Ди щIэджыкIакIуэ лъапIэхэ! Нобэ нэIуасэ фыхудощI Тыркум и Анталье къалэм дэс, адыгэгу къабзэ зыкIуэцIылъ, адыгэлI нэс БЕЗЫРХЭ Забыт. Ар 1960 гъэм Къайсэр къалэм къыщыхъуащ адыгэбзэмрэ адыгэ хабзэмрэ здызекIуэ унагъуэм. И адэшхуэм и цIэр къыфIащыжащ. И адэшхуэ Забыт Хэкум егъэзыгъэкIэ икIыжын хуей хъуащ ХХ лIыщIыгъуэм и пэщIэдзэхэм.
Абы теухуа хъыбар гууз щыIэщ. Забыт — адэшхуэм адыгэш дэгъуэ иIэт. Ар къигъэнэн игу пымыкIыу, здришыну мурад ещI. Арами, кхъухьыр зейм шыр иригъэтIысхьэн къыхуидэкъым. Апхуэдэу щыхъум, шыр псы Iуфэм къыIуенэри езыр кхъухьым йотIысхьэ. АбыкIэ иухкъым Iуэхур. Шы Iущыр хым хохьэри кхъухьым кIэлъокIуэ и къару къихьыхукIэ, итIанэ, и къарур щIокIри псым щIелъафэ. Тыркум къыщыхута иужь дадэшхуэм унагъуэ ещIэ, Егъэнхэ япхъу Елмэсхъан щхьэгъусэ къыхуохъури къуищрэ пхъуитIрэ ягъуэт: Абдул-Рэхьман, Абдул-Гъэфар, Абдул-Чэрим, Надиерэ Нуриетрэ. Забыт — нэхъыщIэм зэрыжиIэмкIэ, и анэшхуэ Елмэсхъанщ бзэри хабзэри зыхилъхьэнымкIэ къыщхьэпар.
Адыгэ хабзэ дахэр здызекIуэ унагъуэм я нэхъыжьт Елмэсхъан-гуащэр, гъэсэныгъэ дахэрэ ущиерэ и къуэрылъху-пхъурылъхухэм яхилъхьэурэ быным ягъэлъапIэу яхэсащ. Забыт къыгуроIуэ адыгэ лъэпкъыр нобэ зэрыхуа гузэвэгъуэр: хабзэр, бзэр зэрыкIэрыхур, ирогузавэ а щытыкIэхэм, икIи и лъэкI къихьыр нобэ лъэпкъым хуелэжь. Забыт езыр езыру зригъэцIыхужащ адыгэбзэ алфавитыр. Сабийхэр ирегъаджэ адыгэбзэкIэ, хабзэр, щэнIэдэбыр яхелъхьэ. Абы нэмыщIу езым зэчий хэлъщ — сурэтыщI Iэзэщ, усэ еджэным дехьэх. Нобэ фи пащхьэ идолъхьэ Забыт дедгъэкIуэкIа зэпсэлъэныгъэр. — Уи унагъуэм и гугъу къытхуэщI, Забыт.







— ЗэрыжыпIауэ, уи адэшхуэм и закъуэ хэкум икIыжыгъат…
— Си адэшхуэр Псыгуэнсу щыщт, Къэбэрдей щIыналъэм. Хэкум икIыжыну ежьа къудейуэ и къуэшым пхъу къыхуалъхуауэ зэхехри, къегъэзэж икIи, сабийм Чэбэхъан фIещ. Мы псалъэхэри жеIэ: «Къэзгъэзэжмэ, Чэбэхъан — гуащэу упсэунщ, къэзмыгъэзэжмэ у-Чэбэхъанщ», — жери. Си адэшхуэ Безыр Забыт щIалэ къэмышэу Хэкум икIыжащ. 1912-1915 гъэхэм мылъкур трахыу зэхэзехуэн ящIу хуежьат. ИкIи и щхьэр ихъумэжын щхьэкIэ нэгъуэщI хэку мэIэпхъуэ. Си анэшхуэ Елмэсхъанрэ си адэшхуэмрэ бынитху зэдагъуэтащ. Бзэм, хабзэм, нэмысым щIапIыкIащ. Сэ зэи слъэгъуакъым си анэшхуэм Iуэху ищIэу, е пщафIэу. Си анэр Тхьэзэплъхэ япхъут, нысэмрэ гуащэмрэ яку хабзэ дахэ дэлът.
Си анэшхуэр къызэджэт, и куэщIым сригъэтIысхьэти адыгэ шыпсэхэмрэ хъыбарыжьхэмрэ къызжиIэт, си адэшхуэм и хъыбархэм сыщIигъэдэIут. Сиущийт мыр жиIэу: «Уэ уадыгэщ, ин ухъумэ цIыхухэм уахыхьэнущ, уи щытыкIэм, уи псэлъэкIэм уегупсысын хуейщ, емыкIу къэпхьмэ уэракъым зыдалъагъунур, атIэ уи адэращ, уи лъэпкъращ, абы щхьэкIэ цIыхухэм гуапэу яхэт, фIыуэ лъагъу». Сыхуэарэзыщ си анэшхуэ Елмэсхъан-гуащэ. СэркIэ ар цIыху лъапIэ дыдэхэм ящыщщ. Илъэс 93-м иту дунейм ехыжащ. И ахърэтыр Тхьэм нэху ищI. Жагъуэ зэрыхъунщи, си адэшхуэр слъэгъуакъым. Ар дунейм ехыжащ 1957 гъэм. И Iэпкълъэпкъым къыхэна шэм къикIухьурэ и гум щынэсым игъуэнэмыс хъуащ. Ди унэм хьэщIэ хамэ щIэмысмэ ди бзэр адыгэбзэт. Си анэшхуэр абазэт, адыгэбзэри фIыуэ ищIэт. Си анэшыр Тхьэзэплъхэт. Си анэри анэшхуэри хабзэ дахэкIэ зэгурыIуэт.
Адыгэ хабзэ зэрылъ унагъуэм дыщапIащ. Си гум фIыуэ къинащ пщыхьэщхьэкIэ щысакIуэ къытхуэкIуэу щыта ди унэкъуэщ щIалэхэу, си анэш Тхьэзэплъ Зэкий, Жу Нурбий, Ахъмэт Расим, ЖыгкIэхь Рахьми сымэ. Тхьэм я хьэдрыхэ нэху ищI. Абыхэм сахэмысамэ, Тхьэм ещIэ, хэхэс хабзэм сытетынт. Ахэр щысхэт гъэщIэгъуэну адыгэбзэ къабзэкIэ гушыIэхэр зэдащIылIэу, зэдэуэршэру. Адыгэбзэр си гум и псэбзэу зыщIар ахэращ.
— Уи щхьэкIэ уи гъащIэм и къекIуэкIыкIам мащIэу дыщыгъэгъуазэ…
— Курыт еджапIэр къэзуха иужь, сыщылэжьащ фошыгъущI заводым, итIанэ дзэм къулыкъу щысщIащ. Абы сыкъикIыжа нэужь си лъэпкъ Безырхэ салъыхъуэну мурад сощI. 1984 гъэм Адыгэ Хасэм тхьэмадэу кърагъэблэгъа Сыкъун Хьэсэн и фIыгъэкIэ, си лъэпкъ дыщэ Безырхэр къэзгъуэтыжащ.
Си адэ Безыр Абдул-Рэхьман и адэкъуэш шыпхъури илъэгъуащ, хэкуми лъэпкъми яхэсащ. ЕтIуанэу сэр папщIэ зэхуэсахэщ. Сахуэарэзыщ псоми. Тхьэм имыкъутэкIэ ди зэкъуэшыныгъэр. Анкара Адыгэ Хасэм къыдигъэкIа «ЩIакIуэ» тхылъым ит ди алыфбеймкIэ сэр-сэру седжэфу зезгъэсэжащ. А лъэхъэнэм деджэну тхылъ дгъуэттэкъым. Сэ адыгэбзэкIэ сытхэт си бзэр сщымыгъупщэжын щхьэкIэ. Хэкум и лъэмыжыр Iуахыжа иужь дымыгъуэт тхылъхэр сыкIуэхукIэ къэсхьу, седжэхукIэ си бзэр нэхъ шэрыуэ хъуащ.
— Забыт, усэ еджэным удехьэх, дахэу, екIуу уоджэ. Куэдрэ седэIуащ интернетым къиплъхьэхэм. Сыт удезыгъэхьэхар усэ еджэным? Дауэ абыхэм уи псэр зыщIаша? — Щхьэ усэ еджэным сыдихьэха?
— Уи упщIэм и упщIэжу бжесIэнщи, сыхуэзэт интернетым видео ящIауэ усэ еджэхэм, усэхэри лъэщу, еджэм и еджэкIэри и макъри усэм техуэу, ущедэIукIэ узыIэпишэу, ухишэу, уришажьэу. НэмыщIи сыхуозэ – еджэмрэ жиIэмрэ зэтемыхуэу. Сэри седжэмэ дауэ хъун жысIэу сигу къэкIри, хуэм-хуэмурэ сызыIэпишащ усэ еджэным.
— Сыт щхьэпэу хэлъыр усэ еджэным? Сыт фIыуэ къыпхалъхьэр усэхэм?
-Дыгъужь Къурмэн зы усэ кIэщI иIэщ си упщIэм пэджэжу. Мыращ а усэр: Си тIасэ, уемызэшу къысхуеджэ усэ, Сэ ахэм ипэкIэ сраджэ. Уемызэшу уэ къеджэ, Езэшыгъуэ хьэлъэм сыхаш сэ ахэм…
— Усэ еджэныр щхьэ куцIымрэ гумрэ я хущхъуэщ. Псалъэжьым къригъэкIыр къыбжамыIэмэ къыбгурыIуэнукъым. Ауэ усэм псори къеIуатэ. Уи бзэмкIэ уегъэгупсысэ. Адыгэбзэр хышхуэм изогъэщхьыр – ухыхьэхукIэ уелъэфыр, укъыхэкIыжыныуи гур хуейкъым. Еджэми едаIуэми и гум дыгъэу топсэ, и гур къигъэушу, и дунейри игъэнэхуу. Абы щхьэкIэ сэ къызолъытэ усэ еджэ пшыхьхэр куэду зэхэтшэн хуейуэ. Нэхъыбэу ди сабийхэр абы хэгъэхьэн хуейщ. Усэ гъэпсыкIэ дахэр щыжыпIэкIэ уэрэду мэIу. Абы едэIуми еджэми и гур къыхуегъэуш бзэм. Тхьэм жиIэмэ а IуэхуфI дахэр дублэнщ ди Хасэхэм.
— Тхьэм къывдигъэхъу, Забыт. Лъэпкъым хуэфщIэ сыт хуэдэ Iуэхури фIыщ. Усэ еджэну зыфIэфI цIыхумрэ усэ еджэну зыфIэмыфIымрэ зэщхькъым. СыткIэ къащхьэщыкIрэ усэ еджэ цIыхур адрейхэм?
Мыбдеж ди щIэджыкIакIуэми захуэзгъэзэну сыхуейт. КъызэрысщыхъумкIэ апхуэдэ цIыхум и акъылыр нэхъ лъагэщ, и дуней еплъыкIэри нэхъ куущ, акъыл гурыхуэ иIэщ – куэдым гу лъетэ, куэдыр гукIэ зыхещIэ. Усэ еджэ цIыхур гуапэщ, гуауэри гуфIэгъуэри псэкIэ зыхещIэ икIи егъэв. Аращ нобэ и гугъу щIыфхуэсщIыр абыхэм ящыщ цIыху къызэрымыкIуэ, усэм и пщIэр ину зыIэт Безыр Забыт. АтIэ, апщыгъуэкIэ, усакIуэ зэчиифIэм сыткIэ къыкIэрыхурэ усэ еджэныр фIыуэ зылъагъу апхуэдэ цIыху къызэрымыкIуэр? Мы гупсысэм сигу къигъэкIащ бэлыхьу джэгуакIуэр шыкIэпшынэ емыуами, абы и уэрэдыр уэ уи псэращ къыздигъуэтыр. Сыт хуэдэу бэлыхьу ар емыуами, нэхъ бэлыхьыжу уэ абы уедэIуащ! Аращи, Забыт, уэ пхуэдэхэр димыIатэмэ, ди усакIуэхэм я усэхэри дунейм щезэшу тетынт.
— Си адэм и фIыгъэкIэ тхылъ еджэныр фIыуэ слъэгъуащ. Ныбжьэгъу пэжу солъытэ сэ тхылъхэр. КъысIэрыхьэм соджэ. УсакIуэхэм я дуней еплъыкIэр зыми емыщхьщ. Абыхэм я гур нэхущ. Сэр хуэдэу усэ еджэхэр я усэхэм псэ етту емыджэхэм я гум дыдэхьэфмэщ дызыхуейр.
— «Черкес хэку» адыгэ газетым тетащ тхыгъэ кIэщI, Забыт гъатхэпэ мазэм ди еджапIэм щедгъэкIуэкIа усэ пшыхьым къызэрыхэхьауэ щытамкIэ. Забыт и фIыгъэкIэ япэ дыдэ зэхэтхащ ЩIэжьокъуэ Зафэр и усэхэри. Сыт хуэдэ усакIуэм итха усэхэра уи гум нэхъ дыхьэр? Сыт хуэдэ усэхэра узэджэну нэхъ пфIэфIыр?
— СфIэфIщ лъагъуныгъэм, анэм, Хэкум теухуа усэхэр. Си гум къищтэр псэм хыхьэ псалъэхэращ. Соджэ ЩIэжьокъуэ Зафэр тхьэмыщкIэм, Еутых Турхьэн сымэ я усэхэм. Хэкум щыщ усакIуэхэу Бемырзэ Мухьэдин, ГъукIэкъул Даут, Къэбэрдей Фоусэт, нэгъуэщIхэми я IэдакъэщIэкIхэм.
— ЦIыху зэчиифIэм узыIэпишэу, удихьэхыу IуэхуфI Iэджи къыдохъу. Тхьэр къыпхуэупсауэ Забыт, икIи усурэтыщI Iэзэщ… Уи сурэт IэрыщIхэр слъэгъуащ пор трет жанрым иту пщIауэ. Мы IэщIагъэм ухуеджа? ПщIы сурэтхэм я гугъу къытхуэщI. Сыт абыхэм хэплъагъуэр?
— Сурэт щIыным сыхуеджакъым, ауэ сызэрыцIыкIу лъандэрэ сызыIэпешэ. Си анэ тхьэмыщкIэм сыщыцIыкIум сурэт ищIурэ сыдригъэхьэхт. Си адэми хэлът а зэчийр. Курыт еджапIэм иджыри сыкIуэт зы махуэ гуэрым ди гъунэгъум и пхъур игъусэу къыщытхуэкIуам. Ар си адэм елъэIуащ экзамен зэритыну сурэтыр хуищIыну. Ар Тыркум и япэ президенту щыта Ататюрк и сурэтрати, зы сыхьэткIэ хуищIри иритыжауэ щытащ, сэри зэрызгъэщIэгъуэнур сымыщIэу. Хэкум сыкъэкIуа иужьи си къуэшхэм а IэщIагъэр зэрахэлъым гу лъыстащ. Си адэшхуэм лъыкIэ къытхуигъэкIуауэ солъытэ. Сурэт пщIыну узыхуейр уи пщIыхьым хэмыту пщIыфынукъым. КъыщыскIухькIэ слъагъу псори зызогъэзахуэ, си гум изоубыдэри иужькIэ сигу ирихьар си нэгум къыщIызогъыхьэри сотхыж. УсакIуэм ещхьу, си гур зыгъэпIейтея, дэзыхьэха сурэтхэр тыншу, сфIэфIу сотх, ауэ гум имыщтэр схуэтхкъым.
— Тхьэ уигъэпсэу, Забыт! Гуапэу уи гупсысэхэмкIэ укъыддэгуэшащ. Тхьэм лъэпкъым хуэпщIэ уи IуэхуфIхэр игъэбагъуэ, узыншагъэрэ насыпрэ уиIэу куэдрэ уигъэпсэу!
— Тхьэр арэзы къыпхухъу!
Епсэлъар ДЗЭМЫХЬ Мадинэщ, Хъумэрэ къуажэ
Больше на Черкес хэку
Подпишитесь, чтобы получать последние записи по электронной почте.