Урысейм и вице-премьер Хуснуллин Марат видеозэпыщIэныгъэм тету «Россия — исламский мир: KAZANFORUM — 2026» Дунейпсо экономикэ форумым зыхуэгъэхьэзырынымкIэ КъызэгъэпэщакIуэ комитетым и зэIущIэ иригъэкIуэкIащ. Абы хэтащ Къэрэшей-Черкесым и Iэтащхьэ Темрезов Рэшид, Тэтэрстаным и раис Минниханов Рустам, нэгъуэщIхэри. Казань форумыр 2026 гъэм и накъыгъэ мазэм къызэрагъэпэщын я мурадщ. Хабзэ зэрыхъуауэ, ар Урысеймрэ ислъам дунейм хыхьэ къэралхэмрэ я зэпсэлъэныгъэмкӀэ, зэдэлэжьэныгъэмкӀэ, щӀэныгъэщӀэхэр къыщылъыхъуэнымкIэ утыку нэхъыщхьэ хъунущ. KAZANFORUM-р лъэпкъыбэ Ӏуэхугъуэхэм мыхьэнэшхуэ зиIэ я къэхъукъащIэ хъуащ икӀи 2026 гъэм абы нэхъыбэ къызэреблэгъэнум, нэхъ купщӀафӀэу зэрызэхэтынум зыхуагъэхьэзыр. «ЗэIущIэм дыщытепсэлъыхьащ «форумым зыхуэгъэхьэзырынымкIэ унэтIыныгъэ нэхъыщхьэхэм. Гулъытэ хэха хуэтщIащ Урысейм и хэгъуэгухэр абы зэрыхэтынум. Къэрэшей-ЧеркесымкIэ — ар дунейпсо утыкум зыкъыщыгъэлъэгъуэнымкIэ, инвесторхэр ди щIыналъэм къешэлIэнымкIэ, щэнхабзэ зэпыщӀэныгъэхэр гъэбыдэнымкIэ, дин щIэинхэмрэ хабзэхэмрэ экономикэм егъэфIэкIуэнымрэ зегъэужьынымрэ зэрызэдэкӀуэр къэдгъэлъэгъуэну Ӏэмал гъуэзэджэщ», — итхащ ди республикэм и Iэтащхьэм МАХ-м щиIэ и напэкIуэцIым.
КъЧР-м и Iэтащхьэмрэ и Правительствэмрэ я пресс-къулыкъу
Больше на Черкес хэку
Подпишитесь, чтобы получать последние записи по электронной почте.