Зауэ уэрэдхэмкIэ

Хэкум и хъумакIуэм и Махуэм и щIыхькIэ КъЧР-м социальнэ хуэIухуэщIэхэмкIэ и Купсэм гуапагъэкIэ гъэнщIа дауэдапщэ щрагъэкIуэкIащ. ЖыIэпхъэщи, мы IуэхущIапIэм и нэIэм щIэт, социальнэ Iуэхутхьэбзэхэр зрагъэгъуэт цIыхухэр мыпхуэдэурэ зэхашэ зэпыт, нэжэгужэу зэман зэдагъакIуэ. ЗэIущIэр хьэщIэхэм нэхъри нэхъ гъэщIэгъуэн ящыхъун папщIэ а махуэм кърагъэблэгъащ КъЧР-м Барамуковэ Хь. и цIэр зезыхьэ къэрал лъэпкъ библиотекэм и лэжьакIуэхэр.

Мы гъэр Хэкум и хъумакIуэм и Илъэсу зэрагъэувам ипкъ иту, абыхэм къыздашащ Хэку зауэшхуэм теухуа тхыдэ хъыбархэр зэрыт тхылъ гъэлъэгъуэныгъэр. КъинэмыщIауэ, IэщIагъэрылажьэхэр къытепсэлъыхьащ Черкесск къалэр нэмыцэ фашистхэм къызэрыIэщIахам, абдеж ди хэкуэгъухэм щызэрахьа лIыгъэм. КъЧР-м социальнэ хуэIухуэщIэхэмкIэ и Купсэм и унафэщIым и къуэдзэ Мэремыкъуэ Жумэлэдин фIэхъус псалъэкIэ захуигъэзащ къекIуэлIахэм. — ФIыщIэ яхузощI библиотекэм и лэжьакIуэхэм тхылъ гъэлъэгъуэныгъэ хьэлэмэт къызэрытхуащIамкIэ, тхыдэм и зы напэкIуэцIым гъэщIэгъуэну нэIуасэ дызэрыхуащIамкIэ. Ди хэ куэгъухэм я лIыгъэмрэ хахуагъэмрэ иджыри зэ дигу къагъэкIыжащ. ЗэрыхъуамкIэ, ноби ди къэралым и гъунапкъэхэм дыщIозэу.

Лъэпкъ зэхуэмыдэхэм къахэкIа ди зауэлI хахуэхэм къэралым и хьэлэмэтхэр зэрахуэу, пэжыгъэм и телъхьэу мэзауэ. Мы зэманым ди Хэкур, ди щIыналъэр зыхъумэ дэтхэнэми сохъуэхъу ТекIуэныгъэр икIэщIыпIэкIэ къынагъэсыну, гуфIэу я унагъуэ къихьэжыну! Зи гъащIэ зыгъэтIылъахэм фэеплъ мыухыж яхудощI! Мыбдеж щIэс дэтхэнэми зыфхузогъазэ илъэс бжы гъэ куэдкIэ фыузыншэу, фынасыпыфIэу фыпсэуну! — жиIащ Мэремыкъуэ Жумэлэдин. АдэкIэ зэIущIэм пищащ Купсэм и лэжьакIуэхэм къызэрагъэпэща концерт программэм. Жыджэру Iуэхум хэтащ Купсэм и нэIэм щIэт уэрэд жыIэнымкIэ, усэ тхынымкIэ зэчий зыбгъэдэлъ бзылъхугъэхэр. А махуэм Хэку зауэшхуэм теухуа уэрэдхэр жаIащ, усэ гущIыхьэхэм къеджащ. Зи ныбжь хэкIуэта, социальнэ дэIэпыкъуныгъэ хуэныкъуэ цIыхухэмкIэ мыпхуэдэ зэхыхьэхэр гугъэпсэхущ, я нэгу зезыгъэужьщ, сэбэп хэлъу я зэманыр здагъакIуэщ. Ахэр апхуэдизкIэ гъунэгъу зэхуэхъуащи, Купсэм и зы унагъуэу езыхэми залъытэж.

БОРЭНЫКЪУЭ Мадинэ


Больше на Черкес хэку

Подпишитесь, чтобы получать последние записи по электронной почте.

Добавить комментарий

Ваш адрес email не будет опубликован. Обязательные поля помечены *