Урысейпсо ЦIыхубэ Фронтым и хэкупсэ проект щэджащэхэм ящыщщ «Всё для Победы» зи фIэщыгъэцIэр, СВО-р щыщIидза илъэс дыдэм ирагъэжьар, «къулыкъущIэхэм, хуит къащIыжа хэгъуэгухэм: Луганскэ, Донецкэ цIыхубэ республикэхэм, Херсонскэ, Запорожскэ, Курскэ, Белгородскэ областхэм щыпсэу мамыр цIыхухэм защIэгъэкъуэн мурадкIэ».
«Всё для Победы!» проектым ипкъ иту Къэрэшей-Черкес Республикэм и ОНФ-ми зэпымыу псапащIэ дэIэпыкъуныгъэ лэжьыгъэшхуэ къызэрегъэпэщ зауэ операцэ хэхам хэтхэр зыхуей хуэгъэзэнымкIэ. ЖыпIэнурамэ, хэгъуэгум щыпсэу дэтхэнэми, хуей къудеймэ, зригъэщIэфынущ псапащIэ дэIэпыкъуныгъэр СВО-м хэтхэм зэрахуигъэкIуэфынур, зэкIуэлIэнур. Абы папщIэ КъЧР-м и ОНФ-м и хэщIапIэм уекIуалIэми хъунущ, социальнэ зэпыщIэныгъэхэм кIи хъыбар зэбгъэщIэфынущ. Хэгъуэгу къудамэм иригъэкIуэкI лэжьыгъэр къызэрымыкIуэу куэдщ. Ахэр махуэ къэс жыхуаIэм хуэдэу социальнэ зэпыщIэныгъэхэм щынэрылъагъущ. Абыхэм ящыщщ СВО-м Iут ди къулыкъущIэхэр зыхуэныкъуэ псапащIэ гулъэхэр зэхуэхьэсыныр, ахэр зауэр здыщекIуэкI щIыпIэхэм нэшэсыныр, хуит къащIыжа хэгъуэгухэм щыпсэухэм защIэгъэкъуэныр, зи бын СВО-м щыIэ унагъуэхэм чэнджэщ яхуэхъуныр, щIалэгъуалэм яIущIэныр, абыхэм зэпсэлъэныгъэхэр ядегъэкIуэкIыныр, къэухь зэмылIэужьыгъуэ ин дыдэ зиIэ нэгъуэщI хэкупсэ лэжьыгъэхэри. Ауэ, нобэкIэ нэхъыщхьэу къыхэгъэщыпхъэр Къэрэшей-Черкес Республикэм и ОНФ-м СВО-м хуаIэ пыщIэныгъэр хуабжьу зэгъэпэщауэ, зэкIэлъыгъэкIуауэ зэрызэлъэщIагъэхьэращ. АбыкIи пщэрылъыр зыхьыр КъЧР-м и ОНФ-м и нэIэм щIэту, жыджэрагъ ин хэлъу, лажьэ «Всё для Победы» проектращ, хэгъуэгу куратор Килбэ Русланрэ абы къыкъуэтхэмрэ я жыджэрагъращ. Дауи, гурыIуэгъуэщ жэуаплыгъэ ин зыхэлъ а проектыр ди хэгъуэгум щыгъэзэщIэныр апхуэдэ щIалэм и пщэ щIыралъхьар. АтIэ, СВО-р зэрыщIидзэу, езы Руслан хуейуэ, зыми химыгъэзыхьу, и лэжьыгъэр зригъэтIылъэкIри, Урысейм и хьэлэмэтхэр зыхъумэну, неонацистхэм гугъу ирагъэхь, насыпыншагъэ къызытегуплIа цIыхухэм къащхьэщыжыну япэ дыдэ зауэм Iуувахэм ящыщщ. «Илъэс куэдыфIкIэ сату зэпыщIэныгъэхэм загъэужьыныр си IэщIагъэу, унафэщI IэнатIэ сIыгъыу сылэжьащ. Ауэ гъащIэм зызэридзэкIри, сэ къызгурыIуащ си Хэкур хъумэным нэхъыщхьэ а пIалъэм къалэн зэрызимыIэр, СВО-р здыщекIуэкI щIыналъэм Iэмал имыIэу сыщыIэн зэрыхуейр. ЗыхэсщIащ абы псом нэхърэ нэхъапэу хуэныкъуэр зэрысэрар – къэралым и псэ зэпылъхьэпIэм сэ лъэныкъуэкIэ сыкъыщыту сыкъыхукъуэплъыфынутэкъым», — щыжиIащ Руслан и зы къэпсэлъэныгъэм. Мы щIалэр иплъащ лIэныгъэм и нэгум, хэтащ Авдеевкэ хуит къэщIыжын папщIэ екIуэкIа зэхэуэ хьэлъэ дыдэхэм. ЗэрыфщIэщи, ар Донецк къыгуэлъ щIыпIэщ, илъэси 10-м зэрынэхьэскIэ абы щыпсэу мамыр цIыхухэм неонацистхэр IэщэкIэ къахэуэу, гугъуехь мыухыжхэм хагъэту къекIуэкIащ. Абазэ лъэпкъым къыхэкIа щIалэ хэкупсэм, спортсмен Iэчлъэчым «АРС»-кIэ къеджэу, «ПЯТНАШКА» интернациональнэ бригадэм хэтащ.



Больше на Черкес хэку
Подпишитесь, чтобы получать последние записи по электронной почте.