БОТЭЩЕЙ къуажэм дэт, Совет Союзым и ЛIыхъужь Хьэбэч Умар и цIэр зезыхьэ курыт еджапIэм и е 6-нэ, 7-нэ, 8-нэ, 11-нэ классхэм щеджэ цIыкIухэр Беслъэней къуажэм дащIыхьа «Адыгэ Анэ»-м и фэеплъ сыным щыIащ. ХьэщIэхэр гуапэу ирагъэблэгъащ щэнхабзэмкIэ Унэм и лэжьакIуэхэм. Ахэр цIыкIухэм къахутепсэлъыхьащ Хэку зауэшхуэм и зэманым и лъэхъэнэ нэхъ хьэлъэ дыдэу хэтам — Ленинград блокадэм. Сабийхэм жраIащ нэмыцэ зэрыпхъуакIуэхэм Ленинград къалэр махуэ 900-кIэ къаувыхьауэ зэрыщытар, абы дэсахэмкIэ гъэунэхуныгъэшхуэу ар зэрыщытар. ХуаIуэтащ абы къикIа сабийхэр Беслъэней къуажэдэсхэм зэрапIыжар. Абыхэм щыхьэт техъуэ хъыбархэр цIыкIухэм ирагъэ лъэгъуащ. Зыщрагъэплъыхьащ къуажэ музейм, библиотекэм, ирагъэплъащ адыгэ анэхэм япIыжахэм нэхъыжьыпIэм иувауэ къаIуэтэжауэ щыта гукъэкIыжхэр къызыхэщыж фильмым. «Адыгэ Анэ»-м и фэеплъ сыным деж ленинград блокадэм теухуауэ усэ къеджащ еджакIуэхэу Брат хэ Адемыр, Къардэн Виталий, Мамыщэ Маликэ, ЩакIуэ Алимэ сымэ икIи абы и лъабжьэм удз гъэгъахэр щагъэтIылъащ. ЕджапIэм цIыкIухэр къыщекIуэлIэжам, ялъэгъуамрэ зэхахамрэ куэдрэ я гум ихужакъым, яфIэгъэщIэгъуэну я ныбжьэгъухэм хуаIуэтэжащ.
ЕЗАУЭ Маринэ
Больше на Черкес хэку
Подпишитесь, чтобы получать последние записи по электронной почте.