Республикэм и къалащхьэм и тхыдэм дриплъэжкІэрэ, махуэ къэс дызыщылажьэ печатым и Унэр, нэгъуэщІ ІуэхущІапІэ-къулыкъущІапІэхэр зытет Киров и цІэкІэ утыкум и къекІуэкІыкІам, и нобэм дыщыгъуэзэну гукъыдэж тщІащи, ди щІэджыкІакІуэри хыдошэ республикэм и къалащхьэм и тхыдэ дунейм.
Киров и цІэр зезыхьэ утыкур къалащхьэм и купсэ уэрамхэм ящыщщ, ар хэти ицІыхуу къыщІэкІынщ. Абы тетщ лъэпкъыбзэ газетхэм я Унэр, сабий гъуазджэмкІэ Унэр, зэгъэзэхуэжыныгъэ нэужьхэм теплъэщІэ зратыжу, иджы дыдэ къызэІуахыжар, ену Блэ мафІащхьэм щиІэ ПлъырыпІэ №1-м и штабыр, «ТекІуэныгъэ» паркыр, «Холодмаш» завод лъэрыхьу щытар, «Кубань» хьэщІэщу щытар, нэгъуэщІ куэди. Абыхэм хэти щыгъуазэу къытщохъу. Ауэ фцІыхуу пІэрэ иджырей Киров утыкур ипэкІэ «Базарная» зи фэщыгъэцІэ утыкуу зэрыщытар? Апхуэдэ фІэщыгъэцІэр щхьэусыгъуэншэкъым. АтІэ, революцэм ипэ къихуэу мы щІыпІэм махуэ къэс, пщэдджыжьым жьыуэ — бэзэр цІыкІу, блыщхьэ махуэм — бэзэрышхуэ щызэхашэт. СатущІапІэхэм, жьауапІэу къызэрагъэпэща щІыпІэ хэхахэм щащэт ерыскъыхэкІ зэмылІэужьыгъуэхэр.
Утыкум итт шхапІэ, хьэпшып зэхуэмыдэхэр зэгъэуІуауэ щащэ «Частия» тучан, Іэщ, мэлбжэн щытыпІэ-щапІэ, Іэщ Іусыпхъэ, жылапхъэхэм я сатущІапІэ хэха… Бэзэрым пэмыжыжьэу акционер тучаным щагъуэтт губгъуэм, щІыгум елэжьыным къыхуагъэсэбэп техникэхэр, Іэмэпсымэ зэмылІэужьыгъуэхэр. 1935-1937 гъэхэм утыкум нэгъуэщІ цІэ иратыжри, «Балахоновская жэуэ» иреджэу щытащ. Иджы утыкум зэрихьэ цІэр иратащ парт, къэрал Іуэхузехьэ емышыж Киров Сергей Миронович и щІыхькІэ. Ари жыІэпхъэщи, Кировыр и цІэ лейт (псевдонимт), и унэцІэ дыдэр Костриковт.
Псалъэ щхьэхуэкІэ къыхэгъэщыпхъэщ къуажэхэми къикІыурэ, къалэми щыщу цІыху куэд
зыщылэжьа «Холодмаш» заводыр. Совет властыр Ищхъэрэ Кавказым щагъэува нэужь, Баталпашинскэ исполкомым и унафэкІэ, Базарнэ уэрамым тет пхъэ зэгуэхыпІэхэм 1923 гъэм къыщызэрагъэпэщауэ щытащ лъэщапІэхэр, иужькІэ «Холодмаш» хъуар. Заводым и къарум хэхъуэурэ, икъукІэ зиужьащ. Дауэми, ар сменищу лажьэт, цІыху мини 3-м лэжьапІэрэ улахуэрэ щагъуэту. Абы къинэмыщІауэ, унагъуэкІэрэ зэрыгъэныбжьэгъу, унагъуэ зэдащІэт, лъэпкъкІэ зэрыубыдт. Заводым ІукІауэ цІыху щэ бжыгъэ Хэку зауэшхуэм и фронтхэм Іухьауэ щытащ, нэрыбгэ 40-м щІигъум я щхьэ халъхьащ, къагъэзэжакъым.
Иджыри зы гъэщІэгъуэн мы заводым ехьэлІауэ. Абы и лъэщапІэхэм языхэзым и блыным тетхауэ щытащ Ленин Владимир Ильич и сурэтышхуэ (иджыри тетынкІи мэхъу). Хэт ищІэнт Ленин нобэр къыздэсым здыщІэлъым, саркофагым щІыІагъэр зэпымыууэ щаІыгъыным «Холодмаш»-м къыщІигъэкІа Іэмэпсымэхэр къыхуагъэсэбэпыжыну?! АтІэ, аращ зэрыхъуар.
Заводым и лІыщІыгъуэ ныбжьыр 2023 гъэм игъэлъэпІащ. Пэжщ, а ныбжь дахэм ар екІуэлІащ и къарур щІэкІауэ, иІыгъа гуащІэдэкІ лъагапІэхэми иджы худэплъеижу. Арами, ипэкІэ лэжьахэм я лъэужьыр къагъэнэхужыным хущІэкъуу ноби заводыр мэлажьэ, пщэ-
дей махуэм я фІэщхъуныгъэрэ я гугъэрэ хамыхыу, инвесторхэм, властым гулъытэ къыхуащІу, щІэгъэкъуэн къахуэхъуным пэплъэу. Ари щІыдгъужынщи, игъэлэжьэн цІыхухэм хуэныкъуэщ, лэжьапІэ къэзылъыхъуэхэм яфІэгъэщІэгъуэн хъунумэ.
Сурэтым щыволъагъу заводым нобэ и теплъэр. Къалэм махуэ къэс зэрызиужьым уегупсысмэ, угугъэну лъабжьэ иІэщ мы теплъэми фІы и лъэныкъуэкІэ зихъуэжыну. «Холодмаш» цІэрыІуэр зэрыщытар ди нэгум къыщІэнэну дыхуейт, абы щылэжьахэм фэеплъ-гукъэкІыж яхуэтщІу, и хэгъуэгум и дерсыр иджынымкІэ щІэблэм нэІурыт сурэт хуэтщІу.
КъинэмыщІауэ, ди гуапэ хъунут заводым щылэжьауэ гукъэкІыж къызыхуэушыжын щыІэмэ, хъыбаркІэ къыддэгуашэмэ.
ТУАРШЫ Ирэ
Больше на Черкес хэку
Подпишитесь, чтобы получать последние записи по электронной почте.