Иужьрей зэманым телефонымрэ социальнэ зэпыщIэныгъэхэмрэ къагъэсэбэпурэ щIэпхъаджащIэхэм цIыхухэр куэду къагъапцIэ зэрыхъуар жылагъуэр хуабжьу зыгъэпIейтей Iуэхухэм ящыщщ. Псом хуэмыдэу, пцIыIуэпцIышэхэр зытегушхуэр зи ныбжь хэкIуэтахэращ, ахэр нэхъ щIэх къыдашэхыфу зэрыщытым къыхэкIыу. НобэкIэ, телефон номер мынэIуасэкIэ къэзыщIым емыпсэлъэну цIыхур къыхураджэми, щытыкIэм фIы и лъэныкъуэкIэ зихъуэжкъым, къагъапцIэр нэхъыбэ мэхъу…
А лъэпощхьэпом теухуауэ щытащ КъЧР-м и Жылагъуэ палатэм «Противодействие мошенничеству: вызовы времени и стратегии» щхьэщIэдзапIэм щIэту екIуэкIа зэIущIэр. А Iуэхум ирипсэлъэну кърагъэблэгъащ лъэныкъуэ зэхуэмыдэхэр: КъЧР-м и ЦIыхубэ ЗэIущIэм (Парламентым) и депутатхэр, хэгъуэгу прокуратурэм, МВД къулыкъум, пенсэ фондым, банкхэм, сотовэ зэпыщIэныгъэ операторхэм я лIыкIуэхэр, юристхэр, Жылагъуэ палатэм хэтхэр. Ахэр къытепсэлъыхьащ щIэпхъаджащIэхэм япэщIэтынымкIэ, цIыху къагъапцIэхэр нэхъ мащIэ щIынымкIэ щхьэж зэпха IуэхущIапIэм щрагъэкIуэкI лэжьыгъэм.
— ПцIыIуэпцIышагъэр — щIэпхъаджагъэ къудейкъым, атIэ дэтхэнэми къытлъэIэс шынагъуэщ. Абы жылагъуэм яку дэлъ дзыхьыр егъэкIуэд, унагъуэхэм, IуэхущIапIэхэм я финанс лъабжьэм зэран хуохъу, ди цIыхухэм я шынагъуэншагъэм шэч къытрыуегъыхьэ. Нэрылъагъущ пцIыIуэпцIышэхэм цIыхухэр къызэрагъэпцIэн IэмалыщIэхэр къызэрагупсысыр. Абыхэм япэщIэтынымкIэ дэри бгъэдыхьэкIэщIэхэр къэтлъыхъуэн хуей мэхъу, — жиIащ КъЧР-м и Жылагъуэ палатэм и унафэщIым.
Зэпсэлъэныгъэм къыхэщащ псори цифрэм щыхуэкIуэ зэманым пцIыIуэпцIышэхэм зэрахьэ мыхъумыщIагъэхэм зэрыщIигъэхуэбжьар. ЩIэпхъаджащIэхэм ди хэгъуэгум къыщагъэсэбэп IэмалыщIэхэр зыхуэдэм, абыхэм япэщIэтыным ди цIыхухэр хуэгъэсэн зэрыхуейм, дэтхэнэри абы пэщIэхуэнкIэ зэрышынагъуэр янэхьэсыным теухуауэ къэпсэлъахэщ. Хэгъуэгум деж гъэпцIагъэкIэ цIыхухэм къыIэщIах ахъшэм и бжыгъэм куэд дыдэкIэ зэрыхэхъуар, икIи а пцIыIуэпцIышэхэм япэщIэтыныр щытыкIэ гугъум иту къызэрынэжыр жиIащ юстицэм и чэнджэщакIуэ нэхъыжь, уголовно-процессуальнэ, оперативно-лъыхъуэныгъэ лэжьыгъэхэмкIэ, къэралкIуэцI къулыкъухэмрэ юстицэмрэ зи нэIэм щIэт КъЧР-м и прокуратурэм и къудамэм и унафэщI Тхьэгъэпсэу Мурат.



Абы къыхигъэщащ щIэпхъаджагъэхэм я нэхъыбэр хъыбарегъащIэ технологиещIэхэр къагъэсэбэпу зэралэжьыр. Къэрэшей-Черкесым Урысейм и Банкым и къудамэм и эксперт Канаматов Азэмэт къытепсэлъыхьащ IуэхущIапIэр хабзэхъумэ къулыкъухэм хуабжьу зэрыдэлажьэр.
— Илъэсищ хъуауэ, хэгъуэгум и МВД-м, прокуратурэ къулыкъухэм ящIыгъуу «Клади трубку» хъыбарегъащIэ кампанэр идогъэкIуэкI. Абы и мыхьэнэ нэхъыщхьэр — цIыхухэм телефонкIэ закъыпызыщIэ щIэпхъаджащIэхэр къыхагъэщыфу, зэпсэлъэныгъэр къызэпауду егъэсэнращ, абыхэм къагъэсэбэп IэмалыщIэхэм щыгъэгъуэзэнращ, — жиIащ абы. Хэгъуэгум щылажьэ сотовэ зэпыщIэныгъэмкIэ операторхэр къытепсэлъыхьащ щIэпхъаджащIэхэм япэщIэтынымкIэ я лэжьыгъэм къыхыхьа зэхъуэкIыныгъэщIэхэм. Иджы щыIэжынукъым, зыми темытха СИМ-картэхэр. Апхуэдэхэр къэзыгъэсэбэпхэм пIалъэ кIэщIкIэ паспорткIэ е Госуслуги порталымкIэ щIамыгъэбыдэмэ, адэкIэ абыхэм я лэжьыгъэр къызэтрагъэувыIэнущ. КъинэмыщIауэ, япэм зы цIыхум бжыгъэншэу СИМ-картэхэр зытригъатхэу щытамэ, иджы 20 нэхъыбэ зым ищтэ хъужынукъым. Ари зыхуэгъэзар апхуэдэ щIэпхъаджащIэхэм япэщIэтынращ.
ЗэIущIэм щыжаIащ лъэныкъуэу хъуам я зэдэлэжьэныгъэр нэхъри щIагъэхуабжьэу хэгъуэгум и шынагъуэншагъэр гъэбыдэным зэрелIэлIэнур.
БОРЭНЫКЪУЭ Мадинэ
Больше на Черкес хэку
Подпишитесь, чтобы получать последние записи по электронной почте.