Узыншагъэр – псом нэхъапэщ

Куэш-Хьэблэ къуажэм дэт «Дубок» сабий IыгъыпIэм «День здоровья» махуэщIыр щрагъэкIуэкIащ. Абы и къалэн нэхъыщхьэу щытащ физкультурэмрэ узыншагъэр зи лъабжьэ псэукIэмрэ нанухэм яфIэгъэщIэгъуэн щIыныр, къабзагъэм епха хабзэхэр яхэпщэныр.

КъинэмыщIауэ, а Iуэхугъуэхэр джэгукIэ гъэпсыкIэм иту зэрырагъэкIуэкIам ипкъ иту, сабийхэм я жыджэрагъым, псынщIагъым, IэкIуэлъакIуагъым епха щытыкIэхэм хэгъэхъуэнми зэфIагъэкIащ.

 Апхуэдэу, цIыкIухэм жраIащ узыншэу ущытыным папщIэ щIапхъэхэри, умыщIэпхъэри, сыт пшхымэ нэхъыфIми щагъэгъуэзащ, я Iэпкълъэпкъ цIыкухэр зэрагъэкIащ (зарядкэ). ЦIыкIухэм «Смельчаки», «Здоровяки» гупхэу загуэшри зэпеуащ. «Бег пингвинов», «Дружная парочка», «Переправа», «Быстрые и сильные», «Прыжок за прыжком» эстафетэхэри ирагъэкIуэкIащ. ЗэпэщIэтащ къабзагъэм, узыншагъэм ятеухуа жыIэгъуэхэр пэжрэ пцIыуэ зэхэгъэкIын зэрыхуейм теухуа зэпеуэ цIыкIухэмкIи.

 Дауэдапщэр къапщытэжкIэрэ командэхэм нагъыщэхэр хуагъэфэщащ.

Узыншагъэр — гъащIэщ

Къэрэшей-Черкес Республикэм спортым хуищI гулъытэфIым и зы щапхъэщ илъэс къэси хабзэфIым тету узыншагъэм и Махуэр хэIэтыкIауэ зэрыригъэкIуэкIыр. Абы къриубыдэ Iуэхугъуэхэм холэжьыхь балигъхэри сабийхэри.

Куэш-Хьэблэ къуажэм дэт, Амирокъуэ Ибрэхьим и цIэр зезыхьэ гимназием и еджакIуэхэмрэ егъэджакIуэхэмрэ пщэдджыжьым щеувэкIащ еджапIэ щIыхьэпIэ утыкум. Махуэм къэрал мыхьэнэ зэриIэм и щыхьэту, УФ-м и ГимнымкIэ Iуэхур ирагъэжьащ, утыкум кърахьащ къэрал Ныпыр. Пэублэ, хъуэхъу псалъэхэмкIэ псоми зыхуагъэзащ гимназием и унафэщI Сэкий Уэзир, кърагъэблэгъа хьэщIэхэм. Къыхагъэщащ спортымрэ щIэныгъэмрэ зэрызэпхар, цIыкIухэр еджэным зэрелIэлIэн хуейр, спортыр я гъащIэ гъуэгуу зэрыщытыпхъэр жаIащ.

Зеикъуэ къуажэ курыт еджапIэм икъукIэ Iуэху щхьэпэ куэд иригъэхъулIащ узыншагъэм и Махуэм. Апхуэдэу, хасащ фэеплъ жыг хадэм и жыгыщIэ цIыкIухэр, еджапIэ пщIантIэр псоми зэдызэщIакъуащ, жыгхэм палъхьа бзу унэ цIыкIухэр бзухэм зэуэ тIысыпIэ-тыншыпIэ ящIащ, спорт зэхьэзэхуэ зэмылIэужьыгъуэхэр ирагъэкIуэкIащ.

Хьэбэз къуажэ курыт еджапIэм и еджакIуэ класс псори жыджэру хэтащ Махуэм. Абы и IуэхущIафэхэр еджапIэм дагуэшащ къахуеблэгъа хьэщIэхэм: боксымкIэ спортым и мастер МыкIытIэ Азэмэт, джиу-джитсумкIэ Урысейм и чемпион КIэмрыгу Умар, боксымкIэ урысей зэпеуэ зэхуэмыдэхэм я призер мызэ-мытIэу хъуа Дзэмыхь Алдемыр, Хьэбэз район администрацэм физкультурэмрэ спортымрэкIэ, щIалэгъуалэ политикэмкIэ и къудамэм и унафэщI Къэргъей Аслъэн, грепплингымкIэ дунейм, Урысейм и чемпион, КъЧР-м грепплингымкIэ федерацэм и тхьэмадэ КIэмрыгу Рустам сымэ.

Узыншагъэм и Махуэм еджапIэхэм щызэпеуащ волейболымкIэ, къызэдэжэнымкIэ, кIапсэзэпеIэмкIэ, баскетболымкIэ, нэгъуэщI спорт лIэужьыгъуэ зэхуэмыдэхэмкIэ.

Узыншагъэр — зыри щымыузращ! Узыншагъэр — дахагъэщ! Узыншагъэр — къарущ! …

Апхуэдэ къыхуеджэныгъэхэр а Махуэм и дамыгъэ, и нагъыщэ хъуащ икIи ахэр еджакIуэхэм я зэфIэкIхэмкIэ щIагъэбыдэжащ.

ТУАРШЫ Ирэ


Больше на Черкес хэку

Подпишитесь, чтобы получать последние записи по электронной почте.

Добавить комментарий

Ваш адрес email не будет опубликован. Обязательные поля помечены *