УФ-м и Къэрал Думэм и IX зэхуэшэсыгъуэм и депутатхэр зымандат е 19-нэ хэхыпIэ округым щыхэхынымкIэ кандидатхэр щыщIэтхэныр яухащ. КъыкIэлъыкIуэ Iуэхугъуэ щхьэхуэу абыхэм я удостоверенэхэр хуагъэфэщащ. Кандидатхэм я дэфтэрхэр яритащ КъэрэшейЧеркесым и Хэхакӏуэ комиссэм и унафэщӏ Абазалиевэ Ларисэ.
Фигу къэдгъэкӏыжынщи, хэхыныгъэм зыкъыщагъэлъэгъуащ: Абазэхэ Ахьмэд («Яблоко»), Акъбащ Заур («Справедливая Россия»), Бахитовэ Фаридэ (Российская партия пенсионеров за социальную справедливость), Бытдаев Кемал (КПРФ), Жантемыр Мурадин (Российская экологическая партия «Зеленые»), Текеев Заур («Коммунисты России»), Узденов Солтан («Единая Россия»), Чайка Александр (ЛДПР) сымэ. «Хэхыныгъэ кампанэм и япэ ӏыхьэр — Федеральнэ спискэхэмрэ кандидатхэмрэ зымандат округхэмкӏэ къэгъэлъэгъуэнымрэ щIэтхэнымрэ зэфӏэкӏауэ къэплъытэ хъунущ. Хэхакӏуэ комиссэ нэхъыщхьэм поли тикэ парт 11-м я федеральнэ спискэхэр хабзэм тету щIитхащ. Хэхыныгъэхэм хэтыну зыкъэзыгъэлъэгъуа дэтхэнэми ӏэмал игъуэтащ хэхыныгъэм ипэ къихуэ зэпеуэныгъэм хыхьэну», — къыхигъэщащ Абазалиевэ Ларисэ. ХэхакIуэ комиссэм и унафэщIым къыхигъэщхьэхукӏащ Къэрэшей-Черкесым и зи №19 зымандат округым политикэ парт зэхуэмыдэхэм къабгъэдэкIа кандидати 8-м зэрызыщIатхар.
«Ди лэжьыгъэр къызэщIэткъуэжу дытепсэлъыхькIэрэ, жысIэфынущ апхуэдиз политикэ парт бжыгъэм зыкъагъэлъэгъуауэ ипэкIэ дызэрыримыхьэлIар. Псори регистрацэм пхыкIащ, зыми и дэфтэрхэмкIэ пылъхьэ хуэтщIакъым. Аращи, республикэм щыпсэухэм къапэщылъщ кандидатийм щыщу зы депутат къыхахыну», — жиӏащ щӏыналъэ Избиркомым и унафэщӏым.
Иджыпсту кандидатхэр хэхыныгъэ кампанэм и къыкӏэлъыкӏуэ ӏыхьэм — агитацэм хуокӏуэ. Мыгувэу эфир зэман пщӏэншэмрэ печать утыкумрэ хъыбарегъащӏэ ӏэмалхэм зэрытрагуашэм теухуа пхъэидзэ екӏуэкӏынущ. Хэхыныгъэм зыкъыщызыгъэлъэгъуа дэтхэнэми зэхуэдэ лъэкIыныгъэ иIэнущ пщIэншэ агитацэр а утыкухэм щригъэкIуэкIыну. Хэгъуэгу Избиркомым и унафэщIыр убгъуауэ къытепсэлъыхьащ «Мобильнэ хэхакӏуэ», «ИнформУИК» Iэмалхэм я лэжьэкIэм, ар хэхакIуэхэм къызэрагъэсэбэпыфынум.
Хэхыныгъэ махуэхэм сыт хуэдэ хэхыпӏэ щӏыпӏэми ӏэ щиӏэтын папщӏэ «Госуслуги» порталыр, МФЦ-р е хэгъуэгу хэхакӏуэ комиссэхэр дэтхэнэ хэхакIуэми къигъэщхьэпэфынущ, хэхыныгъэм къыкIэрымыхуу и пIалъэм хэтыфынущ. Ӏэӏэтыр фокӏадэм и 18-м къыщыщӏэдзауэ и 20 пщӏондэ екӏуэкӏынущ.
АСЛЪЭНЫКЪУЭ Мадинэ
Больше на Черкес хэку
Подпишитесь, чтобы получать последние записи по электронной почте.