Къэрэшей-Черкесым и Правительствэм и тхьэмадэ Аргун Мурат иригъэкIуэкIащ Хэку зауэ Иным къыщахьа ТекIуэныгъэр илъэс 80 зэрырикъур гъэлъэпIэным ипкъ иту зэхагъыхьа къызэгъэпэщакIуэ комитетым и зэхуэсыр гъэхьэзырыным хуэунэтIа зэIущIэ.

Абы и лэжьыгъэм хэтащ Къэрэшей-Черкесым и Iэтащхьэмрэ и Правительствэмрэ я Администрацэм и унафэщI Уэз Мурат, Правительствэм и министрхэр, Къэрэшей-Черкесым и военнэ комиссар, полковник Белобородов Сергей, «Защитники Отечества» фондым и хэгъуэгу къудамэм и унафэщI Абазалиев Марат, Черкесск къалэм и мэр Баскаев Алексей.
Абыхэм къанэмыщIауэ, видеоконференц гъэпсыкIэм иту зэпсэлъэныгъэм къыхыхьащ Къэрэшей-Черкесым и къалэхэмрэ районхэмрэ я Iэтащхьэхэр. Къэрэшей-Черкесым и лIыщхьэ Темрезов Рэшид ищIа пщэрылъхэм я къэухьхэм иту, адрейхэм я лейуэ ветеранхэм зэрадэIэпыкъуну хэгъуэгу Iэмалхэм я гугъу ящIащ. Псалъэм и жыIэгъуэкIэ, апхуэдэщ ахъшэкIэ пыдзэ яхуэхъуныр, нэ гъуэщI мыфинанс IэмалхэмкIэ ящхьэпэныр.
Апхуэдэу, ирипсэлъащ республикэ къалащхьэмрэ район купсэхэмрэ махуэщI теплъэ зэрыратынум, республикэм и хьэщIэхэм папщIэ ТекIуэныгъэм и турист маршрут къызэрызэрагъэпэщынум, абы дэщIыгъуу, юбилей махуэм ехъулIэу махуэщI дауэдапщэхэр зэрызэхашэнум. Апхуэдэу, хабзэ хъуауэ зэхашэу щыт «Парад у дома ветерана» пэкIум, «Георгиевская ленточка» зэхыхьэм, авто-велозэдэжэхэм, сурэтгъэлъэгъуэныгъэхэм рэ флешмобхэмрэ къанэмыщIауэ, спорт, щэнхабзэ, щIэныгъэ кIуэрабгъу зиIэ нэгъуэщI дауэдапщэхэри щыIэнущ.
Къэрэшей-Черкесым и Iэтащхьэ Темрезов Рэшид и нэIэм щIэтынущ хэгъуэгум и щIыналъэм щыIэ фэеплъ сынхэмрэ сэлэтыкхъэхэмрэ зэракIэлъыплъыр, ахэр зэрызэрагъэзэхуэжыр. Гулъытэ хэгъэщхьэхукIа хуащIынущ къытщIэхъуэ щIэблэр хэкупсэ Iуэхухэм зэрыхэтым. Псалъэм и жыIэгъуэкIэ, республикэм и еджакIуэ цIыкIухэм щхьэкIэ къызэрагъэпэщынущ зауэ лIыхъужьыгъэ щIыпIэхэм кIуэ сабий турист маршрутхэр.
Больше на Черкес хэку
Подпишитесь, чтобы получать последние записи по электронной почте.