Адыгэхэм пасэм щыгъуэ къадэгъуэгурыкIуа, «Т» хьэрфым зи теплъэр ещхь дамыгъэхэм ятеухуа хъыбар, зэпсэлъэныгъэ мымащIэ къыщокIуэкI интернетдунейм. Щхьэж и еплъыкIэ, гупсысэкIэ, хущытыкIэ зэхуэмыдэхэр хуиIэжщ а Iуэхугъуэм. Ауэ дэркIэ нэхъыщхьэр апхуэдэ дамыгъэр дяпэкIэ псэуахэм зэраIар, абы мыхьэнэуэ халъхьэу щытар зэрытлъэкIкIэ наIуэ щIынращ. Сыт абы щхьэпэу хэлъыр жыпIэмэ, ди тхыдэм и сыт хуэдэ къутахуэри адыгэр дызыхуэдэмрэ дызищIысымрэ нобэ псэухэм нэхъыфу къыдгурыIуэнымкIэ зэрысэбэпращ…
Къыхэгъэщыпхъэщи, тхыгъэр щыдгъэхьэзырым щIэныгъэлIхэм я статьяхэм, цIыху къызэрыкIуэхэм я еплъыкIэхэм зыщыдгъэгъуазэри, мы темэр зэрызыхэтщIам, къызэрыдгурыIуам хуэдэу щIэджыкIакIуэхэм фи пащхьэ итхьащ.
АтIэ, Т-дамыгъэр ар сыт? ЗэрыхуагъэфащэмкIэ, ар хьэрф «Т»-м ещхьу зэтелъ пхъэхэщ. Адыгэхэм ахэр къагъэсэбэпу щытащ ХIХ лIыщIыгъуэм и кIэм пщIондэ ТхьэлъэIу Iуэхугъуэм епхауэ. Зэуэ жытIэпхъэщи, езы дамыгъэр Тхьэуэ къалъытэтэкъым, атIэ ар ягъэув хабзэт ТхьэлъэIур здащI щIыпIэхэм.
Нобэм хэпсэукI цIыхухэм нэхъ къызэрыдгурыIуэнум хуэдэу жытIэмэ, «мыбдеж ТхьэлъэIу щащI» жиIэу арат а нэщэнэм кърагъэкIыр. ЖыIэпхъэщи, Кавказ зауэм, абы ипэ къихуэу Черкесием и щIыналъэхэм щыIа къэхутакIуэ куэдым Т-дамыгъэм и гугъу ящIауэ щытащ.
Апхуэдэу, Тавернье Жан-Батист Черкесием XVII лIыщIыгъуэм щызэрахьэу щыта дин хабзэхэм ехьэлIауэ Т-дамыгъэр къыхигъэщащ: «Илъэсым зэ унэ къэс щащI уадэм ещхь жорхэр». (Тавернье Ж.-Б. «Тыркум, Къэжэрым, Индием илъэс плIыщIым къриубыдэу къызэзынэкIа зекIуих»).
Лонгворт Джорджи XIX лIыщIыгъуэм и кум Т-дамыгъэм и гугъу ищIауэ щытащ икIи къызэрыхигъэщамкIэ, ар ТхьэлъэIу здащI мэзым щагъэувт. (Лонгворт Дж. «Черкесхэм я деж илъэскIэ»).
Спенсер Эдмонд итхащ: «Адлер деж щаIэ, ТхьэлъэIу здащI мэзхэм сащыблэкIкIэ, слъагъут жорым нэхърэ Т–м нэхъ ещхь дамыгъэр; зэрыжаIэмкIэ, ар пасэрей дыдэт». (Спенсер Э. «Черкесием сызэрыщыIар», 1839 гъэ).
Езы дамыгъэхэри къыщагъуэтауэ щытащ, щIэныгъэм зэригъэнаIуэмкIэ, илъэс мин бжыгъэкIэ узэIэбэкIыжмэ адыгэбзэкIэ е абы хуабжьу пэгъунэгъу бзэ кIэ псалъэу щыта лъэпкъыр здэпсэуа щIыпIэхэм (Кавказым). Абы къикIыр аращи, мы дамыгъэхэр чыристан диным нэхърэ куэдкIэ нэхъыжьщ. Мыр иджыпсту къыщIыхэдгъэщым и щхьэусыгъуэр куэдым «Т» теплъэ зиIэ дамыгъэхэр чыристан жорхэм зэрырагъэщхьыр е жор лIэужьыгъуэу къызэралъытэращ.
Т-дамыгъэм и теплъэр зэрынэгъуэщIым къыдэкIуэу, абы къикI мыхьэнэри нэгъуэщIщ. ИщхьэкIэ телъ пхъэм Тхьэшхуэр здэщыIэ щIыпIэр, лъагапIэр къегъэлъагъуэ, абы ищхьэкIэ зыри нэгъуэщI щыIэкъым; абы и лъабжьэм зы лъакъуэу щIэтыр – Дунейращ. ЗэрыхъумкIэ, дамыгъэр ТхьэлъэIу здащI щIыпIэм щагъэув нагъыщэщ.
Ар щIагъэуври здагъэуври къыдгурыIуэн папщIэ, къыхэгъэщын хуейщ Тхьэлъэlу щащIкIэ адыгэхэм члисэ е мэжджыт хуэдэ хэщIапIэхэр яухуэу зэрыщымытар, атIэ абыхэм къыхахт щIыуэпсыр здэдахащэ, цIыху щымыпсэу мэзхэр. А щIыпIэм зыри псэуну щетIысэхтэкъым, мэзыр абдеж ираупщIыкIтэкъым, ар Тхьэшхуэм зыздыхуагъазэ щIыпIэ нэхут. Ар нэрылъагъуу, хэмыгъуащэу щытын папщIэт а дамыгъэхэри щIагъэувыр.
ЩIыпIэхэр къызэрыхахыу щытам теухуауэ абы иджыри щэху гуэрхэр епхауэ худогъэфащэ, сыту жыпIэмэ, дяпэкIэ псэуахэр дэр нэхърэ куэдкIэ щIыуэпсми Тхьэшхуэми нэхъ пэгъунэгъут. Абы къидгъэкIыр «гуащIагъ нэху здэщыIэ щIыпIэу» (места силы) къалъытэхэрауэ худогъэфащэ ТхьэлъэIур щрагъэкIуэкIыу щытар.
АтIэ, а Т-дамыгъэр зищIысыр тIэкIу зэхэдгъэкI хуэдэу щыхъуакIэ, ар зыхуагъэуву щыта Тхьэшхуэр адыгэ фIэщхъуныгъэмкIэ хэт? Тхьэшхуэр – дунейри, цIыхури, псори къэзыгъэщIащ. Ар цIыху гъащIэм къыхэIэбэ хабзэкъым, атIэ дэ къыхэтхыну лъагъуэм дыхуитыжщ. Абы и теплъэр гъэбелджылакъым, ар зэманми, щIыпIэми емыпхауэщ зэрыщыIэр. Тхьэм теухуауэ лъэпкъым къытхуэна хъуэхъухэм мыпхуэдэу къыхощ: «Псори зэлъэIуу, зыми емылъэIуж», «Псори зыщыгугъуу, зыми щымыгугъыж», «Уафэри щIылъэри зезыгъакIуэ, тыгъэшхуэр къызыбгъэдэкI», «ЩымыIэр хэзыгъахъуэу телъыджэр зи Iэужь», жэуэ.
ЖыIэпхъэщ адыгэхэм Псэри, адэжьхэм я Псэри я фIэщ хъууэ зэрыщытар. Хьэдрыхэм IэпкълъэпкъкIэ зыхэпщIэн уз, гуауэ е гуфIэгъуэрэ гурыхьагърэ щыIэу къалъытэтэкъым. АтIэ, узэрыпсэуам елъытауэ, ПсэкIэ утыншынрэ умытыншынрэ, адэжьхэм, Тхьэшхуэм я папщхьэм умыукIытэу уихьэжынрэ уимыхьэжынрэт зэреплъхэр.
Абы къыхэкIыу адыгэмкIэ нэхъыщхьэу къалъытэт Напэр хъумэныр, ГущIэгъу, ЛIыгъэ зыхэгъэлъыныр, Псапэ щIэныр. КъинэмыщIауэ, адыгэхэм къалъытэт адэжьхэм я псэхэр тщыгъупщэ мыхъуну. Абы папщIэ ХьэдэIусхэр, Жьэрымэхэр щыIэт. Адыгэхэм зы Тхьэшхуэм нэмыщI нэхъ ин зэрыщымыIэр я фIэщ хъууэ зэрыщытам щыхьэт тохъуэ зыплъыхьакIуэ Спенсер Эдмонд:
«КхъухьэпIэ Кавказым щыпсэухэм я фIэщхъуныгъэм лъабжьэ хуохъу зы Тхьэшхуэ зэрыщыIэр, Псэр зэрымылIэжыр, атIэ нэгъуэщI дуней, адэжьхэр здэкIуэжам, зэрыкуэшыр. Тхьэм теплъэ гуэр иIэу къалъытэкъым, атIэ псори къэзыгъэщIауэ ябж, абы Псэм ещхьу Уэгу (Космос) псор къызэщIеубыдэ. КъинэмыщIауэ, Тхьэшхуэм къигъэщIа, Iуэхугъуэ гуэрхэм кIэлъыплъыну щыIэ къарухэри я фIэщ мэхъу.
Апхуэдэщ Мэзытхьэ, Тхьэгъэлэдж, ЗекIуатхьэ сымэ, нэгъуэщIхэри…» Езы «Тхьэ» псалъэри хуабжьу гъэщIэгъуэнщ. И мыхьэнэм теухуауэ еплъыкIэ зэхуэмыдэхэр щыIэщ. Ауэ дэ дызэреплъымкIэ, ар IыхьитIу зэхэтщ «Т»-рэ «Хьэ»-уэ. Апщыгъуэми, абы мыхьэнэуэ къикIыр – «хьэр къозыт» — «дающий дух, душу». Псалъэр зэпкърыхын щыщIэддзакIэ иджыри зы Iуэхугъуэ гъэщIэгъуэным гу лъывэдгъэтэнщ.
Дунейм куэд щIауэ тет бзэжьхэм «Т», е «тх», е «тха» Iыхьэм куэду урохьэлIэ, апщыгъуэми «Тхьэ» мыхьэнэр къикIыу. Щапхъэу къэтхьынщ: алыджхэм: theos — тхьэ; мысырхэм pth — Птах, sth (swth) — Сет, hthr – Хатхор, nbtht — Небетхет; пасэрей германхэм: nerthus — Тор и анэ, thor (tor) — Тор; кельтхэм: tnath — тхьэ; санскритым: tirthankara — члисэр къэзыгъэщIа, tathagata — нэгъуэщIу «будда», atharvan — тхьэлъэIу езыгъэкIуэкI; пасэрей семитхэм: anatha — тхьэ Анэ. НэгъуэщI щапхъэхэри щыIэщ.
Ауэ, зэрыгурыIуэгъуэщи, «Тха» жыхуиIэ Iыхьэм географие и лъэныкъуэкIэ щIыпIэ зэлъэмыIэс куэдым, бзэ-унагъуэ зэхуэмыдэхэм уащрохьэлIэ. Нэхъыщхьэращи, а Iыхьэм и купщIэр зыщ. Аращи, зэрыхъумкIэ, «Тхьэ» псалъэм и лъабжьэр жыжьэ дыдэ къыщожьэ. Ар апхуэдэу щIыщытыр ипэжыпIэкIэ зэхэбгъэкIын папщIэ, жыпхъэ щыIэхэм утекIыу, пэжыр уи гъуазэу лингвистикэри, тхыдэ, археологие щIэныгъэхэри, нэгъуэщIхэри зэщIыгъуу зэдэлэжьапхъэщ мы темэмкIэ. Ар лэжьыгъэшхуэщ, зыгуэщIын щIэныгъэлIхэри абрагъуэу, пэжым и телъхьэу щытыпхъэщ. ДэркIэ иджыкIэ нэхъыщхьэр «Тхьэ» псалъэм гъэщIэгъуэныщэу жыжьэ дыдэ дызэришаращ. Апхуэдэ псалъэ дапщэ хэт ди анэдэлъхубзэм? Егъэлеиныгъэ хэмылъу жытIэнщи, адыгэбзэм, абы хуэдэ нэгъуэщI бзэжьхэм я къежьапIэр къэпхутэмэ, ди тхыдэми дуней еплъыкIэми куэдкIэ зихъуэжыну къыдолъытэ…
Тхыгъэр къызэрежьа Т-дамыгъэм гупсысэ куум, пасэрей адыгэм и фIэщхъуныгъэ, и дуней еплъыкIэ гъэщIэгъуэным дыхуишащ. Пагагъэ лъэпкъ хэмылъу жыIэпхъэщи, ди блэкIар апхуэдизкIэ дэр дыдэмкIэ наIуэкъыми, гурыIуэгъуэкъыми, сыт хуэдэ псалъи, дамыгъи, хабзи я лъагъуэ урикIуэмэ, зы дуней телъыджэ гуэрым Iэмал имыIэу укъыщыхутэнущ. Тхьэм апхуэдэ лъагъуэхэм ирикIуэн куэд къытхигъэкI! БлэкIар зымыщIэм къэкIуэни иIэкъым.
Зыгъэхьэзырар ГЪУКIЭКЪУЛ Иринэщ
Больше на Черкес хэку
Подпишитесь, чтобы получать последние записи по электронной почте.