Я щIыхьыр къыхагъэщу

Щэнхабзэм и лэжьакIуэм и Махуэм ипкъ иту, «Единая Россия» партым Черкесск къалэм щиIэ Штабым и хэщIапIэм щэнхабзэм и къудамэ зэхуэмыдэхэм жыджэру, ехъулIэныгъэ яIэу хэлъэщыхь лэжьакIуэхэр къыхагъэбелджылыкIащ.
Псори зэхэту гулъытэ ягъуэтащ щэнхабзэм и лэжьакIуэ 32-м. Апхуэдэщ актерхэр, музыкантхэр, библиотекэхэм, музейхэм я лэжьакIуэхэр, ныбжьыщIэхэр гъуазджэм и дунейм япэ лъэбакъуэкIэ хэзышэ егъэджакIуэхэр, нэгъуэщIхэри.

МахуэщI дауэдапщэм къекIуэлIахэм фIэхъускIэ хъуэхъукIэ захуигъэзащ «Единая Россия»-м Къэрэшей-Черкесым щиIэ къудамэм и зыгъэзащIэ комитетым и унафэщI Джамбаев Руслан. — ХэткIи гурыIуэгъуэщ щэнхабзэм цIыхум и дуней еплъыкIэр зэриухуэр, абы и зыужьыныгъэм ди щIалэгъуалэм и гъэсэныгъэр зэрелъытар. Аращи, щэнхабзэм и лэжьакIуэм игъэзащIэ къалэным уасэу иIэр къэхутэгъуейщ.
Фэ хабзэжьхэм фрихъумакIуэщ, гъуазджэм зезыгъэужь, цIыхугур дахагъэм къыхуэзыгъэуш фыкъару лъэщщ, — къыхигъэщащ и къэпсэлъэныгъэм абы икIи и псалъэм къыдэкIуэу партым къыбгъэдэкIа щIыхь тхылъхэр гъуазджэр зи лъагъуэ лэжьакIуэхэм яIэщIигъэхьэжащ.
Щэнхабзэм и лэжьакIуэхэм хъуэхъукIэ япежьащ Къэрэшей-Черкесым щэнхабзэмкIэ и министр, «Единая Россия»-м къигъэщIа «Культура малой Родины» партпроектым ди хэгъуэгум деж и тхьэмадэ Агырбэ Зураби. Абы и къэпсэлъэныгъэм къыхигъэщащ нобэ тлъагъу зэхъуэкIыныгъэфIхэм я лъабжьэр политикэ, экономикэ, нэгъуэщI лэжьыгъэ купщIафIэхэм я деж къызэрыщежьэр.
Министрым жиIащ мы гъэм «Земский работник культуры» программэри ди хэгъуэгум зэрыщрагъэжьар. ИджыкIэ а программэм ипкъ иту квоти 4-щ щыIэр, ауэ гъэ къакIуэ ди Министерствэр апхуэдэ квотэ 24-м щIэлъэIуащ.
А псом къыдэкIуэу Астэжь Аслъэнрэ Ситников Дмитрийрэ ФIыщIэ тхылъхэр яхуигъэфэщащ.
Байчоровэ М. и цIэр зезыхьэ тхыдэ-щэнхабзэ, щIыуэпс музей-къуэдмэзым и унафэщI Хасанов Хьэнэфий, «Молодая Гвардия Единой России» Урысейпсо жылагъуэ организацэм КъЧР-м щиIэ хэгъуэгу къудамэм и унафэщI Чомаевэ Ангелинэ сыми а махуэм щэнхабзэм и лэжьакIуэхэм псалъэ гуапэкIэ зыхуагъэзащ.
Гуапэ зэрыхъущи, гулъытэ зыгъуэта щэнхабзэм и лэжьакIуэхэм ящыщ ди лъэпкъэгъухэу ДжэдыгущIэ Ахьмэд, Милюхинэ Iэсят, Чырбыж Аслъэн, Шыбзыхъуэ Щэмил, Хьэкъун Кемран, Братхэ Линэ, нэгъуэщIхэри.
МахуэщIыр концерт зэкIужкIэ ягъэдэхащ сабий творчествэмкIэ Черкесск къалэм дэт Унэм и артист ныбжьыщIэхэм. Абыхэм я зыкъэгъэлъэгъуэныгъэр иджыри зэ щыхьэт техъуащ Къэрэшей-Черкесым и щэнхабзэм зэрызиужьыр, гъуазджэр зи Iэпэгъу щIэблэщIэ къызэрызэщIэтаджэр.
ГЪУКIЭКЪУЛ Иринэ


Больше на Черкес хэку

Подпишитесь, чтобы получать последние записи по электронной почте.

Добавить комментарий

Ваш адрес email не будет опубликован. Обязательные поля помечены *