Адыгэш къабзэм гущIыIэу, гуемыIуу, леймыгъэгъуу щыт лIыр лъэрыгъым иримыгъэувэу жаIэ. Ди лъэпкъышым и тхыдэ бейм куууэ дыхэIэбэну къалэн зыхуэдгъэувыжкъым, ауэ жыIэпхъэщ шы лъэпкъ щэныкъуэм щIигъуу щытам щыщу нобэ адыгэм къэбэрдеиш закъуэм фIэкI къызэрыхуэмынар. XX лIыщIыгъуэм ипэхэм къынэсащ щолэхъу, иуан шы лъэпкъхэм къащIэна мащIэ гуэр. И нэхъыбапIэр граждан зауэм щыгъуэ Къущхьэхъу кърахухыжри, Джэдуунэ (Лабинск) къалэм яхуауэ щытащ, маршал Будённэм и шуудзэм хагъыхьэну…
— Ди бом шы зыхыбл щыщIэмыта къэхъуауэ сщIэжкъым. ТIэкIу нэхъ сыкъыщыдэкIуэтейм, щхьэусыгъуэ гуэрхэм къыхэкIкIэ, шы димыIэж хъуащ. ЩIалэгъуалэр уэрамыпэм шууэ къыщытехьэкIэ, сызрагъэхъуапсэт, зэми сызэгуагъэпыжт: «Сэри шы уанэращ сызрапIыкIар щхьэ сысейуэ зыш зэзмыгъэпэщыжрэ» жысIэурэ. Арати, илъэситхукIэ узэIэбэкIыжмэ къэсщтащ дэфтэркIэ щIэтха шы фIыцIэ, Налкъут и цIэу. Ар си ныбжьэгъу пэжу, къуэш пэлъыту сиIэщ. Нэгъаби пцIэгъуэплъу зы шыщIэ къэсщэхуащ, ауэ здизгъэтын сиIэтэкъыми, си ныбжьэгъум пIалъэкIэ естауэ и пщыIэм щеIыгъ, — къыддогуашэ Аслъэн.
— Фи къуажэм шызехуэхэр щыкуэдщ. Ди лъэпкъыш гъуэзэджэр къызэщIэугъуеежыныр сытым къыхэкIыу плъытэрэ?
— Пэжщ, адыгэш яIыгъыну мэпабгъэ Iэджи. Ди къуажэгъухэм унагъуэ 60-70-м зэрахуэ, тIурытI-щырыщ зиIи яхэтщ. Сэр нэхърэ нэхъыщIэIуэхэми, нэхъ ныбжь зыгъуэтахэми дахуозэ шыхъуэну хъуапсэу. Адыгэм и лъым зэрыхэлърауэ къыщIэкIынщ, зы псалъэкIи къыпхуэмыIуэтэн фIылъагъуныгъэ уанэшым щIыхудиIэр.
— Налкъутрэ уэрэ фи пщэдджыжьыр дауэ къызэрыщIэвдзэр?
— Иджыри щIэх нэху щыкъыми, пщэдджыжькIэ шым Iус щестыфыр сыхьэтыр 7-8-м ехъулIэущ, пщыхьэщхьэкIэ — сыхьэтыр 16:00-18:00-м фIэмыкIыущ. Хэплъыхьауэ согъашхэ зэнтхъкIэ, пхъыкIэ, мыIэрысэкIэ, нартыху хьэжакIэ. Иджыпсту гъатхэр къихьащи, удзыр къызэрыхэжу, хуиту губгъуэм изутIыпщхьэнущ.
— Сыт хуэдэ ныбжьым иту уи шыр къыпIэрыхьа?
— Къыщысщтам мазиблт зэрыхъур. ЩыцIыкIум хуабжьу гъэIурыщIэгъуейуэ, идыдыкIыныр фIэфIу гъэпсат, си фэр дихт къызэмыдэIуу. Сэр-сэру згъэIэсэжащ, ауэ иджыр къыздэсым зы хьэл IуэнтIа къыхуинауэ схузыхегъэнкъым — уи щIыб къызэрыбгъазэу, къыбдэджэгуу жиIэурэ къопхъуэнущ. Куэд дыдэ щIакъым си тхыцIэм къызэредзакъэрэ.
— Апхуэдизу къыбдэзэран шымкIэ шыгъажэ къэпщIыфа зэгуэр?
— Гуапэ зэрыхъущи, ди къуажэм гъэ къэс шыгъажэ щыдогъэкIуэкI хьидым е къурмэным тыдогъахуэри. Нэгъабэрей зэхьэзэхуэм си шыр хэтащ, ауэ сэракъым абы тесар. Налкъут япэ увыпIэр къызэрихьам шыщIэ цIыкIу къыпэкIуати, ар си шыпхъум и щIалэм тыгъэу естащ.
— Уи лэжьыгъэ нэхъыщхьэр сытым епха?
— Водителу солажьэ. ЗэрыжаIэщи, цIыхум имыщIэ сщIэкъым. Си IэнатIэр зэзгъэтIылъэкIыпэу, шы зехуэным нэхъ зестыну тезубыдащ. ПсэукIэ-Дахэ деж зэи къэзмыгъэсэбэпауэ щIыгу Iыхьэ сиIэщи, а щIыпIэм шы къэжыхьыпIэ исщIыхьыну сыхуейщ, ди хэкуэгъухэми, хэгъуэгум зыщызыгъэпсэхуну къихьэхэми адыгэш къащтэрэ Iэгъуэблагъэр къызэхакIухьыф, ди щIыуэпсым и хьэуа къабзэм хэту я гум жьы дагъэкIыф хъууэ.
— Узыфэхэм дауэ ящыпхъумэрэ шыр? Cымэджэн и лъэныкъуэкIэ гугъуехь ущыхэхуэ къэхъурэ?
— Уи фIэщ зэрыхъунщи, зэгуэрми гузэвэгъуэ сыхигъэтакъым шым и узыншагъэм. Зэ закъуэ мащIэу гъейшей къэхъуати псчэуэ, и пэр къижу, езыр-езыру хъужащ. Шым зебгъэудынщIэн, къебгъэкIухьын хуейщ нэхъыбэрэ, аращ абы и хущхъуэр.
— СызэрыщыгъуазэмкIэ, уэ икIи ди хэгъуэгум и Шууей Хасэми ухэтщ, мызэ-мытIэуи зекIуэ ущыIащ. И гугъу къытхуэщI а лъэныкъуэм…
— Шууей Хасэм шыгъажэ, зекIуэ къызэригъэпэщын хуей щыхъукIэ, схузэфIэкIымкIэ зыщIызогъакъуэ. Псалъэм и жыIэгъуэкIэ, Шэшэнымрэ Ингушымрэ я шууейхэр къытхэту, нэгъабэ Хьэбэз районым щыщ щIалэхэр зекIуэ дыщыIащ Адыгэ Республикэм. Нэхъапэ Улапэ дыщепсыхащ, итIанэ Мейкъуапэ дунэтIащ. Ар Япэ Дунейпсо зауэм хэта Кавказ шуудзэр къыщызэрагъэпэща махуэм теухуа Iуэхуу кърахьэжьати, гъуэгу техьэну зызыгъэхьэзыра си къуажэгъу шууеищым сраеплIанэу сежьащ.
— Шы гъэхъуным сыт хуэдэ гуращэхэр хууиIэ, Аслъэн?
— Зэ мы нэщI мазэр икIмэ, Адыгэ Республикэм аргуэру сежьэнут. Гъусэ згъуэтми нэхъыфIыжщ, сымыгъуэтми, си закъуэ зисчынущ. Зыкъом щIащ сэри сишми зэфIэкIрэ бэшэчагъыу диIэр згъэунэхужыну сызэрыхуейрэ. Мы гъэм къуршылъэ щIыпIэхэм щхьэдэхыу Фыщт бгым нэгъунэ нахусын я мураду жаIэ ди шууейхэм. Зиш илъэсих иримыкъуар хабзэкIэ апхуэдэ зекIуэ хьэлъэм хыхьэ хъунукъыми, дяпэгъэ нэс зысIэжьэн хуей мэхъу.
— Упсэу, Аслъэн! Налкъут утесу гъуэгу кIыхь техьэнри, шы нэхъыбэ къызэгъэпэщынри лъэпкъ Iуэхум епхащи, Тхьэм уи гум фIыуэ ибубыда псори къыбдигъэхъу!
Епсэлъар ЛЫХЬ Тимурщ
Больше на Черкес хэку
Подпишитесь, чтобы получать последние записи по электронной почте.