Унэм къикI хуабагъэ

Хэкупсагъэ, лъэпкъыпсагъэ псалъэ купщІафІэхэр хэти езым и дуней, гъащІэ еплъыкІэщ къызэрыгурыІуэр. Зыр и пІэ ща- бэм тесу къекІуэкІ-некІуэкІым гуащІэрэ пхъашэу иропсалъэ, политик ахъырзэману мыхъумэ зыкъимылъытэжу. НэгъуэщІыр и ІуэхущІафэкІэ, и махуэ къэс лэжьыгъэкІэ, зэрыхуэлъэкІ и къарукІэ къэралым, цІыхубэм щІыгъущ. Уеблэмэ, зи ныбжь фІыуэ хэкІуэта нанэхэми Іэпкълъэпкъыу яІэмкІэ зыхащІауэ, СВО-м щыІэхэм зэрадэІэпыкъуным пылъщ: хэти и пенсэм къыхиха соми 100-кІэ, хэти цы лъэпэд зэрыхъэкІэ.

ИкІи, пэж дыдэу, псоми ди зэхуэдэ псапащІэ-дэІэпыкъуныгъэ Іуэхум хэтлъхьа мылъку, къару мардэракъым нэхъыщхьэр мыбдеж. Нэхъыщхьэр — ди зэдэщтэныгъэращ, ди зэхуэпабгъэныгъэращ. Апхуэдэ Іуэху бгъэдыхьэкІэ узыншэращ, атІэ, хэкупсагъэ, лъэпкъыпсагъэ къабзэр, хьэрэмыгъэншэр. Нэхъри гур хэзыгъахъуэщ хэкупсагъэ жы- хуаІэр щІэблэщІэм, еджакІуэ нэхъыщІэ цІыкІухэм деж щегъэжьауэ, къазэрыгурыІуэр. Сыт и уасэ, уи бынырылъху еджакІуэ цІыкІур къэу- ву «сыт, атІэ, нанэ, сэ схузэфІэкІынур зауэлІхэм садэІэпыкъунымкІэ, сыт сэ схуэщІэнур? Мес, мо ди уэншэкури шхыІэнри дыгъэхь сэлэтхэм папщІэ дэІэпыкъуныгъэр здызэхуа- хьэс щІыпІэм…», щыжиІэкІэ. СВО-р зэрыщІидзэрэ си нэрылъагъущ си гъунэгъу урыс унагъуэр емытІысэхыу дэІэпы- къуныгъэ, гуманитар Іуэхухэм зэрыхэтыр.

Зэм — жэз банкІэхэр зэхуахьэс, зэм маскиро- вочнэ хъыхэр яблэ, иджы тепІэнщІэлъын, шхыІэн хуабэхэр зэхуахьэс. Абы къыщымынэу, я къуэр, я Іыхьлы гъунэгъур СВО-м хэтхэщи, абыхэми махуэ къэс я гур щІоуз, къащІыгъу зауэлІ псоми зэращІэгупсысым хуэдэу. Гупсысэу щымысу, яхуэщІэну зы къагъанэкъым. Уеблэмэ, сатущІапІэ, цІыху зэблэкІыпІэхэм деж тхыгъэ кІэщІ цІыкІухэр кІэралъ- хьэ, жэз банкІэхэмкІэ къадэІэпыкъуну щІэлъэІуу. Къыхуахьыным ежьэуи щыскъым, езыхэм унагъуэрыкІыу къакІухьурэ къызэхуахьэс зыщІэупщІар. Мыр зы щапхъэ закъуэщ, апхуэдэр куэдщ, уеблэмэ, къуажэ къэс, район къэс къыщекІуэкІ жылагъуэ Іуэху щыхъуауэ. КIуэ аракъэ, СВО-р зэрыщІидзэрэ зэрыкъэралу зы къарууэ зэкъуэувауэ, гуманитар Іуэхур зэдагъэкІуатэ. ЗэуапІэхэм ирагъашэ ерыскъыхэкІыр, щыгъынхэр, шэху уэздыгъэхэр, техникэ, машинэ, оборудованэ, концертхэр ят, еджакІуэхэм письмохэр зауэлІхэм хуатх… Мыпхуэдэ псапащІэ Іуэхум икъукІэ жыджэру хэтщ еджапІэхэр.

Апщыгъуэми, ищхьэкІи къызэрыхэдгъэщащи, еджакІуэхэр егъэзыгъэкъым, езыхэм я зэхэщІыкІщ мы Іуэхум зэрыпыкъуэкІыр, уеблэмэ темыпыІэжу, пабгъэныгъэ, нэрыгъыгъэ къагъэлъагъуэу. Хьэбэз районым щыпсэухэми, еджапІэхэми къызэрымыкІуэу хэкупсагъэ щапхъэ къагъэлъагъуэу гуманитар Іуэхум пыкъуокІ. Иужьрей щапхъэ: «Мы вместе» хэкупсэ акцэм ипкъ иту, зэхуахьэсащ иужьрей гуманитар дэІэпыкъуныгъэр. ЕджакІуэхэм, егъэджакІуэхэм, анэадэхэм я къару зэхэткІэ зэхуахьэсащ зауэлІхэр япэу зыхуэныкъуэ хьэпшыпхэр, ерыскъыхэкІхэр, зэрызагъэкъабзэ Іэмалхэр, щыгъын хуабэхэр. Ар щІымахуэ махуэ щІыІэхэм хуабжьу къащхьэпэнущ япэ сатырхэм хэту зэуапІэхэм Іут ди щІалэхэм, абыхэм зыхащІэнущ гукІи-псэкІи, ІэпкълъэпкъкІи унагъуэхэм, хэгъуэгум къикІ хуабагъэр. ТУАРШЫ Ирэ


Больше на Черкес хэку

Подпишитесь, чтобы получать последние записи по электронной почте.

Добавить комментарий

Ваш адрес email не будет опубликован. Обязательные поля помечены *