Я нэгу зрагъэужьу


«Москва – Великий Устюг – Кострома» гъуэгумкIэ щIымахуэ зекIуэ щыIащ Къэрэшей-Черкесым щыщу зауэ операцэ хэхам хэтхэм я унагъуэхэмрэ зауэ Iуэхухэм я ветеранхэмрэ.

Ди хэгъуэгум и Iэтащхьэ Темрезов Рэшид и пщэрылъкIэ, СВО-м щыIэ нэрыбгищым я унагъуэ быныбэхэр, зэхэуэ гуащIэм хэкIуэда сэлэтым и унагъуэри яхэту, «Дыдейхэр хыфIэддзэкъым» социально-хэкупсэ проектым и фIыщIэкIэ, нэгузыужь ежьэну я насып къихьащ. Дауэдапщэр къызэрагъэпэщащ «Хэкум и хъумакIуэхэр» фондымрэ «РЖДТур» ООО-мрэ я дэIэпыкъуныгъэкIэ.
Гъатхэпэм и 3-5 махуэхэм къриубыдэу зекIуэм щыIа унагъуэхэм «ЩIымахуэ псысэ» программэм яфIэгъэщIэгъуэну хэтащ, Москваи, Великий Устюги, Костромаи къызэхакIухьащ. КъЧР-м гуащIэдэкIымрэ социальнэ зыужьыныгъэмрэкIэ и Министерствэмрэ «Куда едем?» зи фIэщыгъэцIэ турист фирмэмрэ я пщэ илъащ Черкесск икIыу Москва кIуэ-къэкIуэж транспорт тынш къызэгъэпэщыныр, унагъуэхэм ялъэгъуамрэ здэ щыIамрэ гуимыхуж зэращыхъунум икIи щIэ гуэр къызэращIэфынум хуэдэу. Мы ежьэгъуэр щапхъэфI ирокъу къулыкъущIэхэм я унагъуэхэмрэ зауэ Iуэхухэм я ветеранхэмрэ гулъытэ нэс зэрырагъэгъуэтымкIэ. Зэгъусэу къэрал унафэщI къулыкъухэм, «Хэкум и хъумакIуэхэр» фондымрэ мыкъэрал организацэхэмрэ ирагъэкIуэкIа мы лэжьыгъэм адэкIи пащэнущ.


Больше на Черкес хэку

Подпишитесь, чтобы получать последние записи по электронной почте.

Добавить комментарий

Ваш адрес email не будет опубликован. Обязательные поля помечены *