Зауэ-хэкупсагъэр халъхьэ

Республикэм и щIалэгъуалэ Купсэм деж Хэкум и хъумакIуэм и Махуэм и щIыхькIэ зауэ-хэкупсагъэр гъэбыдэным хуэгъэза фестиваль гукъинэж щекIуэкIащ.
А Iуэхугъуэр къызэрагъэпэщащ ныбжьыщIэхэм хэкупсагъэ яхэлъу ягъэсэн, къэралым и тхыдэм, Хэкум и хъумакIуэхэм я лIыхъужьыгъэм пщIэ хуегъэщIын, зауэ къулыкъум и мыхьэнэр къэгъэлъэгъуэн мурадкIэ. Фестивалым хэтхэм папщIэ программэ гъэщIэгъуэн ягъэхьэзыращ. Абыхэм лъэкIыныгъэ яIащ интерактив утыку зэмылIэужьыгъуэхэм хэплъэну. Апхуэдэу, щIалэгъуалэр хэтащ Калашников АК-74 автоматыр зэпкърыхынзэпкърылъхьэнымкIэ мас тер-классым; тхыдэ, зауэ техникэхэр зэрацIыхумкIэ акъыл джэгукIэмкIи зэпеуащ; нэщэнэуапIэм я шэрыуагъыр къыщагъэлъэгъуащ; зауэлIхэм зэрызахъумэ хъыр зэIущэным зыхуагъэсащ; сурэт гъэлъэгъуэныгъэм хэплъащ; баннерхэм сурэт зэмылIэужьыгъуэхэр тращIыхьащ; сурэт зытрахащ; джэгукIэхэм хэтащ; нэжэгужэу зэманыр ягъэкIуащ. Къапщтэмэ, фестивалыр гуапэу екIуэкIащ. НыбжьыщIэхэм гукъинэ зэращыхъуам, сэбэп гуэр абы къызэрыхахам шэч хэлъкъым. Къэралым и хабзэмрэ и тхыдэмрэ пщIэ хуэщIынымкIэ ныбжьыщIэхэм хэкупсагъэ яхэлъхьэнымкIэ мыпхуэдэ дауэдапщэхэм мыхьэнэшхуэ яIэщ. КъинэмыщIауэ, щIалэгъуалэр зауэ къулыкъум дегъэхьэхыным сэбэп хуохъу, Хэкур хъумэным и мыхьэнэм гу лъарегъатэ.


Больше на Черкес хэку

Подпишитесь, чтобы получать последние записи по электронной почте.

Добавить комментарий

Ваш адрес email не будет опубликован. Обязательные поля помечены *