КъызэралъытэмкIэ, шытIэныр (массажыр) Iэдэмрэ Хьэуэрэ я деж къыщожьэ узыр зыгъэмащIэ, зыгъэкIуэдыж, Iэпкълъэпкъ ешар зыгъэпсэхуж, зэрызыгъэубыдыж, лъагъуныгъэр цIыхум зыхезыгъащIэ Iэмалу. Фыхуеймэ фи фIэщ фщIы, фыхуэмеймэ фымыщI, ауэ анэм гуапэу Iэ къызэрывдилъэри, къывдэджэгуу фызэригъэкIылри, къыфхуэмыарэзыуэ къызэрыфкIэщIэпIаскIуэри, фи тхьэкIумэхэр зэриIуантIэри, хьэкъыпIэкIэ Iэпкълъэпкъыр зэришытIэ Iэмалщ. Ар анэм и Iэпэхэм къапыкI хущхъуэщ. Ар къыщывгурыIуэжыр балигъ фыхъуу, бын вгъуэтыжа нэужьщ… Фи плIэIум илъу къефхьэкI хьэлъэми фешытIэ. БэнакIуэхэр щызэпеIэкIэ, щызэрызелъафэкIэ, щызэрыгущIкIэ, ахэри зэрошытIэ. Ди эрэм и пэкIэ IX лIыщIыгъуэм къикIри къыднэсащ пасэрей Мысырым, Алыджым, Чынтым, Индием шытIэным теухуауэ щызэхалъхьа япэ тхыдэ тхыгъэхэр…
Ди дежи шытIэныр хуабжьу къагъэсэбэп. ШытакIуэр дапщэщи зэманым декIу IэщIагъэщ. Абы щыхьэт къытохъуэ си псэлъэгъухэри: Черкесск деж цIыхухэр здашытIэ студие къызэзыгъэпэща ХьэпэнцIыв Маринэрэ (мы гъэм зи илъэс 90-р зыгъэлъэпIа, лъэпкъ журналистикэм лъэужь дахэ къыхэзына ХьэпэнцIыв Сэфарбий и нысэщ) абы и лэжьэгъу Севастьянов Сергейрэ. Абыхэм я лъэхъыщ (лъэужь) сызэрытехьари гъэщIэгъуэнщ: я хэщIапIэмрэ я телефонымрэ къызитащ лэжьапIэм сизышыж таксим и рулым кIэрыс мулъымэн бзылъхугъэ ныбжьыщIэм.
Ари абыхэм япэщIэхуагъэнт шытIэн IуэхукIэ… ХьэпэнцIыв Маринэ сызэрыщигъэгъуэзамкIэ, ар шытIэн Iуэхум пылъщ илъэсипщIым зэрынэхьэсауэ. Псори къызэрыригъэжьа хъуар и къуэ цIыкIуращ. Абы и псэуныгъэкIэ дагъуэ иIэти, и быным щхьэпэным ирихьэлIащ лъагъуныгъэуи, къарууи, щIэныгъэуи иIэр. Къигъэсэбэпакъым хущхъуи, нэгъуэщI иджырей медицинэ Iэмали. ТегъэщIапIэ ищIащ тибет Iэмалхэр, шытIэныр, Iэзэгъуэ гимнастикэр. Иджы ДыкъэзыгъэщIам и фIыщIэкIэ, езым и егугъуныгъэ ерыщкIэ, и нанум и псэуныгъэр зэфIигъэувэжащ – ар сымэджауэ зыми и фIэщ хъунукъым. КъопкIэнущ, къолъэнущ, щхьэкIэ мэув. Маринэ Тхьэм шыкур хуещI и быным къызэрыщхьэпамкIи, езыри а ущхьэгъумкIэ мы Iуэхум хэшытIа (къысхуэвгъэгъунщ зэрымыщIэкIэ къэзгъэсэбэпа тафталогиер) зэрыхъуамкIи. Нэхъапэ щIыкIэ бзылъхугъэхэр, сабийхэр щишытIэт и унэм, иужькIэ къызэIуихащ иджы здэлажьэ шытапIэ студиер. Лэжьэгъу къыхуэхъуащ Черкесск медицинэ училищэр и зэманым къэзыуха Севастьянов Сергей.
Езыми медицинэ щIэныгъэ имыIэмэ мыхъуну къилъытэри, къиухыжащ Москва социальнэ университетым Черкесск дэт и къудамэм и медицинэ факультетыр. Маринэ сызэрыщигъэгъуэзамкIэ, езымрэ Сергейрэ цIыхухэм яIэзэ къудейкъым, атIэ ахэр хуагъасэ езыхэр я псэуныгъэм хуэсакъыу, щхьэпэжу, я къупщхьэхэм, лъынтхуэхэм, лыпцIэхэм елэжьыжу. Чэнджэщэгъу яхуохъу абы и лъэныкъуэкIэ, гу лърагъатэ къагъэсэбэпыпхъэ Iэмалхэм, абыхэм хуагъасэ. Мыбдежым пэш щхьэхуэ яIэщ, жыхэфэгум алэрыбгъу цIыкIухэр къраубгъуэри, къахуэкIуэхэр хуагъасэ псэуныгъэм щхьэпэ Iэмал зэхуэмыдэхэм. ЦIыхур зыхуэсакъыжмэ, зыкIэлъыплъыжмэ, ар мащIэщ зэрыгъейшеинур, мысымаджэххэнкIи зыри хуэIуакъым. ХьэпэнцIыв Маринэ и фIэщу зэрыжиIэмкIэ, дэтхэнэри псэуныгъэм хущIэмыкъумэ, зы IэзакIуи, IэщIагъэлIи абы сэбэп къыхуэхъунукъым. Мурад быдэ зыщIу, зыщIэхъуэпсым хуэпабгъэм, ерыщу пылъым, сытри къыдэхъунущ. ЗэчиифIэ тIуащIэми, акъылым и щхьэр «къикъутэми», Iэдэб хэлъу махуэ къэс зыпымылъыжым, зыри хузэфIэкIынукъым, и псэуныгъэри хуэхъумэнукъым. Сэ Маринэ соупщI, «Махуэм цIыху дапщэм уадэлэжьэфрэ?» жызоIэри.
Абы нэрыбгитху нэхъыбэ зы махуэм къригъэблагъэкъым, сыту жыпIэмэ, абы и дежкIэ бжыгъэракъым нэхъыщхьэр. Нэхъыщхьэр дэтхэнэри зыхуейм хуигъэзэнырщ, арэзыуэ бгъэдэкIыжынырщ. Абы пыплъхьэни пыбдзыни щыIэкъым. Севастьянов Сергей шытIакIуэщ икIи къупщхьэщIыжщ (костоправ). А IэнатIитIыр зэрызэдихьым, и зэфIэкIхэр здынэсым сыщыщIэупщIэм Сергей къызэрыджиIамкIэ, ар зыгуэркIэ зыхуэарэзыжкъым, цIыхухэм нэхъыбэу ящхьэпэфыну къанэу къелъытэри. Ар нэхъыбэу икIи нэхъыщхьэу къызыхэкIыр езы сымаджэхэр дохутырым къыдэIэпыкъуным зэрыхуэмыхьэзырращ. И пэжыпIэкIэ, дэтхэнэ дохутырри, шытакIуэри, къупщхьэщIыжри псоми щыгъуазэ, псори зыхузэфIэкI IэщIагъэлIкъым. Абыхэм псом япэу яхузэфIэкIыр аращи, шытIэныгъэмкIэ цIыхум зэрызипIытI-зэрызихузыр щхьэщах, абы и Iэпкълъэпкъыр кърагъэутIыпщ ар зэщIэзыубыда гузэвэгъуэ, пIейтеиныгъэ «Iэдэм». ПIейтеиныгъэм, гужьеигъуэм («паническэ атакэщ» абы иджы зэреджэр) шытIэнымкIэ къыIэщIагъэкIа цIыхур адэкIэ и щхьэ хуитыжщ. Сергей гу лъетэ ди зэманым медицинэ хуэIухуэщIэхэр лъапIэ дыдэ зэрыхъуам. ШытIэнымрэ мануальнэ терапиемрэ я зы сеансым сымаджэ хэм сом минхэр, операцэхэм сом минипщIхэр, минищэхэр щIат. Псэуныгъэр, узыншагъэр ахъшэкIэ къыпхуэмыщэхунуми, ар щIыуэпсым къыуитыфынущ пщIэншэу. Хьэуар, псыр, дыгъэр, дызытет щIылъэр диIэххэщ дунейм дыкъызэрытехъуэрэ.
ЩIыуэпсым ди псэуныгъэм къыхузэригъэпэщащ къызэрымыкIуэ щытыкIэ гъуэзэджэхэр. Абы пщIэ тIихкъым мэзым къызэрыщыткIухьым, пщэдджыжь уэсэпсым дызэрыхэтым, жьы къабзэ къызэрытщIихум папщIэ. Абы щIэттыр зы пщIэщ — ди щхьэхыныгъэм дыгурыIуэнырщ. — Ди деж узыншагъэ къыщыфщэхуну фыхуемыжьэ, — ХьэпэнцIыв Маринэ пэджэжу жеIэ и лэжьэгъу Севастьянов Сергей. — Фылъымыхъуэ фи Iэпкълъэпкъыр Iэбэгъуэ зыбжанэкIэ зэпIэзэрыт зыщIыжыну IэзакIуэм. Фи фIэщ фщIы, сэ узыншагъэ сщэуэ щытамэ, сэ нэхъ цIыху бей дунейм тетынтэкъым. Ауэ ар сэ схузэфIэкIынукъым. Уз псоми я хущхъуэ хъу Iэмалыр си IэмыщIэ илъкъым, си къулыкъущIапIэ пэшым щIэлъкъым, си лэжьыгъэр абы тегъэпсыхьакъым. Псэуныгъэм и IункIыбзэIухыр фэ фIэщIэлъыжщ, ар яхэлъщ фи лъакъуэхэм, фызэрыбауэ хьэуам, фызэфэ псым, фи гурыхьыр зэрывгъэнщI шхыныгъуэхэм, Iэнэм фыкъыкIэрыкIыу, диваным фыкъитэджыкIыу, къэфкIухьыным, къэвжыхьыным фызэрыхуэхьэзырым, абы фызэрыщIэхъуэпсым, абы тхъэгъуэ къызэрывитым. Дэ, шытакIуэхэмрэ къупщхьэщIыжхэмрэ — дыунэтIакIуэ, узэщIакIуэ къудейщ, дыдэIэпыкъуэгъущ. Ауэ упщIэ щывиIэм деж зыкъытхуэвгъазэ, дыфщхьэпэну, псэуныгъэм фыхуэдунэтIыну дыхьэзырщ.
Гъуэгу техьэ тенэкъым, Тхьэм фызыриша тафэр къызэвнэкIыныр, гъащIэ пэрыуэгъуу къигъэува бгыхэм фыдэкIыныр, псэуныгъэр зэтевгъэпсыхьыныр псом япэу фэ къыфпэщылъ Iуэхущ икIи фи япэ къалэнщ. Сергей жиIэ псалъэхэр сэ си щхьэкIэ, си IэпкълъэпкъкIэ согъэунэху. Абы махуэ бжыгъэкIэ ишытIащ си бгыр, си плIэIур. ЗыгуэркIэ гужьдэгъэкI къысхуэхъуами, къысщхьэпами, езым и жыIауэ, адэкIэ сэращ псори зэлъытыжар. Прагэ сыщыщыIэм, зауэ уIэгъэщым деж си бгым тегъэчынауэ кIэлъызгъэплъати, абдежи къызжаIат абы и хущхъуэр си закъуэ си IэмыщIэ зэрилъыр. Ар жыпIэ хъунущ дэтхэнэми хуэгъэзауэ…
ДЭБАГЪУЭ Хьэтызэ
Больше на Черкес хэку
Подпишитесь, чтобы получать последние записи по электронной почте.