Адыгэу дунейм тет псоми зэдэдгъэлъапIэ махуэщIыр, Адыгэ тхыбзэм и Махуэр, зытещIыхьар ди анэдэлъхубзэр хъумэнырщ, абы зегъэужьынырщ, щIэблэхэм гъащIэ гъуэмылэу къахуэгъэнэнырщ. Адыгэбзэр и псэм щыщ налъэу, и гум и къуэпсу къэзылъытэу зи дунейр езыхьэкI хэкупсэхэм ящыщщ усакIуэ, уэрэдус цIэрыIуэ, Къэбэрдей-Балъкъэр радиом и адыгэ редакцэм егъэджэныгъэмрэ щIэныгъэмрэкIэ и къудамэм илъэс куэдкIэ щылэжьа ВЫНДЫЖЬ Марие Николай и пхъур.
Зи IуэхущIафэхэмкIэ дахэ, гупсысэхэмкIэ шэщIа адыгэ бзылъхугъэр макъамэмрэ усыгъэмрэ псэкIэ дапщэщи зыхэзыщIэ цIыхущ. Вындыжь Марие и къалэмыпэм къыпыкI усэхэр гъащIэм и лъэныкъуэ куэдым ятеухуащ. Абыхэм къызэщIаубыдэ сабиигъуэ IэфIри щIалэгъуэ дахэри, анэ лъагъуныгъэри хэкупсэ гурыщIэхэри. Вындыжьым и усэхэм ящыщ куэдым ди композиторхэм макъамэ щIалъхьауэ уэрэджыIэ цIэрыIуэхэм утыкушхуэхэм щагъэзащIэ. УсакIуэм и сабий уэрэдхэр цIыкIухэм я гум, я псэм нэс, абыхэм япэу жаIэ хъуащ. Школым щыщIэса илъэсхэр гукъинэщ Вындыжьым и дежкIэ. Псом нэхърэ нэхъыфIу илъагъу дерсхэм ящыщт адыгэбзэр, литературэр.
Класс унафэщIу гупым яIа Лыджыдэ Хьэлимэт Темыржан и пхъум сабийхэм яригъэджыр урысыбзэрами, фIы дыдэу хищIыкIырт адыгэбзэми. Абы къызэригъэпэща литературэ гупжьейм хэту, япэ усэхэр тхын щIидзащ икIи и япэ усэхэм ящыщыр гъатхэпэм и 8-м ирихьэлIэу Хьэлимэт хузэхилъхьауэ щытащ, «Си егъэджакIуэ» фIэщыгъэр иIэу. Курыт школыр ехъулIэныгъэкIэ къиухри, Марие япэщIыкIэ педучилищэм, итIанэ КъБКъУ-м и тхыдэфилологие къудамэм щеджащ, адыгэбзэм, лъэпкъ усыгъэм я хабзэхэм, щэхухэм нэхъ куууэ щыгъуазэ зыхуищIу. Пщащэ зэчиифIэм абы щыгъуэ шэщIауэ къыдэлэжьа критик, щIэныгъэлI цIэрыIуэ Сокъур Мусэрбийщ ар япэу утыкушхуэм изышар. 1973 гъэм «МакъыщIэхэр» республикэпсо щIалэгъуалэ зэпеуэм хэту, Марие и усэхэм гулъытэ хэха къыхуащIауэ щытащ къэпщытакIуэ гупым хэтахэу Мысычэ Пётр, Тхьэгъэзит Зубер, ШэджыхьэщIэ Хьэмыщэ сымэ, усакIуэ ныбжьыщIэм и усэбзэм и зэхэлъыкIэр, абы къыщигъэсэбэп художественно-изобразительнэ Iэмалхэр, къызэщIригъэубыдэф гъунапкъэхэр яфIэхьэлэмэту.
А псори гунэс зыщыхъуа усакIуэ цIэрыIуэхэм зэдэарэзыуэ зэпеуэм и япэ увыпIэр Вындыжь Марие хуагъэфэщауэ щытащ. УсакIуэ ныбжьыщIэр иужькIэ ди телевиденэм ирагъэблагъэри, нэтын щхьэхуэ щыхуащIауэ щытащ. Апхуэдэ щIыкIэкIэ пщащэр зытеува творческэ лъагъуэр иужькIэ абы къыхущIэкIащ Iуэхугъуэ хьэлэмэтхэмкIэ гъэнщIа гъуэгуанэ бгъуфIэу, кIыхьу. ЯпэщIыкIэ Марие сабий усэ цIыкIухэм нэхъ тригъэщIащ. Абыхэм макъамэ щIилъхьэрт сабий творчествэмкIэ республикэ Унэм цIыкIухэм вокалымкIэ щадэлажьэу щыта Блашэ Владимир. Ахэр сабийхэми яфIэфIу ягъэзэщIащ. ИужькIэ а уэрэдхэр педколледжым и студентхэм ятхащ, лэжьапIэ здагъакIуэ школхэм я гъэсэнхэм ирагъэщIэну. Апхуэдэурэ Вындыжьым и сабий уэрэдхэр хэIущIыIу хъуащ. Куэд дэмыкIыу абыхэм къакIэлъыкIуащ лъагъуныгъэ лирикэр, хэкупсэ темэр, цIыху зэхущытыкIэхэр, щIыуэпсым и теплъэхэр, нэгъуэщIхэри къызыхэщ усэ куэд.
А лъэхъэнэм абы и творчествэр хуэдэт къэунэхуагъащIэ псынащхьэм: япэщIыкIэ зыкъомрэ къибыргъукIыу, псыр зэхуихьэсу, итIанэ лъагъуэ къигъуэтрэ ежэхын щIидзэу. Марие и усэхэм гу лъамытэу къэнакъым адыгэ композитор цIэрыIуэхэу Къэбэрдокъуэ Борис, Даур Аслъэн, ЗэрамыщIэ Заретэ сымэ. Марие и усэхэр зыщIэлъ уэрэдхэр ягъэзащIэу хуежьащ ди уэрэджыIэ Iэзэхэу Сокъур Ольгэ, Нэхущ Чэрим, Тхьэгъэлэдж Светланэ, Хъыжьрокъуэ СулътIан, Лийхэ Аслъэнрэ Иринэрэ, Хьэцей Тимур сымэ, нэгъуэщIхэми. Ахэр куэд мэхъу икIи япэми хуэдэу, ноби цIыхухэм яфIэфIщ, гумрэ псэмрэ едэхащIэу, гурыщIэ зэмылIэужьыгъуэхэр къызэщIаIэтэу. Вындыжьым и гъащIэм щызэхэухуэнащ усэ тхынри журналист лэжьыгъэри. Абы лъэпкъ радиом щигъэхьэзыру щыта нэтынхэр IэнатIэм и дыщэ фондым хыхьащ. ЗэфIиха лэжьыгъэхэм ящыщ дэтхэнэри Марие и дежкIэ насып щыгъэ налъэщ. Аращ абы и усэхэм ящыщ зым «Насып ткIуэпсхэр зэхуэсхьэсауэ, ГъащIэ зэIусэм хызогъэбыдэ» щIыщыжиIэри. ЦIыхубз зэчиифIэр щыцIэрыIуэщ ди къэралми, ди лъахэми, ар Урысейпсо, республикэпсо уэрэд зэхыхьэхэм я лауреатщ. И лэжьыгъэфIым папщIэ КъБР-м цIыхухэр егъэджэнымкIэ, щIэныгъэмрэ щIалэгъуалэм я IуэхухэмкIэ, щэнхабзэмкIэ и Министерствэхэм, Дунейпсо Адыгэ Хасэм, Къэбэрдей Адыгэ Хасэм я щIыхь, фIыщIэ тхылъхэр къратащ, утыкушхуэхэм куэдрэ щаIэтащ, щагъэлъэпIащ. ФIыуэ илъагъу и анэдэлъхубзэм и махуэмкIэ дохъуэхъу Марие! Узыншагъэ быдэ иIэу, и унагъуэм исхэр, нобэ хуэдэу, къепщIэпщIэкIыу, гукъыдэжрэ дэрэжэгъуэрэ щымыщIэу Тхьэм дунейм куэдрэ тригъэт.
ЖЫЛАСЭ Маритэ
Больше на Черкес хэку
Подпишитесь, чтобы получать последние записи по электронной почте.