ТЕКIУЭНЫГЪЭМ и фестивалым щIэблэхэр зэкъуегъэувэ

Лъэпкъхэм я зэкъуэтыныгъэм и Махуэр дауэдапщэ иным щIэту щагъэлъэпIащ Прикубан районым хыхьэ Кавказскэ жылагъуэм. МахуэщIыр ирагъэжьащ жылагъуэм дэт щэнхабзэмкIэ Унэм къыщызэрагъэпэща, лъэпкъ зэхуэмыдэхэм къахэкIа творческэ гупхэм я зыкъэгъэлъэгъуэныгъэхэмкIэ.

Сценэм щыIуащ цIыхубэм фIыуэ илъагъу пасэрей уэрэдхэри, иджырей щIалэгъуалэр зыIэпызышэ макъамэхэри, районым щэнхабзэмкIэ и Купсэм и нэIэм щIэт творческэ ансамбль нэхъыфIхэм я зыкъэгъэлъэгъуэныгъэхэр. Къапщтэмэ, махуэщIым нэхъри зэкъуигъэуващ Прикубан районым щыпсэу лъэпкъ зэхуэмыдэхэр, зэныбжьэгъугъэр, зэгурыIуэныгъэр ягъэщыпкъэу. Иджыри зэ щыхьэт техъуахэщ Урысейм и къару нэхъыщхьэр — къэралым щыпсэу лъэпкъхэм я зэкъуэтыныгъэу, Хэку фIылъагъуныгъэу зэрыщытым.

Концерт гъэлъэгъуэныгъэ нэужьым, жылагъуэм и хьэщIэхэр: КъЧР-м и къэрал власть къулыкъухэм къабгъэдэкIахэри, курыт еджапIэхэм къикIа еджакIуэхэри екIуэлIащ жылагъуэ купсэм щызэрагъэзэхуэжу а махуэм гуфIэгъуэ дауэдапщэм щIэту къызэIуаха ТекIуэныгъэм и паркым. А Iуэху дахэмкIи иджыри зэ ягъэщыпкъащ тхыдэ фэеплъыр зэрымыкIуэдыр, абы щIэблэхэм пщIэ зэрыхуащIыр, цIыхубэр зэрызэкъуигъэувэр.

МахуэщIым нэхъри мыхьэнэ езытар мы гъэр Хэкум и хъумакIуэм и Илъэсу зэрыщытращ. Нобэ хэкупсагъэ- лъэпкъыпсагъэм щIапIыкI щIалэгъуалэмкIэ къызэрымыкIуэ щапхъэщ фашизмэр зэхэзыкъутэу Хэку зауэшхуэм щыгъуэ ТекIуэныгъэр къэзыхьахэр, нобэ Хэкум и щIыхьыр зыхъумэу зауэ опе рацэ хэхам щыIэхэр. Мы махуэщIым щыкуэда щIалэгъуалэм игъэщыпкъащ Хэкум и хъумакIуэ ерыщу зэрыщытынур! Iуэхугъуэм къеблэгъащ КъЧР-м и Правительствэм и тхьэмадэм и къуэдзэ Урусов Марат, Прикубан район администрацэм и Iэтащхьэ Семёнов Ахъмэт, республикэм мэкъумэш хъызмэтымкIэ и министр Биджиев Умар сымэ.

МахуэщIыр къыщызэIуахым псалъэ зыхуагъэфэща, Прикубан район администрацэм и Iэтащхьэм жиIащ: — Районым щыпсэухэм, псом хуэмыдэу, нэхъыжьхэм къыбгъэдэкIа жэрдэм гуапэщ нобэ гъэщIэрэщIэжауэ къызэIутхыж, «ТекIуэныгъэм и парк» зыфIэтща зыгъэпсэхупIэ щIыпIэ дахащэр. Гуапэ зэрытщыхъуну, ди районым щыпсэухэм къабгъэдэкIа жэрдэмыр республикэм и Iэтащхьэм къыддиIыгъри, нобэ фолъагъу IуэхуфI зэтщIылIэу къэдгъэщIэрэщIэжа щIыпIэр.

 ДэIэпыкъуэгъу къытхуэхъуа дэтхэнэми фIыщIэ ин яхудощI. ДяпэкIи дыхущIэкъунущ цIыхухэм я щыIэкIэ-псэукIэр егъэфIэкIуэным. Си фIэщ мэхъу ди Правительствэм дэтхэнэ ди жэрдэмри къызэрыддиIыгъынур. Нэхъыщхьэр, дызэкъуэту сыт хуэдэ Iуэхури зэрызэдэдгъэкIуэтэнуращ. Дызэкъуэт мэ – зыри къытпэлъэщынукъым. Сывохъуэхъу мы махуэщI лъапIэмкIэ, Iуэхугъуэ дахэмкIэ! – къыхигъэщащ Семёнов Ахъмэт. Къапщтэмэ, дэтхэнэ къэпсэлъами къыхигъэщащ къагъэщIэрэщIэжа ТекIуэныгъэм и паркыр цIыхухэм я зыгъэпсэхупIэ къудей мыхъуу, ди къэралым и тхыдэ блэкIамрэ нобэреймрэ зэпызыщIэну щIыпIэ зэрыхъунур.

Жылагъуэдэсхэмрэ хьэщIэхэмрэ куэду зыхэта мы махуэщIыр сыткIэ гъэнщIауэ щыта, жыпIэу ущIэупщIэмэ, щIэблэхэр зэкъуагъэуващ мыбдеж къыщагъэщIа гъэлъэгъуэныгъэхэм: зауэм, мамырыгъэм тращIыхьа теплъэгъуэхэм, губгъуэ шхапIэм, творческэ мастерклассхэм. Иужьрей IуэхугъуэхэмкIэ къызэщIрагъэубыдащ нобэ СВО-м щыIэ ди къулыкъущIэхэр нэхъ зыхуэныкъуэ хьэпшыпхэр щIыныр: Iэпщэхъу зэмылIэужьыгъуэхэр, щIытIым щисым къыщагъэсэбэп шэху уэздыгъэхэр, зэрызагъэпщкIу хъы зэпыщIэныгъэхэр: ящIащ зэрызагъэкъабзэ пкъыгъуэ гъущэхэр, къапщтэмэ, къулыкъум щыIэ ди щIалэхэр нэхъ зыхуэныкъуэхэр.

ЛъыхъуакIуэ гупхэм къаIэрыхьэ Iэщэхэм, зауэлIхэм я хьэпшыпхэм я гъэлъэгъуэныгъэхэр икъукIэ гъэщIэгъуэн ящыхъуащ щIалэ цIыкIухэм: зрапщытащ автоматми, нэгъуэщI зауэлI Iэмэпсымэхэми. МахуэщIым къекIуэлIахэм жаIащ лъэпкъхэм я зэкъуэтыныгъэм и махуэщIым – граждан зэдэгъуэгурыкIуэныгъэр, зэгурыIуэныгъэр, тхыдэм и фэеплъыр хъумэныр зэрагъэщыпкъэр. КъинэмыщIауэ, махуэщIым ипкъ иту жылагъуэм къыщызэIуахыжа ТекIуэныгъэм и паркым лъэпкъхэр нэхъри зэрызэкъуигъэувэм шэч хэлъкъым.

АБИДОКЪУЭ Люсанэ


Больше на Черкес хэку

Подпишитесь, чтобы получать последние записи по электронной почте.

Добавить комментарий

Ваш адрес email не будет опубликован. Обязательные поля помечены *