Срогушхуэ

Си цIэр Хьэлимэтщ, Темырхэ срапхъущ, Хъумэрэ къуажэм сыщыщщ. Срогушхуэ сызэрыадыгэм. Ди адэ-анэм я фIыщIэ-кIэ, анэдэлъхубзэри адыгэ хабзэхэри сощIэ. Дунейм адыгэу тетым яIэ гурыщIэ щэхум сэри сыщIохъуэпс – адыгэхэр зы дыхъужыным, дылъэщу, дыкъабзэу дыкъызэтенэным.

Хъумэрэныжьыр цIэрыIуэу къонэ и лъэпкъ хабзэжьхэр имыгъэкIуэду зэрызэрихьэмкIэ, абы и цIыхухэм хьэщIагъэрэ ныбжьэгъугъэрэ къазэрыкъуэкIымкIэ. Абы и щыхьэтщ ди гъунэгъуу псэу къэрэшейхэм фIыуэ дыкъызэралъагъур, «хъумэрэдэсхэр цIыхуфIщ» жэуэ къызэрытхужаIэр.
Адыгагъэм, цIыхугъэм къанэмыщIауэ, си къуажэгъухэм иджыри зы фIагъ къызэрыгуэкI яхэлъащ — ар сыт щыгъуи лэжьакIуэжьу зэрыщытахэращ, я гъащIи, я къаруи щымысхьыжу Хэкум и хуитыныгъэр зэрахъумаращ. Си къуажэм и тхыдэр, аддэ жыжьэу къыщыщIэдзауэ ди нобэм къэсыху, къыщетхэкIыжащ Темыр Хьэжмусэ и «Хъумэрэмрэ хъумэрэдэсхэмрэ» тхылъым.
Езы Хьэжмусэ щIалэщIэу Хэку зауэшхуэм кIуащ икIи, икIэм нэс хэтри, псэууэ къыхэкIыжащ. ТхыдэмкIэ егъэджакIуэу куэдрэ лэжьащ, ар щIалэгъуалэмкIэ ущиякIуи гъуэгугъэлъагъуи хъуащ. Хьэжмусэ къытхуигъэна тхылъым я гуащIэ хэлъщ къуажэм дэс цIыху куэдым. Зауэр къызылъэмыIэса унагъуэ щыIэкъыми, дэтхэнэри къызэригъэлъэгъуэным пылъащ тхакIуэр.
Хэкур яхъумэну заIэтащ щIалэ 241-м, зауэшхуэм зи щхьэ хэзылъхьахэр нэрыбгищэрэ щэщIым фIокI. 30-р хъыбарыншэу кIуэдащ. Фронтым псэууэ къыIукIыжри мамыр гъащIэм хэувэжащ Беслъэнейхэ Ибрэхьимрэ СулътIанрэ, Темыр Алий, Дыгъужь Хьэжмусэ, ГъукIэмыхъу Ехья, Дзэмыхьхэ Мухьэмэд, Рэмэзан, Джэтэгъэжь сымэ, Жэгуэтэнхэ Алийрэ Зэчрейрэ, Лъэбышэ Къэрал, Жэгуэтэн Iэюб, Темыр Мусэ, Хъуэц Александр, Астэжьхэ Хьисэрэ Мухьэмэдрэ, Шуликин Фёдор, Литвинов Сергей, Панченко Николай сымэ.
Зауэ зэманым нагъыщэ зэхуэмыдэхэр, орденхэмрэ медалхэмрэ къызыхуагъэфэщахэм ящыщщ ГъукIэмыхъу Чэшиф, Алэкъей Талустэн, Астэжь Хьисэ, Ещэр Мэхьмуд, Дзэмыхь Къурмэн-Алий, Жэгуэтэн Iэюб, Беслъэней Хъазджэрий хуэдэхэр. Хэкур зыхъумахэм папщIэ ди къуажэм фэеплъ сын дэтщ.
Си тхыгъэмкIэ щапхъэу къэсхьа ветеранхэм ящыщу нобэ зыри псэужкъым. Си жагъуэ мэхъу зауэ илъэсхэм тылым щы-лэжьа сабийхэм ящыщу нэрыбгэ зытIущ нэхъ къызэрымынэжари. ГущIэгъуншэщ гъэхэр.
Дэ, нобэ псэу ныбжьыщIэхэм, абыхэм я фэеплъыр тщымыгъупщэныр ди къалэн нэхъыщхьэщ. ИкIи тщыгъупщэнукъым. Темыр Хьэжмусэ итхыжа тхылъри абыкIэ щIэгъэкъуэн тхуэхъунущ.
ТЕМЫР Хьэлимэт,
Дыгъужь Къу. и цIэр зезыхьэ
Хъумэрэ курыт еджапIэм
и е 9-нэ классым хэ
с


Больше на Черкес хэку

Подпишитесь, чтобы получать последние записи по электронной почте.

Добавить комментарий

Ваш адрес email не будет опубликован. Обязательные поля помечены *