщІэ. А фэтэрым нэхъ хуэныкъуэ гуэр щІэвгъэтІысхьэ», — пыухыкІат анэм и псалъэр. Гугъэм хэтурэ псэуащ ар, и иужьрей псалъи, хьэбауэгъуи, Тхьэм ирещІи, и къуэхэрагъэнщ зытриухуари.

ЗэраІуэтэжымкІэ, анэ тхьэмыщкІэм и къуэхэм гъыбзэ яхуиусати, къэлъэІуауэ щытащ ар хуахъумэну. Гуапэ зэрыхъунщ, абы къыдэкІуэу гур зыхузщи, а гъыбзэр яхъумащ фІыщІэ зыхуэфащэ щІэблэм, къызэрыднэсауи фи пащхьэ идолъхьэ.

Гурэ и гъыбзэ

МутІалибу си къуэ нэхъыжь,

Ехьяуэ си къуэ етІуанэ,

Умару си къуэ лІыхъужь,

СыгуІэу сыкъывогъанэ.

Долэту си щІалэ дахэ,

Уэсмэну нэхъыщІэ дыдэ,

Дэни фыщикІуэдахэ,

Къыслъысти фи гуауэ дыдэр.

Быныншэу си къуитху кІуэдахэм

Я кхъащхьэм сахуэпэІэщІэщ.

Фэр папщІэ нэпс щІэзгъэкІахэм

Си гущхьэр якъутагъэххэщ.

Іэ вдэслъэу фыщІэслъхьэжамэ,

Си гущхьэм зигъэпсэхунт,

Къуажэкхъэм фыщІэлъыжамэ,

Фи кхъащхьэр фхуэзгъэнэхунт.

Мы си псэр фи деж нэкІуэжмэ,

Уафэгур си уэредадэт,

Фи сынхэр щхьэщагъэувэжмэ,

Жэнэтыр сэ си унапІэт!

Уэсятуи щрет, гъыбзэ псалъэуи ирехъу — лъэужьыншэ хъуакъым ахэр, къыпэджэжащ. Долэт и къуэ Мусэ и адэшхуэ Хьэжбэчыррэ и адэ Долэтрэ я хапІэр нэщІ ищІакъым, унапІэ-псэупІэ хуэхъуащ.

Къуажэ курыт еджапІэми щылэжьащ.

Къуажэ еджапІэ дахэшхуэм и ещанэ къатым и ІыхьэфІ еубыд зауэлІ щІыхьым и плІанэпэм. Абы и блынхэм пылъщ Абдокъуэ зэкъуэшхэми, нэгъуэщІ зауэлІ хахуэхэми я сурэтхэр.

ЩІыгъужыпхъэщи, зауэ нэужьым Подольск архивым щылъыхъуэурэ къыщагъуэтыжащ хъыбарыншэу хэкІуэда зэкъуэшиплІым я цІэ-унагъуэцІэхэр. Хьэбэз районым и «Фэеплъ тхылъ»-м итщ зэкъуэшитхуми я цІэхэр.

Зэпыукъым фэеплъыр. Зауэм и тхьэгъущыр гущІэм къыщоуэ, ди хуитыныгъэм щІэбэна зауэлІ къэс и фэеплъу.

ТУАРШЫ Ирэ


Больше на Черкес хэку

Подпишитесь, чтобы получать последние записи по электронной почте.

Добавить комментарий

Ваш адрес email не будет опубликован. Обязательные поля помечены *