Байрамуковэ Хьэлимэт и цIэр зезыхьэ Къэрал Лъэпкъ библиотекэм, илъэс къэс хуэдэуи, КъэрэшейЧеркесым щыпсэу лъэпкъхэм я литературэхэм, я гъуазджэхэм махуэ хэха яхухихыурэ творческэ зэхыхьэхэр ирегъэкIуэкI. Апхуэдэ щIыкIэу зэлъэпкъэгъухэр зэрашалIэ, зэрагъэлъытэ, ялэжьамрэ ящIэну къапэщылъымрэ, я блэкIам, нобэмрэ къэкIуэнумрэ трагъэпсэлъыхь.
Мис, гъатхэпэм и 25-м библиотекэм и жэрдэмкIэ кърахьэжьащ апхуэдэ зэхыхьэ гуапэ. «Зауэм и фэеплъри тхылъым къытхуегъанэ» щхьэщIэдзапIэм щIэту абазэ лъэпкъым хузэхаша пшыхьыр ирахьэлIащ мы гъэм совет цIыхубэм Хэку зауэшхуэм ТекIуэныгъэр къызэрыщихьрэ илъэс 80 зэрырикъум. Дауэдапщэм хэтащ Къэрэшей-Черкесым и тхакIуэусакIуэхэр, журналистхэр, жылагъуэ Iуэхузехьэхэр, республикэм и библиотекэ бэзым и лэжьакIуэхэр, анэдэлъхубзэмкIэ егъэджакIуэхэр, Псыжь къуажэм дэт курыт еджапIэхэм я класс нэхъыжьхэм хэс щIэблэр.
ЗэхуэсыпIэ пэшым къе кIуэлIахэр видео IэмалкIэ щагъэгъуэзащ «ТекIуэныгъэ Иным хуэусахэр»: «Абазэхэр — тхакIуэ-фронтовикхэр» и фIэщыгъэцIэу къыдэкIа тхылъым. Пшыхьым къыщыпсэлъахэм ящыщщ УФ-м и тхакIуэхэм я Союзым и КъэрэшейЧеркес къудамэм и абазэ секцэм и унафэщI, КъЧР-м и цIыхубэ усакIуэ, УФ-м и тхакIуэхэмрэ и журналистхэмрэ я Союзхэм хэт Шыбзыхъуэ Ларисэ, усакIуэ, УФ-м и журналистхэм я Союзым хэт Бежан Борис, КъЧР-м и цIыхубэ усакIуэ Ажбэч Хьэжисмел, Мхъцы Чэрим и цIэр зезыхьэ, Абазэ районым и библиотекэ нэхъыщхьэм и унафэщI Щхьэгуэш Заремэ сымэ.
Псыжь курыт еджапIэм, абазэ лъэпкъ драмэ театрым и артистхэм, усакIуэхэм ягъэзэщIащ икIи къеджащ зауэ лъэхъэнэм теухуа уэрэдхэмрэ усэхэмрэ. КъинэмыщIауэ, тхылъ теплъэу щIауэ библиотекэм и лэжьакIуэхэм ягъэхьэзыра «Тхылъым ехъумэ зауэм и напIэзыпIэр», «Абазэхэр — тхакIуэ-фронтовикхэр», «Си щIыналъэм и псынэпсхэр», «ТекIуэныгъэм и макъыр зэманхэм къахоIукI» зыфIэща гъэлъэгъуэныгъэхэм плIанэпэ щхьэхуэ хухахащ.
ЛЫХЬ Тимур
Больше на Черкес хэку
Подпишитесь, чтобы получать последние записи по электронной почте.